Iуащхьэмахуэ зи плъапIэхэр

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым архитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайн хуэIухуэщIэхэмкIэ и къудамэм щеджэхэр пэхуэщIэ хьэлэмэт дыдэ хэтыну я насып къихьащ. «СурэтыщI чымпэлэмрэ Iуащхьэмахуэрэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр зи жэрдэмыр «НыбжьыщIэхэм я лъэхъэнэ. XXI лIэщIыгъуэ» зэгухьэныгъэрщ, зытеухуари ди щIыналъэм и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэр – Iуащхьэмахуэ – сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я зэхуэсыпIэ щIынырщ, лъахэм и дахагъэр зи дуней лъагъукIэрэ гупсысэкIэкIэ зэтемыхуэ щIалэгъуалэм лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ къэгъэлъэгъуэным къешэлIэнырщ.

Зэгухьэныгъэм хэт Костецкая Наталье зэрыжиIамкIэ, Iуэхугъуэр нэхъыбэу зытеухуар зэчий зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэр гъунэгъу зэхуэщIынырщ, я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэн утыку къахузэгъэпэщауэ япэ лъэбакъуэхэр егъэчынырщ.

– Сурэт щIыным дихьэх ныбжьыщIэхэр ди мащIэкъым, ар гурыфIыгъуэщ. Ауэ ахэр гъэгушхуэным, япэ лъэбакъуэр егъэчыным хуэунэтIауэ къыхалъхьэ жэрдэмхэр хуабжьу мащIэщ. Пэжщ, ди щIалэгъуалэм къахокI, еджэху я чымпэлэр зрамыгъэтIылъэкIыу гупсысэ куухэр лэжьыгъэм курых хуащIкIэрэ зи сурэт зэужьхэр зыгъэхьэзырыф. Апхуэдэ лъагапIэм нэмысыфахэм зэфIэкI ямыIэу аракъым, атIэ зыгъэгушхуэн утыку ямыгъуэтауэ аращ. Iуащхьэмахуэ къыщIыхэтхар, япэрауэ, ар фIыуэ зымылъагъу, абы хуащIа гурыщIэр зыIэщIэупщIыIуэж зэрыщымыIэрщ. Ар мы щIыналъэм и мызакъуэу, ди къэралыр къызэрацIыхуж дамыгъэу къэплъытэ хъунущ. ЕтIуанэрауэ, сыт хуэдэ IэщIагъэри къызэщIэзыгъэушэр дахагъэщи, Iуащхьэмахуи, абы и Iэгъуэблагъэри, къедза щIыпIэхэри зылъэгъуам зэрыщыгъупщэн, и нэгум зэрыщIэкIыжын щыIэкъым. ЦIыхуIэр зэмыIуса дахагъэм Тхьэр къыхэпсэлъыкIыу фIэкIа нэгъуэщIу зыхэпщIэркъым, апхуэдизкIэ телъыджэщ нэм къыщIидзэри. Дэри а щытыкIэр щхьэпэ къытхуэхъуу, ди щIалэгъуалэм къыщIэдзапIэ хъарзынэ яхуэхъуну къэтлъытащ. Чымпэлэр чэтэным иризыгъэкIуэфым Iуащхьэмахуэ и щыгум тету зыгуэр имытхыфыныр фIэщ щIыгъуейщ. ДыхущIэкъуащ а щIэдзапIэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзауэ къызэдгъэпэщыну, зыхуэдгъэувыжа къалэнми мыIейуэ дыпэлъэщауэ къысщохъу, – жиIащ Костецкая Наталье.

«СурэтыщI чымпэлэмрэ Iуащхьэмахуэрэ» Iуэхугъуэ дахэр зэгухьэныгъэм мыхьэнэшхуэ зрит пэхуэщIэхэм ящыщщ. Ар япэ дыдэу къыщыхалъхьар 2024 гъэрщ. Жэрдэмыр унэтIыныгъитIу зэхэтщ: япэр – бгылъэ щIыпIэхэм я дахагъ псори сурэтым къыщыгъэлъэгъуэныр, етIуанэр – Iуащхьэмахуэ и щыгум мотоциклкIэ 1966 гъэм дэкIа Берберашвили Алексей и лIыгъэр уахътыншэ щIыныр.

– Си насып кърихьэкIри, Iуащхьэмахуэ и щыгум дэкIыфа лIыхъужьым и къуэр, Берберашвили Юрэ, нэIуасэ сыхуэхъуащ. Абы и адэр Iуащхьэ задэм зэрыкIэрыхьам, зыIууа гугъуехьхэм, дунейм и щытыкIэм гузэрыдзэ иригъэщIа пэтми, жагъуэгъугъэгуфIэ мыхъун папщIэ, щыгум зэрынэсын къару зэрызригъуэтылIэжам, нэгъуэщI куэдми я гугъу къысхуищIыжат. Мотоциклыр Iэмалу ара къудейт, гуращэр нэгъуэщIт – хъуапсэ зиIэм сытри зэрыхузэфIэкIынурт. Ди гъащIэр апхуэдэ защIэу зэхэлъкъэ-тIэ? УзыщIэхъуэпсыр къыщыбдамыIыгъым деж лъэр щIоху, ауэ ерыщагъыр зытебгъакIуэрэ, а хъуапсэм фIы къызэрикIынур гум иплъхьэмэ, сыт хуэдэ лъэпощхьэпоми уебэкъуэфынущ. Мы Iуэхугъуэм къыхэтшэ щIалэгъуалэр псори зи насып къэкIуэгъуэ защIэщ: хэти утыку ихьэн папщIэ, тегъэгушхуэн, хэти бгъэдэлъ зэчийр къызэригъэкIын щхьэкIэ, къызэщIэзыгъэушэн гузыхэщIэхэр егъэлъагъун хуейщ. НыбжьыщIэхэм дежкIэ Берберашвили и лIыгъэр щапхъэу увыну, абы икIуа гъуэгур гъэсэпэтхыдэ яхуэхъуну къэтлъытэри, жэрдэмыр къыхэтлъхьащ, икIи дыщыхущIегъуэжа къыхэкIакъым. Ди гукъэкIыр нахуэ хъун папщIэ, щIэгъэкъуэн къытхуэхъуащ КъБР-м и къэрал унафэщIхэмрэ ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ. Псоми фIыщIэ ин яхузощI, – жиIащ жэрдэмщIакIуэ зэгухьэныгъэм и цIэкIэ пэхуэщIэм хэт Костецкая Наталье.

Апхуэдэу Iуэхум къыхыхьащ Мэзкуурэ Санкт-Петербургрэ сурэт щIыным щыхурагъаджэу дэт еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ колледжхэмрэ я гъэсэнхэр, КъБКъУ-м и студентхэр, Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэмкIэ къэрал институтым щэнхабзэмкIэ и колледжым щеджэхэр, Налшык къалэм Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зэрихьэу дэт ГъуазджэмкIэ еджапIэм екIуалIэ ныбжьыщIэхэр. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, пэхуэщIэм къигъэувыр сурэтыщI ныбжьыщIэхэм лъэс защIэу Iуащхьэмахуэ и щыгум дэкIыным и закъуэкъым, атIэ Берберашвили Юрэ и гъуэгум ирикIуэ щIалэхэри мотоциклкIэ бгым кIэрыхьэнри абы и зы Iыхьэу щытынущ.

Iуащхьэмахуэ щыгум тету ягъэхьэзырыну сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэр шыщхьэуIум и 18-м Гъуазджэм и музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, щекIуэкIынущ. Иджыпсту щыщIэдзауэ абдеж щагъэлъэгъуэну сурэтхэм ящыщу 16-р хьэзырщ. Чэтэным чымпэлэрэ дагъэ лапхъэкIэ тращIыхьа сурэтхэм къыщыгъэлъэгъуащ Iуащхьэмахуэ, абы къедза щIыпIэхэр, къежэх нартсанэпсхэр.

– Ди гъэсэнхэр къэралпсо мыхьэнэ зиIэ мы пэхуэщIэм зэрыхэтым дыщогуфIыкI. КъБР-м и щэнхабзэм и тхыдэм уи цIэр хэптхэну ухуеймэ, ббгъэдэлъ IэщIагъэр хэIущIыIу пщIыуэ щIыналъэм и гъуазджэ утыкум укъихьэну ущIэхъуэпсмэ, мыпхуэдэ жэрдэмыр зимыуасэ щыIэкъым. Пэжыр жысIэнщи, куэдрэ къытхуихуэркъым ди щIыналъэм щыпсэу щIыдэлъху лъэпкъхэм я дуней лъагъукIэм увыпIэ хэха щызыубыд Iуэхугъуэхэм гулъытэ щигъуэт утыкушхуэхэм зыщыдгъэлъэгъуэну. Дэр-дэру тщIэм дыщыгуфIыкIыжрэ ар зэрыхъуам е къызэрыдэмыхъулIам дрипсалъэу дызэхэкIыжкIэ къытхуэхьынур мащIэщ. Ауэ къэралышхуэм апхуэдэ гукъыдэж къытхуищIрэ зи зэфIэкIхэр щыдгъэлъэгъуэфыну мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр къытхузэригъэпэщмэ, ди лъэпкъхэм я дуней лъагъукIэм мыбзаджэу щыгъуазэ щIалэгъуалэр тхуэгъэкIуэтэнущ, я зэфIэкIхэри къэрал псоми зэлъедгъэщIысыфынущ. Си щхьэкIэ сыщогуфIыкI Iуащхьэмахуэ зи плъапIэ щIалэгъуалэр мымащIэу зэрыдиIэм. Абы къикIыр зыщ – дахагъэр щытепщэ мы лъахэри щэнхабзэ икIи гъуазджэ дунейм я зы купсэ тхуэщIынущ. Мыгувэу диIэну гъэлъэгъуэныгъэм ди лъэпкъ нэщэнэхэр къызытещ сурэт гъэщIэгъуэн дыдэхэр къыхэтлъхьэнущ, ахэр адэкIи дгъэкIуэтэнурэ, бжьыхьэм Мэзкуу къалэм дэт Лъэпкъхэм я унэми тшэнущ. ЖысIэнуращи, ди сурэтыщI ныбжьыщIэхэр гъуэгу махуэ теувэну, я IэдакъэщIэкIхэр гъащIэ кIыхь хъуну си гуапэщ, – жиIащ КъБКъУ-м архитектурэмрэ дизайн хуэIухуэщIэхэмкIэ и кафедрэм и лэжьакIуэ, УФ-м и дизайнхэм я зэгухьэныгъэм хэт Щоджэн Залинэ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться: