Дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа цIыху щэджащэхэмкIэ къулейщ адыгэр. Спортым, гъуазджэм, щIэныгъэм, медицинэм, щэнхабзэм, нэгъуэщI лъэныкъуэхэми епха IэщIагъэ зиIэ куэдым я цIэр щыIуащ щыпсэу щIыналъэхэм, ахэращ зи фIыщIэр адыгэр хамэ къэралхэм фIы и лъэныкъуэкIэ къызэрыщацIыхуар, зыхэс лъэпкъхэм пщIэ къызэрыхуащIыр. Дэнэ къэрал щыхэхэс адыгэхэми хэкурысхэми я щхьэр лъагэу езыгъэIэт цIыхубз цIэрыIуэхэр нэхъ пасэми щыIащ, иджыри щопсэу хамэщIхэм. Апхуэдэхэм ящыщу сэ Тыркум щызэзгъэцIыхуахэм ящыщщ Алтан Гулджанрэ Къущхьэ Севимрэ.
УэрэджыIакIуэ
Тырку Республикэм щыцIэрыIуэ уэрэджыIакIуэ Алтан (Бэгъущэ) Гулджан (Gulcan) и цIэр адыгэбзэкIэ зэбдзэкIмэ, «псэм и розэ» къикIыу аращ. Тыркур унапIэ зыхуэхъуа шапсыгъ унагъуэм къихъуа хъыджэбз цIыкIум апхуэдэ цIэр къыщыхухахым зэфIэкI ямылей къызыкъуихыу, къэзыухъуреихь псоми я псэр розэм хуэдэу зыдэгъагъэ уэрэджыIакIуэ хъуну хэт и гугъэнт?! АрщхьэкIэ, адэ-анэм щIэх дыдэу гу лъатащ Гулджан бгъэдэлъ зэчийм икIи хъыджэбз цIыкIур дэзыхьэх Iуэхур хуагъэдахэри, а лъагъуэм трашащ.
- Сэ зэрысщIэжрэ уэрэд жызоIэ, - къыддогуашэ Гулджан. – Ар къыщежьар ди унагъуэращ. ИтIанэ школым сыкIуа нэужь, абы гуп щхьэхуэ къыщызэрагъэпэщри, сэри сыхагъэхьащ, ауэрэ си закъуэу утыку сыкъихьэу щIэздзащ. Мис а илъэсхэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ балигъ сыхъуа нэужь къыхэсха IэщIагъэм, нобэ сызыпэрыт Iуэхум. Школ нэужьым университетым макъамэм сыщыхуеджащ икIи си студентыгъуэ илъэсхэм япэ ахъшэр къэзлэжьу хуежьащ. СхузэфIэкI мащIэмкIэ арэзы сыхъуныр си хьэлтэкъыми, щIэныгъэ зэзгъэгъуэта нэужь, Истамбыл къэрал консерваториер къэзухащ. Ауэрэ щIэныгъэ лэжьыгъэми сыдихьэхауэ, абыи иужь ситщ.
КъедаIуэ псори зи теплъэ гуакIуэмкIэ, зи макъ жьгъырумкIэ къыдэзыхьэхыф Гулджан къыхиха IэщIагъэм и щэху псори зригъэщIэныр, уэрэд жыIэным и къежьапIэри, абы зэрызиужьари, иджырей Iэмалхэри куууэ иджыным пылъщ. Ар къыщацIыхур Тыркум и закъуэкъым, атIэ Швейцарием, Алыджым, Испанием, нэгъуэщI къэралхэми концерт щитащ, Iэгуауэшхуи щыхуаIэтащ.
Пщащэр къэрал зэхуэмыдэхэм зэрырагъэблагъэм и щхьэусыгъуэр бзэ I2-I3-кIэ уэрэд зэрыжиIэр, макъамэм и унэтIыныгъэщIэу къежьэхэр псынщIэ дыдэу къызэригъэIурыщIэр, махуэ къэс зызыхъуэж зэманым зыдригъэкIуфу утыку зэритыр арагъэнщ. Уэрэдхэр зэригъэзащIэ бзэхэр къызэрыхихым теухуауэ дыщеупщIым пщащэм къыджиIар гъэщIэгъуэнщ, «вагъуэ» псори зэмыгупсыс Iуэхугъуэщ.
- Сэ къыхэсхыр уэрэдхэракъым, атIэ бзэращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, уэрэдым и дахагъракъым сыдэзыхьэхыр, атIэ бзэр зэрыт щытыкIэрщ. Лъэпкъ цIыкIухэм яIурылъ е кIуэдыжу къалъытэ бзэхэмкIэ уэрэд жысIэныр, ар дуней псом щызэбгрезгъэхыныр нэхъ сфIэкъабылщ, - жеIэ Гулджан. - Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дахагъэр бгъэбагъуэ къудей мыхъуу, сэбэпынагъ зыпылъ лэжьыгъи богъэзащIэ. Лъэпкъ гуэрым и бзэр мыкIуэдыжыным апхуэдэ хэлъхьэныгъэ мащIэ хуэсщIмэ, зэрысхузэфIэкIкIэ къэзгъэщIэращIэмэ, ари зыгуэрым пэувынщ, нэгъуэщIхэри си ужь къиувэнкIи хъунщ.
ГъащIэм кууэ кIуэцIрыплъыф, гупсысэ купщIафIэ куэд зи акъылым щызэблэкI пщащэр хамэщI къыщалъхуами, и анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр и кIэм нэсу зыхищIэну Iэмал имыIами, хъыджэбзым адыгэбзэр и псэм хэлъщ. Псом япэ иригъэщри и адыгэ уэрэдхэращ. Абы дискхэр къыдигъэкIащ, адыгэбзэкIэ, абазэбзэкIэ, абхъазыбзэкIэ уэрэдхэр тету. «Адыгэ хэку», «Iэдииху», «Азэмэт», «Си нанэ», «Гум и уэрэд», «Си псэ – си адыгэ», нэгъуэщIхэри зытет а дискыр щызыIэпахыр Тыркум и закъуэкъым, атIэ адыгэ щыпсэу дэнэ къэрали нэсащ, дэтхэнэми и псэм зыдигъэпсэхуу йодаIуэ. Къыхэгъэщыпхъэщ Гулджан тыркубзэкIэ къыдигъэкI дискхэми адыгэ уэрэдхэр зэрыхигъэхьэр, дэнэ концерт щитми и анэдэлъхубзэр зэрыщигъэIур.
- Си анэдэлъхубзэмрэ си адыгагъэмрэ пэсщIын теткъым дуней псом, - къыддогуашэ Гулджан. – Тыркум сыщыпсэуми, си псэр здэщыIэр Хэкужьращ. Абы хузиIэ пыщIэныгъэр згъэбыдэну сызэрыхуейр къызэрызгъэлъагъуэр, хамэщI сызэрыщалъхуамрэ адэжь лъахэм сызэрыпэIэщIэмрэ къызат гухэщIыр зэрызыщхьэщызгъэкIыр си адыгэ уэрэдхэращ. Сыкъыщалъхуа къуажэми, Тыркум щыIэ нэгъуэщI адыгэ жылэхэми щызэхуэсхьэсыжащ уэрэдхэр, абы хэтщ хэкум щаусахэри, хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуахэм ятхахэри, сэ си Iэдакъэ къыщIэкIахэри. Я бжыгъэкIэ къапщтэмэ, уэрэд 40 хуэдиз мэхъу.
ЗэкIэ си насып къихьар Мейкъуапэрэ Абхъазымрэ сыщыхьэщIэнырщ, иджы Налшык сыкIуэну, абы концерт щыстыну си хъуэпсапIэщ, - къыпещэ Гулджан. - Фи фIэщ хъункъым, ауэ «адыгэ» жаIэмэ, си гур къокIэзызыкI. Сызэрыадыгэр гурэ псэкIэ зыхызощIэ. Си гум илъ дахагъэ псори къызыхэсхыр адыгагъэращ. Жыгым лъабжьэ зэриIэм хуэдэу, сэри щIыбагъ сызэриIэм, Адыгэ Хэку зэрыщыIэм къару нэрымылъагъу къысхелъхьэ.
Апхуэдэ псалъэхэр фэрыщIагъым къыхэкIыу зэрыщымытыр иболъагъуэ пщащэм и нэгум, ар гумрэ псэмрэ къабгъэдэкIыу зэрыпсалъэр щIыболъагъуэ нэпс мащIэ къызыщIэува нэхэм. Ауэ адэжь лъахэм хуиIэ апхуэдэ пыщIэныгъэм, езым зэрыжиIауэ, къару къыхелъхьэри, дяпэкIэ и мурадхэм топсэлъыхь. Гулджан Тыркум щыIэ адыгэ къуажэхэм уэрэдыжьхэр щызэхуехьэсыж иджыпсту, апхуэдэуи сабий уэрэдхэр зытет диск щхьэхуэ къыдигъэкIыну егъэхьэзыр. «Сыт хуэдэбзэкIэ диск къыдэзгъэкIми, зы адыгэ уэрэд нэхъ мыхъуми хэтынущ», - къыддогуашэ уэрэджыIакIуэр.
ЗэрыжысIащи, щыIэ лъэпкъ мащIэхэм я анэдэлъхубзэр хъума хъуным зи гуащIэ хэзылъхьэ пщащэм абы теухуа и гупсысэм пещэ:
- Ди адыгэбзэр кIуэдыжынкIэ шынагъуэ щыIэу жаIэ, ауэ ар си фIэщ хъуркъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, лъэпкъым и лъабжьэр къыщежьэ хэкум пэIэщIэу, къэрал зэхуэмыдэхэм икъухьа щыхъуа адыгэхэм илъэси 150-кIэ яхъума, нобэр къыздэсым яIурылъ бзэм кIэух иIэнкIэ хъуну нэгум къысхущIэгъэхьэркъым. Сыт хуэдэ унэтIыныгъэми зегъэужьынымкIэ Iэмал куэд щыIэщ ди лъэхъэнэм, дэри, щIыпIэ куэдым ис адыгэхэр, дызэрыщIэ, дызэкIэлъыкIуэ хъуащ, хэкум нэкIуэжхэм, хьэщIапIэ накIуэхэм я бжыгъэм хэхъуащ. АтIэ иджыри къэс тхъума хъугъуэфIыгъуэр дяпэкIэ щхьэ дгъэкIуэдыжын хуей? Сэ сыпсэуху си къару хэслъхьэнущ ди анэдэлъхубзэр хъумэным, зегъэужьыным. Ар инджылызыбзэм, франджыбзэм бгъурыту дуней псом къыщацIыхуну сыхуейщ.
УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэр Тыркум щыщми, гурэ псэкIэ адыгэ лъэпкъым зэрейм, нэхъыбэу жиIэр тырку уэрэдми, адыгэбзэкIэ зэрыгупсысэм ди гур хигъэхъуащ.
ТхакIуэ
Тыркум щыщ тхакIуэ цIэрыIуэ, ди лъэпкъэгъу пщащэ Къущхьэ Севим адыгэм и цIэр лъагэу иIэту щопсэу Истамбыл. Абы и Iэдакъэ романипщI къыщIэкIащ икIи щIыпIэ куэдым къыщыдагъэкIащ.
Тыркум ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къыдигъэкI «Мазэрэ вагъуэрэ» газетым щылэжьащ. Иджыпсту ухуакIуэ фирмэм инженер-къэпщытакIуэу щыIэщ. Севим нобэкIэ итха романышхуэхэм къищынэмыщIауэ, щэнхабзэм теухуауэ щIыпIэ куэдым къыщыдэкI журналхэм къытрадзащ и IэдакъэщIэкIхэр.
Къущхьэ Севим Къайсэр къалэм епха Узун-Пылар (Псынэ КIыхь) къуажэ цIыкIум къыщыхъуащ. И ныбжьыр илъэситIым иту и унагъуэр Истамбыл Iэпхъуауэ щопсэу. Истамбылщ курыт школри еджапIэ нэхъыщхьэхэри къыщиухар. Япэу зыхуеджар инженер IэщIагъэрами, зэрыцIыкIу лъандэрэ тхакIуэ хъуну и хъуэпсапIэт. Инженеру тIэкIурэ лэжьа нэужь, инджылызыбзэ зригъэщIэн папщIэ Америкэм кIуащ, Джонс Хопкинс и университетым инджылызыбзэр щиджащ, абы щыгъуэм хуэмурэ тхэн щIидзащ.
Ди лъэпкъэгъу пщащэм япэу и Iэдакъэ къыщIэкIар «Узыншэу ущыт, Нисан!» романращ. Абы зи гугъу щищIыр езым и студентыгъуэ илъэсхэрщ: ЩIалэгъуалэм я зэхущытыкIэр, балигъ гъащIэм хэмыбэкъуа ныбжьыщIэхэм я гупсысэкIэр, зэхэтыкIэр, нэгъуэщIхэри. Ар I993 гъэм тхын иухри, I996 гъэм дунейм къытехьащ япэ романыр. ИкIи тырку литературэм нэхъ лъэрыхьу къыщалъытэ тхакIуэ цIэрыIуэхэм а тхыгъэр нэхъыфIхэм зэрыхабжам Севим тригъэгушхуауэ жыпIэ хъунущ.
Абы хуэм-хуэмурэ къыкIэлъыкIуащ адрей романхэри. Псом нэхърэ нэхъ къехъулIауэ куэдым къалъытэр «Жьыбгъэмэ къызыпих шухэр» адыгэ лъэпкъым теухуа романырщ. Севим щыцIыкIум и адэшхуэ Гъузер, и адэ Решат и къуэшхэм жаIэжу зэхихахэрщ и тхыгъэм гупсысэ нэхъыщхьэу къыщыгъэлъэгъуэжар. ИкIи илъэси 150-рэ и пэкIэ екIуэкIа зауаем, ди лъэпкъым и щхьэм кърикIуам, хамэ щIыпIэ зэрырапхъам теухуауэ Тыркум сыт щигъуэтми щIиджыкIщ, дэфтэр, архив куэдым хэплъэри итхын щIидзауэ аращ.
Мы тхылъым уриплъэмэ, зауэ, зэхэуэ, зэрыукI, пщыхэм цIыхуу къамылъытэ пщылI, зэныкъуэкъу - цIыхугум къимыщтэ Iуэхугъуэ куэд хэлъщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къыщыгъэлъэгъуэжа зэманыр ткIийщ, гуащIэщ, пхъашэщ. Къущхьэм и мурадхэм ящыщщ адыгэм я гущабагъыр, хьэщIэр фIыуэ зэралъагъур, ди хабзэм и дахагъыр къыщыгъэлъэгъуа роман итхыну. Тхьэм хущIигъэхьэ.
Адыгэбзэ дахэ Iурылъу, адыгэм къызэрыхэкIар ищIэжу, абы и тхыдэр къыщыгъэлъэгъуа и романхэр къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щызэбгрыкIыу Истамбыл щыпсэу ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэм и зэфIэкIым, и дахагъэм уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым.