Щхьэхуэныгъэхэр къыхегъэщ

Лъэпкъ литературэм поэмэ жанрым увыпIэ щхьэхуэ щеубыд. Апхуэдэ тхыгъэ хъарзынэхэр ди тхакIуэ-усакIуэ куэдым я къалэмыпэм къыщIэкIащ, абыхэм цIыхубэр, жылагъуэр зыгъэгумэщI Iуэхухэр къыщаIэту. Филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къэжэр Иннэ «Лъэпкъ балладэмрэ поэмэмрэ яIэ щхьэхуэныгъэхэр» и лэжьыгъэм а жанрым ит тхыгъэ зыбжанэ щызэпкърихащ. Абыхэм ящыщщ Къуэдзокъуэ Хьэсэнрэ Бемырзэ Мухьэдинрэ я IэдакъэщIэкIхэр.

 

Тхыдэ къэхъугъэхэм зыщыхуагъазэм деж, усакIуэхэр нэхъыбэу зэлIалIэр блэкIа зэман жыжьэм гъащIэм и пэжыр къыщылъыхъуэнырщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, апхуэдэхэм деж, языныкъуэ усакIуэхэм диалогым и зэфIэкIыр къызэрагъэсэбэпыр. А Iэмалыр дахэу къызэригъэIурыщIам и щапхъэу къэпхь хъунущ Къуэдзокъуэ Хьэсэн и «УIэгъэ мыкIыж» поэмэр. ТхакIуэ, журналист цIэрыIуэр илъэс куэдкIэ зэлэжьа поэмэр 1995 гъэм тхылъ щхьэхуэу дунейм къытехьащ.

Поэмэр упщIэрэ жэуапу зэхэлъщ. УпщIэхэр къызыбгъэдэкI лIыхъужьыр зи ныбжьыр «лIэщIыгъуэ плIанэ мыхъупа щIалэщ». Абы дежкIэ лъапIэ Iуэхугъуэхэр къыхэзыгъэщхьэхукIыр и псалъэхэм тегъэщIапIэ яхуищI усэ пычыгъуэхэращ. Ауэ тхыдэм теухуа упщIэхэми, абыхэм пэкIуэ жэуапхэми щIэ гуэр къыхэувэу пхужыIэнукъым, мыбдежым гу нэхъ зылъозыгъатэр «УIэгъэ мыкIыжым» балладэм и щэнхэр зэрызыщIишэ щIыкIэращ. Япэрауэ, балладэр адрей жанрхэм къахэзыгъэщхьэхукI плъыфэхэр Къуэдзокъуэ Хьэсэн зытепсэлъыхь къэхъукъащIэхэми фащэ яхуэхъуауэ жыпIэ хъунущ:

         КIэртIоф уэздыгъэр тенэцIыхьыпащи,

         Бзиипэ фагъуэр бауэм докIэзыз.

         Борэн уэсытхъур щIыбым щыетащи,

         Бжэм къоныкъуэкъу.

         Мэшхыдэ. Зэм мэгыз.

         Iэзэвлъэзэвщ пэш цIыкIури, щIалэ закъуэм

         БлынитIым я кур лъэбакъуитI хуэмыхъу.

 Япэ сатырхэм къыщегъэжьауэ поэмэм къыхохьэ балладэм куэдрэ къигъэсэбэп ухуэкIэр: жэщ кIыфIым къиухъуреихь, щIыIэ зыхуэлъэ псэупIэ Iэзэвлъэзэв, щытыкIэ гукъыдэжыншэм къыкIэлъыкIуэ лIыхъужь гъуэзэджэ:

         Абдеж жьакIэху тхьэмадэр, тхыдэр и фэу,

         КъыхокIри жэщым, щIалэм къыхуопсых.

         КъыщIыхьа лIыжьым нурыр къыщхьэщехри,

         Унэ Iэслъэсыр занщIэу къохъур нэху.

ЩIалэм и псэлъэгъур «нэгъуэщI дунейм къикIа лIыкIуэ» жыхуаIэм хуэдэщ: ар ныбжьыщIэм и псэм телъ хьэзабыр щхьэщихыну къыхуокIуэ, къыщхьэщих нурымкIэ псэупIэр къегъэнэху, тэлайкIэ кIыфIыгъэм хопшахъуэри, телъыджэу и макъыр къыщIенэ.

ЩIалэр, зэрыжытIащи, зи псэр захуагъэм хуэпабгъэ цIыхущ. НэхукIэ зэджэ лIыхъужьыр зэхэгъэж зымыщI, пэжыр къэзытIэщI къарущ. Къапщтэмэ, мыбдеж лъэпкъым къыдекIуэкI мыгъуагъэхэу Нэху къыщрибжэкIхэр тхыдэм теухуа дэтхэнэ поэмэми къыщыпхуэгъуэтынущ. Ауэ Къуэдзокъуэм и IэдакъэщIэкIыр абыхэм къащхьэщызыгъэкIыр а мыгъуагъэхэр нэгъуэщI дунейм къикIам къызэриIуатэрщ. Зыбжанэ щапхъэу къэтхьынщ: «Зыр бгым щыхуам адрейм и махуэт… / Зэманым арикI и гуэныхь?»; «Зэшхэм щхьэхуэу загуэшамэ, / Лъэпкъым мыгъуэр и дунейщ»; «Абы ищIыIукIи ди лъэпкъ хьэл мыгъуэу / Фыгъуэн-ижэнри Iуэхум хыхьат»; «…фи лъэпкъ хахуэр / Гъуэгу пхэнж тезышэ фи куэдащ», нэгъуэщIхэри.

Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэр и тегъэщIапIэу адыгэ тхыдэр зэпэщIэтыныгъэ мыухыжкIэ, зэгурымыIуэныгъэкIэ, фыгъуэижыгъэкIэ, пагагъкIэ гъэнщIауэ усакIуэм ди нэгу къыщIегъэувэ. Гу зылъыуагъатэ Къуэдзокъуэм мыбдеж къыщигъэсэбэп зэтемыхуэныгъэми – лIыжьым и цIэ «нэхумрэ» абы къигъэнаIуэ Iуэхугъуэ мыхъумыщIэхэмрэ. Ауэ «нур къызыщхьэщих» лIыжьым и образми, и цIэм и мыхьэнэми усакIуэм къиIуатэ гупсысэхэм я пэжагъыр щIагъэбыдэ къудейщ. Ар апхуэдэу щIэхъум и щхьэусыгъуэри гурыIуэгъуэщ – жьыгъэм и теплъэр, гъащIэ кIыхь къэзыгъэщIам и псалъэхэр лъэпкъым егъэлеяуэ пщIэ зыхуищIхэм ящыщ зыщ. Адыгэ литературэми апхуэдэ Iуэху еплъыкIэр, гупсысэкIэр, дауи, зыщIишащ икIи абы зригъэужь зэпытурэ йокIуэкI. Нэху зи гугъу къытхуищI мыхъумыщIагъэ къомым, езы цIыхум и «IэрыкIхэр» мыпхуэдэу къытхуеIуатэ:

         – Сэ си щэхур цIыхурщ щэху зыщIыжыр,

         Сэ сывигъэпщкIупIэу аркъудейщ.

         ФIыми Iейми фэ влэжьар сотхыжыр,

         Ар фэращ – сэракъым псори зейр.

«Тхыдэ жьакIэхум», блэкIам дыхигъаплъэурэ, иджырей зэманым щыпсэухэр зригъэплъыжу аращ. Ауэ, а лIыхъужьым тхыдэм и макъыр игъэIуми, зэрыжытIащи, ар нэгъуэщI дунейм къикIа лIыкIуэщ, кIыфIыгъэм къыхэувыкIа нэкъыфIэщIщ.

 Захуагъэр зэфIэгъэувэжыным ехьэлIа гупсысэхэмкIэ гъэнщIащ Бемырзэ Мухьэдин «Ди лъэпкъ пщы-уэркъхэм я фэеплъу» (2000–2001) и поэмэр. УсакIуэм и хъэтIыр къэцIыхугъуафIэщ – ар нехьэкI-къехьэкI зыхэмылъ гупсысэхэр и тхыгъэм зэрыщытепщэрщ, – и бзэм щIэрэщIагъэ лей зэрыхимылъхьэрщ. Бемырзэ Мухьэдин и лIыхъужьыр цIыху къызэрыгуэкIхэм къахигъэщхьэхукIыркъым, поэзием и гъуазэ лъагапIэхэми задригъэхьэхыщэркъым. И усэхэм нэхъыбэу къыхэIукIыр гъащIэр фIыуэ къызыгурыIуэ псэлъэгъум и макъырщ. Зи гугъу тщIы поэмэри апхуэдэщ. КъиIэта Iуэхум  нэхъапэIуэкIэ фIыуэ зэрызыщимыгъэгъуэзам щхьэкIэ, лирическэ лIыхъужьым и щхьэм мыгъуагъэ хуещIыж. Пщыхэмрэ уэркъхэмрэ ялъимыгъэса гулъытэр абы зэрызыхищIэр езым и щхьэкIэ къылъыса гуауэ гуэрущ:

         Пщы-уэркъхэ, флъэкIмэ, кхъыIэ, къысхуэвгъэгъу

         Иджыри къэс фи гугъу зэрызмыщIар.

 Образ нэхъыщхьэм тхыгъэм зэрызыщиузэщIыр зэхэбгъэкIыну ухуежьэмэ, «идеализацэкIэ» зэджэ гупсысэмрэ пхэнжагъыр зымыдэ Iуэху еплъыкIэмрэ я зэпэщIэтыныгъэм ар къыхэхъукIыу плъагъунущ. Пщыхэмрэ уэркъхэмрэ псом япэу поэмэм къызэрыхэгъэщхьэхукIар хахуагъэ зэрахьэущ:

         Ди лъэпкъ пщы-уэркъхэу, зи фэеплъхэр нэху,

         Фи щапхъэрщ къыщIыхьэжыр сэ си нэгу.

         Фэ лъэпкъым фыдинапэт, фыдищIыхьт,

         ИкIи сыт хуэдэ бий къытлъыреIэс,

         Фэрт япэу Лъахэм хуэхъур щхьэузыхь,

         Биишэм зыхуэзыщIыр шапэIудз.

УсакIуэми и гур етауэ уэркъ хабзэм, фащэм, къафэм, хахуагъэм, бзылъхугъэ нэмысыфIэхэм я гугъу поэмэм щещI. Ахэр IуэрыIуатэм, нэгъуэщI лъэпкъхэм я лIыкIуэхэм, тхыдэ дэфтэрхэм къаIуэтэжхэмкIэ щIэгъэбыдэжащ. Ауэ псом я щхьэжу къэувыр езы усакIуэм и къыщыхъукIэрщ. Тхыдэ гъуэгуанэм ириплъэжурэ Бемырзэм дигу къегъэкIыж нобэ гулъытэ лей зыхуэфащэ Iуэхугъуэр – адыгэр зэрыпагэ икIи зэрыгушхуэ и щэнхабзэм и лъабжьэу уэркъ хабзэр зэрыщытыр.

Апхуэдэу Бемырзэ Мухьэдин ди нэгу къыщIигъэувэ теплъэгъуэ дахэхэм ябгъурыту тхыгъэм кIуэцIрокI мыхъумыщIагъэхэри. ЛIакъуэлIэшхэм я ижэгъухэр пщылIыпсэхэрауэ къегъэлъагъуэ усакIуэм: «ПщылIыпсэр ену пщылIщ, ухуейм зылIэж, – / Пщы ящIми – зэрыпщылIурэ мэлIэж». Апхуэдэ «гурыгъэIуэныгъэм» иужькIэщ къэрэхьэлъкъым и гугъу щIын щыщIидзэр. Мыбдежым къыщыхэгъэщын хуейщ пщылIхэм ядилъагъу фIагъхэр усакIуэм къызэриIуатэр социализмэм и идеологием епхауэ зэрыщытыр. Абы тепщIыхьмэ, уардагъэри, бэшэчагъэри, цIыхугъэри пщылIхэм я щхьэхуэныгъэу къыщIедзыж.

ЦIыхубэм къылъыс гузэвэгъуэ нэхъ хьэлъэр зэлъэпкъэгъухэр зэрыукIыжынырщ. Аращ поэмэм гупсысэ нэхъыщхьэу пхырыкIыр. Тхыгъэм зиубгъуху, Бемырзэм къитIэщIыж пэжыр нэхъ ткIий хъууэрэ макIуэ, лъэныкъуэ куэдкIэ блэкIам ухигъэплъэжу. УсакIуэм и гупсысэхэм зэрызахъуэжми гу лъытапхъэщ. Ар ехьэлIащ пщылIхэм къахэкI цIыху хахуэхэр пщы-уэркъхэм палъыту зэрыщытам щытетхыхь теплъэгъуэхэм («ФIащыжырт ахэм уэркъ е лъхукъуэщо»). Апхуэдэ дыдэу лIакъуэлIэшхэм я теплъэ хэIэтыкIар нэхъ лъахъшэ мэхъу, абыхэм къыхэкIа цIыху залымхэм я гугъу щищIыжкIэ. КIуэ пэтми усакIуэм и макъыр нэхъ пхъашэу къоIу, поэмэм къиIуатэ гупсысэхэм нэщхъеягъэр къахыхьэурэ заубгъу. Абы къыдэкIуэу усэбзэр щIэрэщIагъымрэ щIагъыбзэмрэ бгъэдокIуэт икIи хьэл мыхъумыщIэхэр къэзыгъэлъагъуэ сурэтым хуокIуэж:

Адэжь щIэину тхэлъщ дэ зы хьэл мыгъуэ

  – Дэ ди лъэпкъэгъу дгъэпашэу демыса,

Тщымыщ лъэпкъ хамэм къыхэкIахэр мыхъумэ.

Бемырзэм и тхыгъэ куэдым щызэпэщIегъэувэ нобэмрэ дыгъуасэмрэ. Псалъэмакъым и щхьэусыгъуэр блэкIам щыпсэуа цIыхум и хьэтыркIэщ жыпIэкIи, ущыуэнукъым («Си япэкIэ мы псыхъуэм дэса цIыху / Сэ уи цIи узыщыщи сымыцIыху…»). УсакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм зэман блэкIам сытым дежи пщIэ лей къызэрыщылъысыр, иджырей псэукIэр, цIыху зэхэтыкIэр абы зэрылъэщIэмыхьэр наIуэ щохъу. ЗэрыжытIащи, усакIуэм зызыхуигъазэр и пэкIэ дунейм тета цIыхуращ, ауэ ар зыгъэпIейтейр блэкIам и закъуэкъым – ухыгъэми йогупсыс. Ухыгъэм плъыфэ куэд зэриIэм дригъэгупсысыну иужь йохьэ ар, Къэзанокъуэ Жэбагъы и псалъэхэмкIэ щыхьэт иритехъуэжу: «ЩIы щIагъым лIаи псэуи щIэлъщ».

Безрыкъуэ Данэ.

        

 

Поделиться: