Дуней псом и теплъэхэр![]() Налшык и «Искож» хьэблэм, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, щагъэлъагъуэ «Моя планета. Природа. Люди. Путешествия» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и «Моя планета» телеканалым. Сурэтхэм къыщыгъэлъэгъуащ дунейм и щIыпIэ нэхъ дахэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым щытрахари къызэщIаубыдэу. Абы хагъэхьащ дуней псом щытраха, зэпеуэм нэхъыфIу къыщалъыта сурэт нэхъыфI 25-рэ. ЩIыпIэ дахэхэмрэ мэзхэм щIэс псэущхьэхэмрэ къадэкIуэу, сурэтхэм щыдолъагъу лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ хабзэ дахэхэмрэ. Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа, ди щIыналъэр къызэрыщ сурэтхэм ящыщщ Кармаевэ Евгение и «Iуащхьэмахуэ», Шатровэ Ольгэ и «Джилы-Су» лэжьыгъэхэр. Выставкэр къызэзыгъэпэщахэм фрагъэблагъэ дунейм и щIыпIэ нэхъ дахэу къалъытэхэм зэпэIэщIэу зыщыфплъыхьыну. Апхуэдэщ пщэдджыжь дыгъэр зытепсэ Куэнгэ псыежэхыр, Ингушетием и бгы уардэхэр, Камчаткэм щыпсэу лъэпкъхэм я къафэхэр, Алчак щIыпIэм и дыгъэ къухьэжыгъуэр, вымпIухэм я гъащIэр, нэгъуэщIхэр къыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэхэр. Центрым и унафэщI Жаным Саидэ къыхигъэщащ Налшык къалэм щыпсэухэмрэ ди хьэщIэхэмрэ я дежкIэ мы гъэлъэгъуэныгъэр мыхьэнэ зиIэ щэнхабзэ Iуэху дахэу зэрыщытыр. «Моя планета» телеканалым абы фIыщIэ хуищIащ дуней псом, ди щIыналъэм я щIыпIэ дахэхэр щызэхуэхьэса мы сурэтхэр республикэм исхэмрэ ди хьэщIэхэмрэ тыгъэ къазэрыхуищIам папщIэ. «Моя планета» телеканалым балигъхэми ныбжьыщIэхэми яхуэгъэзауэ егъэхьэзыр дыкъэзыухъуреихь дунейм, хьэршым, тхыдэм я щэхухэм, дунейм тет лъэпкъхэм, щIыналъэхэм ятеухуа нэтын щхьэпэхэр. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщахэм къыхагъэщащ зэпеуэщIэ шыщхьэуIум и кIэхэм зэрырагъэкIуэкIынур икIи абы сурэттех Iэзэхэри а Iуэхум дихьэххэри я зэфIэкI щеплъыж зэрыхъунур. Зэхьэзэхуэм теухуа хъыбархэм зыщыхэвгъэгъуэзэфынущ «Моя планета» телеканалым и сайтымрэ Интернет сайтхэм щиIэ напэкIуэцIхэмрэ. «Моя планета» телеканалым и редактор нэхъыщхьэ Лобашев Роман выставкэм зыкърезыгъэхьэлIахэм захуегъазэ гъэлъэгъуэныгъэр къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрри хыхьэу, зэрыщагъэлъагъуэм гукъыдэж къызэрыритым теухуа тхыгъэкIэ. - Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысейм и щIыналъэ нэхъ дахэхэм ящыщщ икIи абы щыпсэу лъэпкъхэм хьэщIэ фIыуэ ялъагъу, пщIэ хуащI. Иджырей ди выставкэм щыдогъэлъагъуэ ди лэжьакIуэхэм псом хуэмыдэу щIыуэпсыр щыкъулей Iуащхьэмахуэ уардэмрэ гур зыхьэху Джилы-Сурэ мы гъэм щытраха сурэт щIэщыгъуэхэр, - жиIащ Лобашев Роман. – Ди выставкэр нэгъуэщIхэм къазэрыщхьэщыкIыр щIыуэпсыр, цIыхухэр, хабзэхэр хэдухуанэурэ дуней псом и теплъэр къызэрыдгъэлъагъуэрщ. Гъэлъэгъуэныгъэр шыщхьэуIум и 3-м щыщIэдзауэ жэпуэгъуэм и 3 пщIондэ Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым щекIуэкIынущ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
10.09.2026 - 15:48 →
ГъащIэм и гъуэгугъэлъагъуэ
09.09.2026 - 15:36 →
Уэрэдхэр – анэдэлъхубзэкIэ
09.09.2026 - 15:28 →
Анэдэлъхубзэхэм я махуэшхуэр ягъэлъапIэ
09.09.2026 - 12:18 →
ДжэбрэIил хахуэм и фэеплъ уэрэд
08.09.2026 - 14:33 →
Кинохэм я жэщ
| ||





