Щикъухьащ адыгэр дунеижьым
Бацэжь Мухьэмэд-Хъер и «Адыгэ тхыдэм и энциклопедием» щыщ пычыгъуэхэр
ТЫРКУ сулътIан Сэлим Езанэм (Шынагъуэм) 1517 гъэм Каир къищтэу адыгэ мамлюкхэм (бурджитхэм) я иужьрей пащтыхьыр щхьэпылъэ ищIа нэужь, Египетым и унафэр тыркухэм къахуэнащ. Бурджит къэралыгъуэм и унафэщIу щыта адыгэхэр, псом хуэмыдэу нэхъ ткIийуэ тыркухэм япэщIэтахэр, Сэлим Езанэм игъэкIуэдат. Ауэ тыркухэм я унафэр игъэбыда нэужь, адыгэхэм дахэ закъыхуищIыжри, я тхьэмадэхэр зришэлIэжу щIидзащ. Арати, Мысырыр Iыхьэ 24-уэ игуэшри, вилайет къэс зы адыгэ тхьэмадэ игъэуващ. ИкIи, къэралым и зэхэлъыкIэу щытынум тещIыхьауэ, абыхэм щыIэну къулыкъухэр къигъэнэхуащ:
Лъахэм и шейхъ - премьер-министрым ещхьт.
Кихъия - Тырку уэлийм и къуэдзэт.
Дэфтэрдар - ахъшэ Iуэхухэр зэригъакIуэрт.
Рузнамджи - налог Iуэхухэмрэ щIы Iуэхухэмрэ я унафэщIт.
ХьэжыщI кIуэхэм я амир. ХьэжыщIхэм я Iуэхур зэрагъэзахуэрт, Мэчэм нэсыху яхъумэрт, къашэжырт.
Хъазындар - налог ахъшэр илъэсым зэ Истамбыл ишэрт.
Къэбуданхэр (капитанхэр) - хы Iуфэм Iут къалэхэм я унафэщIт.
Къэтэхъуа - кхъухьхэмрэ кхъухь тедзапIэхэмрэ я унафэщIт.
Мыхэр зыгъэувыр тырку сулътIан дыдэрат. Адрей къулыкъущIэхэр тырку уэлийуэ Мысырым щыIэм игъэувырт.
Тыркум игъэува мысыр уэлийм Лъахэм и шейхъым унафэ хуищIырт икIи унафэр зэригъэзащIэм кIэлъыплъырт. И нэхъыбитIым уэлийр адыгэт, ауэ абы тыркудзэхэм я унафэщIу Мысырым щыIэхэр къыкIэлъыплъырт. Апхуэдэ тыркудзэхэр хыуэ зэщхьэщидзырт, «уджакъ» цIэр зэрахьэу.
ЗэмылIэужьыгъуэхэр. Шу 1000 - 2000 хуэдиз хъухэрт, уэлийм и хъумакIуэхэри хэту.
Хьэзэбхэр - лъэс зэуакIуэхэт, зауэлI 3000 - 4000 хуэдиз хъууэ.
Исбахьиехэр - шуудзэт, 3000 хуэдиз хъууэ.
Шаушиехэр - лъэс зауэлIхэт, 1000-м нэблагъэу.
Инкишариехэр - я хэщIапIэр Каир быдапIэрт, я унафэщIым тетыгъуэшхуэ иIэт, уэлийм и унафэм щIэттэкъым.
Шэрджэ уджакъ. Сулейман Ал-Къануний и зэманым зэхашауэ, зи унафэщIхэри зауэлIхэри адыгэ защIэ шу гупт.
Мы гупихым я унафэщIхэр зэIущIэрти, арат чэнджэщэгъухэм я мэджлис (парламент) хъужыр, мыхэр тхьэмахуэм тIэу зэхуэсырт. Абыхэм емыупщIу уэлийм унафэ ищIыфынутэкъым, абыхэм я унафэрат къэрал унафэ хъужыр.
Тырку уэлийм къыкIэлъыкIуэу Мысырым иIа унафэщIхэм адыгэ куэд яхэтащ. Нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщт Синам-пэщэр, Шэрджэс Искандер-пэщэр. Синам-пэщэм Йеменыр къищтауэ щытащ. Искандер-пэщэр гущIэгъушхуэ зыхэлъ цIыхути, зыхузэфIэмыкIхэм налог къаIихыртэкъым, щIэныгъэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ пщIэшхуэ яхуищIырт, еджакIуэхэм ядэIэпыкъурт. ИкIи щытыкIэр дахэу зэтриIыгъэу, къэралыр зыхуей хуигъазэу, лъахэм теплъэ екIу иIэу зэрихьащ. Лэжьыгъэ нэхъыщхьэу зэфIигъэкIахэм ящыщщ Александрие кIэнауэр щIэрыщIэу къызэрыригъэтIыжар. Апхуэдэу абы мэжджытхэр игъэщIэрэщIэжащ, еджапIэщIэ, хьэмэм зыбжанэ къызэIуихащ. Каир къалэм, Булакъ деж уэрамыщIэ, сату щIапIэхэр щищIащ. Абы иригъэухуа мэжджытым нобэр къыздэсым «Шэрджэс мэжджыт» цIэр зэрехьэ.
Мысырым щыщ адыгэ тхыдэтх Рушдий Расым зэрыжиIэмкIэ, тырку сулътIан Сэлим ЕтIуанэм зэтригъэува къэрал гъэпсыкIэм куэд ихьакъым. Тыркудзэ къудамэхэм я тхьэмадэхэм зэрышхыжу щыщIадзэм, ар адыгэ пэщэхэм къагъэсэбэпщ, хуэмурэ унафэр зыIэщIалъхьэжри, тырку уэлийм Iэ щIэдзын фIэкIа нэгъуэщI унафэ имыщIыжу, къэ-ралыр зэрахьэу утыкур яубыдыжащ.
XVII лIэщIыгъуэм и зэхуэдитIхэм щегъэжьауэ, Лъахэм и шейхъым къыхуэнат Мысырым и унафэ псори. Абы щыхуейм деж тырку уэлийр тригъэкIыф хъуат, гугъу демыхьу. Хьэрып щIэныгъэлI Зидан Джирджий зэритхыжымкIэ, Лъахэм и шейхъымрэ абы и дамэщIэтхэмрэ я гур тырку пэщэм ебгъэмэ, зэIущIэшхуэ ящIырти, унафэ къащтэрт. А унафэр тхауэ Iутэпашийм (пощтзехьэм) иратырт, пэщэм хуихьыну. Тхылъыр иIыгъыу, шыдым тесу ар пэщэм деж кIуэрт (хабзэм хуит ищIыртэкъым шы е къыдыр тетIысхьэну). Пощтзехьэр быдапIэм зэрыдыхьэу пэщэм и деж щIыхьэрти, лъэгуажьэмыщхьэу щысу щхьэщэ хуищIырт. Ауэ къызэрызэфIэувэжу зытеса алэрыбгъур занщIэу къызэщIикъуэрти, и макъым къызэрихьу кIийрт: «Пэщэ, къех!» Абдежым щыщIэдзауэ пэщэм и къулыкъур фIэкIуэдырти, къыхуащIыр и унафэу къанэрт. Апхуэдэу къулыкъур зыфIэкIуэда пэщэр, сыхьэт 24-рэ нэхъыбэ быдапIэм дэмысыжу къыдэкIырти, Булакъ кIуэрт, Истамбыл къикIыну унафэм пэплъэу. Тырку сулътIаным адыгэ тхьэмадэхэм ящIа унафэр зэи икъутэртэкъым, ахэр зэрылъэщыр ищIэрти, къимыгъэгубжьмэ нэхъ къищтэрт.
Шэрджэс бэчхэр тырку лъэхъэнэм
(1517 - 1811 гъэхэм)
АДЫГЭПЩХЭМ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Iэмирхэм, «бэч» цIэр зэрахьэу щытащ. Абыхэм къалэн пыухыкIахэр ягъэзащIэрт: шынагъуэншагъэр щIыпIэм щыхъумэныр; зэфIэнэхэр, зэрызэгурымыIуэ Iуэхухэр зэфIэхыныр; налог псори къыхэхыныр.
А къалэнхэр ягъэзэщIэфын папщIэ, бэч къэс къуэдзэхэр яIэт, ахэр куейхэм, къуажэхэм ягъакIуэрт - налогхэр къыхахын, шынагъуэншагъэр яхъумэн папщIэ, дзэм щыщхэри я гъусэу. Налогхэр зэхуэмыдэхэу, Iыхьищу зэщхьэщыкIырт.
ЩIыгухэм ятелъ налогыр зыхуэкIуэр тырку сулътIанырат.
ЕтIуанэ налогыр зыхуэкIуэр адыгэ бэчхэрат. Ар я унафэм щIэт районыр зегъэкIуэным, шынагъуэншагъэр хъумэным, дзэм щыщу ящIыгъухэм улахуэ етыным трагъэкIуэдэн хуейт.
Ещанэ налогыр зыхуэгъэзар тырку уэлийрт. Ар къызыхэкIыр «таможнэ» пэлъытэу кхъухь тедзапIэхэм щыхахырт. Абы щыщу тырку пэщэм итын хуейт и унафэм щIэт дзэлIхэм я улахуэхэри.
Налогхэр къыхэзыхыу щыта адыгэ бэчхэм леишхуэ зэрахьауэ зытхыжахэр щыIэщ. Ауэ ар къызыхэкIар Сэлим Езанэм иубзыхуауэ щыта къэрал хабзэхэращ. Абыхэм япкъ иткIэ, Мысырым и щIыгу псори сулътIаным ейуэ къалъытэ хъуат. Арати, мэкъумэшыщIэхэр я щIыгухэм хуитыжтэкъым, ящэфынутэкъым икIи ятыфынутэкъым - бэджэнду яIыгъыу арат хабзэм къызэрилъытэр. МэкъумэшыщIэр лIэмэ, щIыр къэралым къищтэжырти, къыщIэнахэм къагъэсэбэпыжыфыртэкъым, тырку уэлийм ахъшэ ирату хуит къимыщIамэ.
Налог къыхэхынми езым и хабзэ гуэрхэр иIэжт. А Iуэхур адыгэ бэчым е и къуэдзэм имыгъэзащIэу, нэгъуэщI гуэрхэм я пщэ далъхьэрт, къыхахым щыщу процент гуэр къаIэрыхьэу. Апхуэдэ Iуэхур къалъысын папщIэ зэхьэзэхуэ, зэпеуэхэр щыIэт. Псалъэм папщIэ, щIы налогыр къыхихыну хуит ящIмэ, налогыр къыхихын и пэ къэралым ахъшэ гуэр иритын хуейт (налогыу къыхихынум пэкIуэу). Итынур иту хуит ящIа нэужь, адэкIэ, и Iуэхур нэхъ къызэрикIынум хуэдэу, налогхэр къыхихыжырт, пэрыуэгъу имыIэу.
Тхыдэтх гуэрхэм жаIэ тыркухэр щытепща лъэхъэнэм Мысырым и Iуэхухэр зэIызыгъэхьар адыгэхэрауэ. АрщхьэкIэ Мысырым и щхьэхуитыныгъэр зэрыфIэкIуэду и Iуэхур екIакIуэу щIидзат, псом хуэмыдэу IэщIагъэлIу исыр, хъугъуэфIыгъуэу яIэр Истамбыл яша нэужь.
Адыгэ пащтыхьхэм я лъэхъэнэм и тхыдэр зытхыжа Ибн Iиас зэрыжиIэмкIэ, тырку сулътIану «хъалиф» цIэр зыфIэзыщыжа Сэлим Езанэм Истамбыл здишауэ щытащ Египетым IэщIагъэу илъа псоми я IэщIагъэлI нэхъыщхьэхэр, гъуазджэм и лэжьакIуэхэр, икIи а псори тыркум щагъэлэжьащ. ЗэрыжаIэмкIэ, муслъымэнхэм я хъалиф хъуа Сэлим Езанэм Мысырым щызэщIикъуа хъугъуэфIыгъуэхэр махъшэ минкIэ ишат. Дыщэрэ дыжьынхэмрэ нэмыщIи, хъалифым ишат и нэм къыфIэнэу а лъэхъэнэм Мысырым иIа хьэпшыпхэм я нэхъыфI дыдэхэр. А псом и щIыIужкIэ, тырку зауэлIхэм къэнар яхъунщIэжри, мысыр къэралыр дэхуэха хъуат, илъэсищэ бжыгъэ лъандэрэ зызыужьа IэщIагъэхэм щыщу щэ ныкъуэ кIуэдыжыпат.
Тхыдэтххэм зэрыжаIэмкIэ, тыркухэм я тепщэныгъэ лъэхъэнэми Мысырым адыгэ тхьэмадэшхуэхэр щыIэурэ екIуэкIащ, икIи абыхэм я фIыгъэкIэ, адыгэ пащтыхьхэм я лъэхъэнэм зэтрагъэува цивилизацэр хамыгъэкIуэдэжу зэтраIыгъащ. Апхуэдэурэ Мысырым и унафэр зэрахьэурэ къэгъуэгурыкIуа адыгэпщхэм я тхыдэр IыхьитIу бгуэш хъуну къалъытэ тхыдэтххэм.
Шэрджэс тхьэмадэхэр
(1517 - 1775 гъэхэм)
ТЫРКУХЭМ Мысырыр яубыда нэужь, абы и япэ уэлийуэ 1517 гъэм Сэлим Езанэм игъэувар Шэрджэс Хъер-Бэчт, абы «пэщэ» цIэри къыфIащат.
Лъахэм и шейхъ (премьер-министр) цIэр къызыфIащу, къэралым и етIуанэрей къулыкъушхуэр япэу къызылъыса адыгэр Къасым Иуаз-Бэчт. Абы и ныбжьыр а лъэхъэнэм илъэс 16 фIэкIа мыхъуми, ар мысыр адыгэхэм я парт нэхъ ин дыдэ «Къасмием» и тхьэмадэт (а зэманым тхьэмадагъэр адэ щIэинт). ШейхъыщIэр зэрыныбжьыщIэм емылъытауэ, щIэныгъэлI Ал-Джибиртий зэритхыжымкIэ, и тепщэгъуэр насыпыфIэу, цIыхухэр къыхуэарэзыуэ ирихьэкIащ, шынагъуэншагъэр фIыуэ зэтриIыгъащ, дыгъуэгъуакIуэхэр, гъуэгухэм цIыхухэр щызыхъунщIэхэр игъэкIуэдащ. АкъылыфIэт, гулъытэшхуэ хэлът, политик Iэзэти, цIыхухэри Iуэхухэри псынщIэу къыгурыIуэрт. Абы Iуэхушхуэу зэфIигъэкIахэм ящыщ зыщ Ал-Iэзхьэр мэжджыт цIэрыIуэм и унащхьэ жьы хъуар къытрихыу щIэрыщIэу зэрытрилъхьэжар. Абы нэмыщI-кIи, щIэуэ мэжджытитI, Дусукъурэ Мэлиджрэ щригъэщIащ. Иуаз-Бэч фIы щIэныр, тхьэмыщкIэхэм кIэлъыплъыныр и гуапэти, цIыху псоми фIыуэ къалъэгъуат.Iуэхур апхуэдэу щыту, тырку сулътIаным Истамбыл къригъэкIыу Хьэсэн-пэщэ уэлиищIэу къыщигъакIуэм, адыгэ тхьэмадэм къефыгъуэу хуежьащ. Арати, нэгъуэщI партым хэт адыгэ тхьэмадэхэр къригъэныкъуэкъуу щIидзэри, щызэпэщIэувэм, Иуаз-Бэч хэкIуэдащ, Хьиджрэт махуэгъэпсымкIэ 1136 гъэм, и ныбжьыр илъэс 36-рэ фIэкIа мыхъуу. Зидан Джирджий «Мысырым и нобэрей тхыдэ» тхылъым зэрыщитхыжамкIэ, «Ар дунейм щехыжым, цIыхухэм апхуэдизу я гум къеуати, захуагъэм и телъхьэу щыта унафэщI гъуэзэджэр я адэхэр, я къуэшхэр зэрагъеижым хуэдэу ягъеижащ. Сыту жыпIэмэ гулъытэшхуэ иIэу, захуагъэм и телъхьэу зэрыщытам и щIыIужкIэ, Иуаз-Бэч лIыгъэшхуэ хэлъу, гушхуэ иIэу щытащ. Абы Мысырым щыхуащIа жэнэзышхуэм нэмыщIкIи, Мэчэ, Мадинэ къалэ лъапIэхэми «зи хьэдащхьэ нэгъуэщI щIыпIэм щыIэм» хуащI хабзэ жэнэзы нэмэз щыхуащIащ».
Лъахэм и шейхъыу Мысырым етIуанэу щыхаха адыгэпщыр Къасым-Бэч и къуэ Исмэхьилт. Ари, и адэм хуэдэу, щIалэ губзыгъэти, зэпэщIэувауэ щыта адыгэ гупитIыр занщIэу зэригъэкIужщ, зэкIужынми къыщымынэу, зэкъуигъэувэжри, хьэргъэшыргъэ къахэзылъхьа тырку уэлийр трахуащ. Абы и пIэкIэ тырку сулътIаным къигъэкIуа уэлиищIэри трахуа нэужь, адыгэпщ Исмэхьил-Бэч цIыхубэм дзыхь къыхуащI икIи фIы дыдэу къалъагъу хъуат.
Мы адыгэ тхьэмадэр захуагъэм и телъхьэу, цIыхугъэшхуэ хэлъу зэрыщытам и щыхьэту Зидан Джирджий хъыбаритI итхыжащ.
Япэрей хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, тырку уэлийуэ Мысырым щыIэм хьэрычэтыщIэ гуэрым и кофэ къэп 3000 трихат. Ар Исмэхьил-Бэч къыщищIэм, уэлийм епсалъэри къыхуIихыжащ. Арати, хьэрычэтыщIэм дыщэкIэ гъэщIэрэщIа сандыкъ цIыкIурэ фошыгъу лъапIэу къэп зыбжанэрэ фIыщIэ къызэрыхуищIым и нэщэнэу къыхуригъэшащ. Ауэ къыIихын имыдэу, жриIащ: «Си фIыгъэкIэ къыпхуэнэжа мылъкур пэжу ууейуэ, уи хьэкъыу щытмэ, сэ си къалэныр сщIауэ аращ, абы и фIыщIэр Тхьэм деж щызгъуэтыжынущи, уи тыгъэр къасщтэмэ, сэ лей зэсхыжынущ. АдэкIэ, сэ къыпхуэзгъэнэжа мылъкур умейуэ, гъэпцIагъэкIэ къыпIэрыхьауэ щытмэ, а гъэпцIагъэмкIэ Iыхьэгъу сыныбдэхъунущ. Аращи, фошыгъу къысхуебгъэшар къызогъанэ, ауэ и уасэр си къуэдзэм къуитыжынущ»…
ЕтIуанэрей хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Исмэхьил-Бэч нэщI мазэкIэм щIэныгъэлIхэр, дин лэжьакIуэхэр къригъэблагъэрт, Iэнэшхуэхэр яхуигъэувырт. Арати, зы пщыхьэщхьэ гуэрым, нэхъапэкIэ имылъэгъуауэ зылI нэщхъей дыдэ къригъэблэгъахэм яхэту и нэгу къыщыщIэхуэм, гупым я зэбгрыкIыжыгъуэм деж ар къыхуашэну унафэ ещI. Къыщыхуашэм, КъурIэныр иретри, зы сурэ къеджэну жреIэ. Ауэ лIыр, кIэзызу щIедзэри, къолъаIуэ: «Тхьэм уи гъащIэр кIыхь ищI, зиусхьэн, сэ сыпхъащIэщ, тхэкIи еджэкIи сщIэркъым, егъэза дыдэу сопсэу, си ныбэм из хъуху сышхэнщ жысIэри аращ сыкъыщIэкIуар, къысхуэгъэгъу». Ар щыжиIэм, игу щIэгъури, лIыр лэжьакIуэу къищтащ.
Исмэхьил-Бэч илъэс 16-кIэ тетащ и къулыкъум, ар фIы дыдэу игъэзащIэу.
Адыгэ тхьэмадэ ещанэу Лъахэм и шейхъ къулыкъур къызылъысар Зулфикъар Уэсмэн-Бэчт. Ари захуагъэм и телъхьэт, ауэ хуабжьу ткIийт. И блыгущIэтхэм ящыщ зым район гуэрым лей щызэрихьэу зэхихати, къриджэри, Iуэхур зэхигъэкIащ. ХужаIар пэжу къыщыщIэкIым, и щхьэр занщIэу пригъэупщIащ.
Мы тхьэмадэм и тетыгъуэм къэхъуауэ нэгъуэщI хъыбар гуэри ятхыжащ. Каир дэсхэм ящыщ гуэрым и унэр щызэригъэпэщыжым, дыщэр изу зы кхъуэщын къигъуэтат. Арати, дыщэр и фызым иритри быдэу игъэIущащ: хуэсакъ икIи зыми жумыIэ, дыкъащIэмэ, дыщэр къэралым тIихыжынущ!.. Ауэ, фызыр нэпсейти, щыгъын лъапIэхэмрэ налкъутналмэсхэмрэ къысхуэщэху жиIэри къыщыхьащ. Дыщэм и Iуэхур къыщIэщынкIэ шынэрти, лIым щимыдэм, фызыр Уэсмэн-Бэч деж кIуэри хуэтхьэусыхащ. Арати, лIыр унафэщIым ириджэри къыжриIащ: мы фыз бзаджэр утIыпщыжи, Тхьэм къуита дыщэр къэгъэсэбэп!..
Зулфикъар Уэсмэн-Бэч и лъэхъэнэм Мысырым тало узыр къыщежьауэ щытащ. А зэманым абы шхын гъэтIылъыгъэу, ахъшэ гъэтIылъыгъэу иIахэр щымысхьу цIыхухэм зэрахуигуэшам тхьэмыщкIагъэшхуэр псынщIэ ящищIат. Ауэ, абы и ужькIэ куэд дэмыкIыу, къыхуэдзэлашхэу щыта тырку дзэзешэхэм и къулыкъур IэщIагъэкIри, Каири къыдагъэкIащ.
ЕплIанэрей адыгэпщу Лъахэм и шейхъ къулыкъушхуэр къызылъысар Шэрджэс Алий-Бэчт, «Жин Алий» зыфIащыжауэ щытарт.
Мы адыгэ тхьэмадэр 1728 гъэм Кавказым, Псыжь аузым къыщалъхуащ. И адэр адыгэ щоджэнт, чыристан дин лэжьакIуэт, и цIэр Даутт. ЩIалэ цIыкIу къыщыхуалъхум, Исуф фIищат. Исуф и ныбжьыр илъэс 13-м нэсауэ хъунщIакIуэхэм ядыгъури, Ахьмэд и цIэу сондэджэр гуэрым иращащ. Абы щIалэр Мысырым къишэри, Ибрэхьим Катэхъда кърищащ. Къэзыщэхуам Алий фIищщ, пщылIыгъэри щхьэщихри, хьэрыпыбзэ иригъэщIэну, КъурIэнымрэ нэгъуэщI щIэныгъэхэмрэ иригъэджыну егъэджакIуэхэр къыхуищтащ. Алий и япэ къулыкъур къратауэ щытащ илъэс 22-рэ фIэкIа мыхъуауэ. Абы адэкIэ куэд дэмыкIыу хьэжыщI кIуэхэм я Iэмиру ягъэуври, ахэр иришажьэу щIидзащ хъумакIуэхэм я тхьэмадэу. Мэчэ гъуэгум хьэжыщIхэр щызыхъунщIэу щыта бедуин фыщIакIуэхэм зыкъамыIэтыжыфыну кIэ зэрыритам папщIэ, абы «Жин Алий» цIэр къыфIащат. Нэхъ иужькIэ, Мысырым и тет тырку пэщэм Алий «бэч» цIэр къыфIищри, и къулыкъущIэхэм я тхьэмадэу игъэуващ, адэкIэ Лъахэм и шейхъ къулыкъури къылъысащ. КъызэралъытэмкIэ, Мысырым щызэблэкIа тхьэмадэ псоми Шэрджэс Алий-Бэч хуэдэ лIыгъэ зиIэ, нэхъ губзыгъэ, нэхъ жыжьаплъэ къахэкIакъым. Абы къэрал кIуэцIми къэрал щIыбми щыIэ бийхэр иригъэкIуэту, Мысырыр къэралыгъуэ щхьэхуит щIыныр нэрыгъ ищIауэ щытащ. Сыту жыпIэмэ, фIыуэ къыгурыIуат Уэсмэн къэралыгъуэм и унафэ техьэтекIым щIэту Мысырыр къэрал зэрымыхъунур.
Мысырым и щхьэхуитыныгъэр къигъэблэгъэн папщIэ, Шэрджэс Алий-Бэч Иным япэ лъэбакъуэу ичар езым и ныбжьэгъу дыдэхэм ящыщу лIы тIощIым я къулыкъухэр нэхъ лъагэ ищIу «бэч» цIэр зэрафIищарщ. Абыхэм ящыщу 18-р адыгэт. ЕтIуанэрей лъэбакъуэр шынагъуэншагъэр хъумэным и унафэщI псори ихъуэжу, езым дзыхь зыхуищI-хэр зэригъэуварщ. АдэкIэ, тыркудзэу Мысырым щыIэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ ищIын папщIэ, абыхэм дыщэ е дыжьын ахъшэу ирату щытам и пIэкIэ я улахуэр тхылъымпIэу яриту щIидзащ. Ар ахъшэкIэ щахъуэжым деж и уасэ пэжым щыщу процент 90-р яфIэкIуэдырт. Арати, тыркудзэм хэтхэм я улахуэхэр мыхьэнэншэ дыдэ щыхъум, дзэм хэкIыжхэу щIадзащ. Апхуэдэурэ дзэр мыхьэнэншэ зэрыхъур щилъагъум, а зэманым Мысырым и уэлийуэ щыта Мухьэмэд-пэщэ дзэлашхэу щIидзат, ауэ абы емыдаIуэу, Алий Iуэхуу игъэпсар щэхууи нахуэуи игъэзащIэрт. Абы ныбжьэгъу гуэр иIэт Мухьэмэд Бэч-Iэбу Ал-Захьаб и цIэу, икIи и пхъур ишауэ и малъхъэу. Тырку уэлийр абы къелъэIуат Шэрджэс Алий-Бэч Иным епсэлъэну, тырку къэралыгъуэм пэрыуэгъу хуэхъуу иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэр игъэувыIэну. Алий-Бэч иригъэжьа Iуэхур абы щхьэкIи имыгъэувыIами, и малъхъэр ахъшэрэ къулыкъукIэ тыркухэм дахьэхыу щIадзат, и щыкъу адэр иукIыжмэ, нэхъыбэж къыхуащIэну къагъэгугъэрт. Ауэ малъхъэ нэпсейр абы хунэмысу Алий-Бэч тырку уэлийр трихури Истамбыл иригъэшэжащ. И малъхъэр къызэрепцIыжари, хэт къыжримыIами, и фIэщ ищIакъым, нэхъри дзыхь къыхуищI хъуа мыхъумэ. ИкIи тыркухэр нэхъ ерыщыжу яужь ихьащ Мысырым и шейхъ (премьер-министр) Шэрджэс Алий-Бэч Иныр укIыным.
Истамбыл дэс тырку сулътIаным Шэрджэс Алий-Бэч Иным и унафэр укIкIэ ищIа нэужь, абы и щхьэр пиупщIу къыхуихьыну унафэ иIыгъыу Мысырым и уэлиищIэу игъэувар къиутIыпщащ. Ар къыщищIэм, Алий-Бэч и къуэдзэр сэлэтипщI и гъусэу пигъэтIысри, унафэр зэрыт фэрманыр уэлийм къытрахащ. ИкIи Алий-Бэч зимыIэжьэу адыгэпщхэмрэ бэчхэмрэ зэхуишэсри яжриIащ: «Мы унафэмкIэ яукIынур сэ си закъуэкъым, фэри фаукIынущ, дэ тщыщ зыри къагъэнэну хуэмейуэ аращ. Аращи, ди щхьэр, ди хьэкъыр тхъумэжын хуейщ!.. Фэ фощIэ иджыри къэс адыгэхэр Мысырым и унафэщIу зэрыщытар, икIи ахэр щIылъэри уафэри зэрыгушхуэ сулътIанхэу къызэрыгъуэгурыкIуар. Нобэ хуэдэ махуэр уасэншэщ, ар блэдвмыгъэгъэкI, игъащIэкIэ апхуэдэ махуэ къытхуимыхуэжынкIи хъунщ. Девгъауи щхьэхуит къэралу дыкъэвгъэув!..»
Мысыр къэралыгъуэ щхьэхуитыр
ШЭРДЖЭС Алий-Бэч и псалъэхэм пэжыгъэу хэлъхэмкIэ псори акъылэгъу хъуащ икIи къимыкIуэту къыдэщIынхэу псалъэ къратащ. Арати, тырку уэлийм хуатхащ сыхьэт 48-м къриубыдэу къэгъазэ имыIэу Мысырым икIыжын хуейуэ, имыкIыжмэ, и судыр щхьэпылъэкIэ ящIэну… Апхуэдэ щIыкIэкIэ хэIущIыIу ящIащ хьижрэт махуэгъэпсымкIэ 1183 гъэм Мысырыр къэрал щхьэхуит зэрыхъуар, уэсмэн къэралыгъуэм зэрыхэмытыжыр. Абы тырку унафэщIхэр хьэжэпхъажэ ищIащ Истамбыл щIыр щыхъеям ещхьу икIи Сирием щаIыгъ тыркудзэ мин 20 хъур къаутIыпщащ Мысырыр яубыдыжыну. Ауэ Алий-Бэч ныбжьэгъу, гъусэ къыхуэхъуауэ къыдекIуэкI Аккэ и Iэмирыр тыркудзэм пегъуэкIащ. Адыгэ унафэщIыр и къуэхэри, и къуэрылъхуиблри хэту миних фIэкIа мыхъу дзэмкIэ Тэбэрием псыхъурейм деж тыркудзэм щыпэуври, хигъэщIащ. А зэпэщIэувэныгъэм иужь тырку сулътIаным дзэ къигъэкIуэжакъым икIи Мысырыр къэрал щхьэхуит хъуащ.
Дзэ къимыгъэкIуэжами, и IитIыр зэтедзауэ мытIысыжу, тырку сулътIаным нэгъуэщI Iэмал щэхухэр къигъэсэбэпу щIидзащ. Арати, а гъэ дыдэм, хьижрэт махуэгъэпсымкIэ 1183 гъэм, Мысырым и ипщэ лъэныкъуэм щыпсэууэ щыта хьэрып бедуинхэм зыкъаIэтри, къэзэуатышхуэ ящIащ Алий-Бэч Иным хуэмейуэ. Ауэ Алий и малъхъэ Мухьэмэд Iэбу Ал-Захьаб дзэ щIыгъуу игъакIуэри, ахэр я пIэ иригъэзэгъэжащ, тезырышхуэхэри ятрилъхьащ.
Алий-Бэч Мысырым и ипщэ лъэныкъуэм щытыкIэр щызэтригъэувэжа нэужь, мин 20 хъууэ дзэшхуэ къызэригъэпэщри, Мухьэмэд Iэбу Ал-Захьаб и унафэм щIэту Йемэным иутIыпщащ. Дзэшхуэм, хы Плъыжьым и къуэпситIыр зыри къыпэмыувыфу зэпичщ, Йемэным нэсри, ар къищтащ. Абы здэкIуэм, Джэддэ къалэри, хы Плъыжь Iуфэхэри иубыдащ. Апхуэдэурэ мазихым къриубыдэу хьэрып щIыналъэшхуэ хытIыгум ещхьыр, Мэчэри хэту, къищтауэ къигъэзэжащ. Абы хиубыдэрт нобэрей Сауд Хьэрыпри, Эмиратри, нэгъуэщIхэри.
Мэчэ къалэр къащта нэужь, абы и тхьэмадэм (бегъымбар унагъуэм къыхэкIам) Алий-Бэч къыхуитхат «Мысырым и пащтыхь» цIэр къыфIищу. А цIэр игу ирихьри, унафэ ищIащ абыкIэ къеджэнхэу, жумыхьэ нэмэз ящIыхуи а цIэр къраIуэну икIи, хабзэу зэрыщытам тету, хьижрэт махуэгъэпсымкIэ 1185 гъэм щегъэжьауэ ящIа ахъшэхэм а цIэ дыдэр традзащ.
Алий-Бэч Иныр Мысырым и сулътIан хъууэ, и къэралыгъуэри нэхъ ин ищIа нэужь, ар уэсмэн къэралыгъуэм щихъумэн папщIэ, Iэбу Ал-Захьаб мин 30 хъууэ дзэшхуэ иритри Сирием игъэкIуащ, ари къищтэу Мысыр пащтыхьыгъуэм къыхигъэхьэжын папщIэ. Тырку къэралым и бийхэми яхуитхащ щхьэщыжэгъу зэхуэхъун папщIэ зэгурыIуэныгъэхэр ядищIыну. Абы и жэрдэмыр зыкъомым къащтащ, урыс пащтыхьыгъуэри хэту.
Алий-Бэч Иным и дзэхэр Сирием здэкIуэм, а гъуэгум тет къалэхэр: Гъэззэ, Рэмлэ, Наблус, Ерусэлим, Фафа Сэида, нэгъуэщIхэри къащтащ. АдэкIэ Щам и блынышхуэм нэсри, къалэр къаувыхьащ. А къалэм зыкъитыну щытащ, ауэ апхуэдиз текIуэныгъэм зи щхьэр игъэунэза дзэзешэр, ахъшэшхуэкIэ, къулыкъу инкIэ къагъэгугъэу щIадзэри, Щам дэмыхьэу игъэзэжащ, и дзэр щIыгъуу. Абы нэрыгъ ищIат Алий-Бэч унафэр къыIэщIихыу Мысырыр тырку къэралыгъуэм хигъэхьэжыну. Ауэ Каир занщIэу кIуэну дзыхь имыщIу, абы АсиутI къалэм пIалъэкIэ зыщиIэжьэри, итIанэ, дзэшхуэ щIыгъуу, Каир екIуэлIащ.
Алий-Бэч и малъхъэр апхуэдэу епцIыжакIуэу къызэрыщIэкIар Iей дыдэу и жагъуэ хъуами, зимыту зэуэн унафэ иIэт. Ауэ абы хэту, Хьэккэ къалэм и уэлий икIи и ныбжьэгъу Шейхъ Дахьир и къуэм письмо къыхуитхащ псынщIэу и адэм деж нэсын хуейуэ. Арати, и дэIэпыкъуэгъу гуэрхэмрэ и унагъуэмрэ щIыгъуу Каир дэкIащ. Хьэккэ щынэсым, абы и тетыр Алий-Бэч дахэ дыдэу къыпегъуэкIат, ауэ езыр хьэлъэу сымаджэт, гъуэгуанэ кIыхьымрэ гукъеуэмрэ зэхаукIауэ.
Махуэ зыбжанэкIэ абы зыщигъэпсэхуа нэужь, урыс кхъухьхэм Iэщэ гуэрхэри къыхуашати, Алий-Бэч унафэ ищIащ Каир ягъэзэжу Iэбу Ал-Захьаб и Iуэхур зэтракъутэну. Арати, пэжу къыбгъэдэт дзэзешэ Ал-ТIэнтIауий и дзэм Сирием и къалэхэр къищтэжу щIидзащ. Къалэ зыбгъупщI яубыдыжри, абыхэм псоми адыгэ унафэщIхэр трагъэувэжащ, Алий-Бэч и телъхьэхэм ящыщу.
Алий-Бэч Иныр Жава къалэм дэсу лIыкIуэхэр къыхуэкIуащ, Каир къикIри. Ахэр Мухьэмэд Iэбу Ал-Захьаб зэрихьэ лейм игъэтхьэусыхэрт икIи къагъэгугъэрт, зэрынэсыжу Каир и куэбжэхэр къыхузэIуахыну, цIыхухэри лей зылъыса я пащтыхьым къыпегъуэкIыну хьэзыру. Ауэ абы гъэпцIагъэ гуэр хэлъ хуэдэт.
Адыгэ зауэлIхэр Истамбыл щощахуэ.
Сурэтыр Аллан Уильям (Шотландие) ищIащ. 1838 гъэ