Къэзанокъуэ Жэбагъы (1686 - 1750) адыгэ лъэпкъым къыхэкIа цIыху щэджащэу, узэщIакIуэу, хэкулIу, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэу щытащ. И сабиигъуэр щыкIуар Бахъсэн псым и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ Сэхубг лъапэ теса, ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм щыщ Хьэмгъурокъуей хьэблэрщ.
ЗэрыжаIэмкIэ, Къэзанокъуэр Кърымым щеджащ, Тыркум, хьэрып хэкухэм щыIащ, Къэбэрдейм и пщы уэлий Къетыкъуэ Аслъэнбэч и чэнджэщэгъуу щытащ. ЯпэкIэ жыжьэ плъэфырт Къэзанокъуэр, дипломат Iэзэт, адыгэхэр Урысейм быдэу пыщIэным и телъхьэт. 1722 гъэм и дыгъэгъазэм Къэзанокъуэр Къетыкъуэ Аслъэнбэч щIыгъуу Астрахань Петр I щыхуэзащ икIи адыгэхэм я IуэхухэмкIэ щызэпсэлъащ.
XVIII лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм Тыркум, Кърымым къикIа лIыкIуэхэр Къетыкъуэм къеупщIащ адыгэхэм урысхэм я лъэныкъуэ защIыну щIыхэтымкIэ. Пщыр Жэбагъы къечэнджэщащ. Адыгэхэм я Iуэху еплъыкIэр зригъэщIа нэужь, Къэзанокъуэм жиIащ: «… сызэупщIа псоми зы жэуапщ къызатыжар: «Сыт дэ благъэ жыжьэ къыщIэтлъыхъуэнур, ди гъунэгъуу псэу къуэш жумартыр икIи лъэщыр къэдгъанэу…»
Акъылышхуэ зэриIэм, лъэпкъым и хабзэхэр, ар зыщIэхъуэпсыр фIыуэ зэрищIэм и щыхьэтт абы цIыхубэр мамыру, я кум ныбжьэгъугъэ быдэ дэлъу зэдэпсэуным къыхуриджэу зэрыщытар.
Къэзанокъуэм къызэринэкIащ хъыбар, псалъэ шэрыуэ куэд. Ноби ахэр къогъуэгурыкIуэ «Жэбэгъы жиIат» жаIэу. Абы и псэлъафэхэщ: «Бэм жаIэр пэжщ», «Губзыгъэу ущытыну ухуеймэ, чэнджащэ», «Бийм уи щIыб хуумыгъазэ», «Зэманым декIур лIыфIщ» нэгъуэщIхэри. Iуащхьэмахуэ лъапэ кIуэ къэрал гъуэгум и гъунэгъуу, Зеикъуэ къуажапщэм щагъэуващ Къэзанокъуэ Жэбагъы и фэеплъ дахэ, и гупэр цIыху телъыджэр щыпсэуа щIыпIэм хуэгъэзауэ.
БжьыхьэлIокъуэ Лиуан, зэраIуэтэжымкIэ, тхьэгурымагъуэу, къэхъуну-къэщIэнухэр ищIэу щытащ. Ауэ абы тхыгъэ гуэри къыщIэнакъым, дэфтэр иригъэтхауэ жыхуаIэри лъэужьыншэу кIуэдащ.
ЗэрыхуэдгъэфащэмкIэ, ар щыпсэуар XVII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэрщ.
Лиуан зыпхигъэIукIырт мыпхуэдэ псалъэхэр: «Дунейм и къутэжыгъуэм хьэмрэ джэдумрэ зэдэджэгуу плъагъунущ, зы анэм къилъхуа зэкъуэшитIыр зэзэуэжынущ», «Бахъсэни Шэджэм псыхъуи дэлъ мывэхэр, пшахъуэхэр къыдашурэ унэ ящIынущ», «Выи шыи щIэмыщIауэ, шэрхъиплI щIэту, езыр-езыру къэзыжыхь гу къежьэнущ», «Бгъэм хуэдэу лъатэу цIыхухэм гу ящIынущ», «Хьэрэкхъуэрэ кIэрылъ мывэхэр хьэлыуэ IупщIэм хуэдэу зэпаупщIу къэхъунущ зэман» нэгъуэщIхэри.
Лиуан и псалъэхэм щIагъыбзэ ящIэлъщ. Абы и щхьэусыгъуэр къэкIуэнур щхьэтечу, IупщI дыдэу а зэманым жыпIэ зэрымыхъурт. Псалъэм папщIэ, Лиуан жиIэгъащ: «Лъахъстэн вакъэмрэ гуэншэрыкъымрэ зэзэуэнущ». Лиуан жиIэгъащ: «Ищхъэрэ лъэныкъуэм и тафэ щIыпIэхэм къикIынурэ Къэбэрдейм зы лъэпкъ къэкIуэнущ». Хьэуазэм ещхьу и щхьэцыр сырыхуфэу, накъэу, я нэхэр уафэр щыкъабзэм ещхьу щытынущ… Урысхэр ди гъусэу ди щIыгум щыпсэунущ, ди фызхэм кхъузанэ хьэху зэIахынущ. Фымыбгынэ ди щIыр, Бахъсэн псыхъуэ, урысхэр…»
Джэтауэ Уэлий Былымгъуэт и къуэр (1872 - 1923) лIыгъэшхуэ зыхэлъа, фIэлIыкI зиIэ цIыху ахъырзэману дунейм тетащ. 1904 гъэм щIэлъэIури, ар Урыс-Япон зауэм кIуащ, Къэбэрдей шууищэм яхэту, шыщхьэмыгъазэуи бийм пэщIэтащ. Дыгъэгъазэм и 12-м 1904 гъэм уIэгъэ хьэлъэ хъуа Елдар Мухьэмэт зэуапIэм къызэрыIуихам папщIэ Джэтауэм къратащ зауэ орденым 4-нэ нагъыщэ зиIэ и дамыгъэр. Абы и ужькIэ къигъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэм папщIэ аргуэру Уэлий къыхуагъэфэщащ милицэм и юнкер цIэр. Бадзэуэгъуэм и 2-м 1911 гъэм Налшык реальнэ училищэм и лъабжьэр щагъэтIылъым щыгъуэ екIуэкIа гуфIэгъуэ зэIущIэм кърагъэблэгъауэ щытащ Георгий дамыгъэхэр зэрахьэу цIыхуиплI, щIыхь бэракъым бгъэдэтыну. Абыхэм яхэтащ юнкер дамыгъэхэр къызытецIуукI, сэшхуэ пцIанэр зыIэщIэлъ Джэтауэри.
1914 гъэм и шыщхьэуIум Джэтауэ Уэлий Къэбэрдей полкым хэту Япэ дунейпсо зауэм кIуащ.
Уэлий и къуэ лейтенант нэхъыщIэ Зариф 1944 гъэм Хэку зауэшхуэм лIыгъэ къыщигъэлъагъуэу хэкIуэдащ.