«Зы уэрэдым и хъыбар» теленэтыным и зи чэзу къыдэкIыгъуэр теухуауэ щытащ 30 гъэхэм Къэжэр Индрис итха «Си Рэмэзан» уэрэдым.
«Прохладнэ куейм хыхьэ Алътуд къуажэм I895 гъэм къыщалъхуа усакIуэ, макъамэтх, уэрэджыIакIуэ, пшынауэ, дэрбзэр Iэзэ Къэжэр Индрис мащIэ дыдэщ къигъэщIар. Ауэ абы къигъэнащ лъэужь дахэ. Щалъхуа къуажэм къыщызэригъэпэща (1929 гъэ) уэрэджыIакIуэ гупым и гъусэу абы къыщIидзащ езым иуса уэрэдхэр игъэзэщIэн. 1931 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и хорым хыхьащ, иужькIэ уэрэдымрэ къафэмкIэ ансамблым и зэфIэкI щигъэлъэгъуащ, - щыжеIэ нэтыным ар езыгъэкIуэкI КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ. - Хэкум, абы зэрызиужьым, лъагъуныгъэм - арат зытеухуар Индрис и уэрэдхэр. Ахэр цIыхубэм япхъуатэрт, ягу дыхьэрт. ЩIэх дыдэуи абы къыфIащащ КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр. Хэку зауэшхуэр къэхъейуэ гъэр хъууэ фашист лъэхъуэщым имыкIуэдамэ, хэт ищIэрэт Къэжэр Индрис и къалэмыпэм къыщIэкIыну уэрэдхэм я бжыгъэр зыхуэдизынур? Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ Къэжэрым теухуауэ зыгуэр къыбжезыIэжыфыну, ар фIыуэ зыцIыхуу щытауэ мащIэщ къэнар. Сэ зыхуэзгъэзащ уэрэдымрэ къафэмкIэ ансамблым япэ дыдэу хыхьахэм ящыщ Блэнауэ Быцэ.
«СызэрыцIыкIурэ Iейуэ сыерыщт къэфэнкIэ. Япэм щыгъуэ къафэхэр, уэрэд жызыIэхэр къуажэ-къуажэкIэ къакIухьурэ къыхахырт, - жеIэ Быцэ. - Зы махуэ гуэрым Къэжэрым концерт Брамтэ щитыну жаIэу зэхызох. Сэри апхуэдэ гуэрт къэслъыхъуэри, пшынэ макъыр зэрызэхэсхыу ар къыздиIукIым секIуэлIащ. СощIэж иджыпсту хуэдэу а махуэр. Индрис и пшынэм нэмыщI, зытес шэнтри къыздырихьэкIырт. Мис абы башкIэ теуIуэурэ цIыхур къызэхуишэсырти, концертым щIидзэрт. А махуэм сыбгъэдыхьауэ щытащ Индрис, сэри сыкъофэ фи ансамблым сыхэтыну сыхуейщ, жысIэри. Куэд дэмыкIыуи сыкъащтащ, дэ дыкъыфэрт, Индрис уэрэд жиIэрт. «КхъыIэ, «Си Рэмэзан» уэрэдыр къыджеIэ жаIэурэ цIыхухэр куэдрэ къелъэIурт, езыри емызэшу щэ-плIэ къытригъэзэжурэ игъэзащIэрт. А уэрэдыр зэриусам теухуауэ дапщэрэ демыупщIами, абы и хъыбар зэи къыджиIакъым. Дауэ мыхъуами уэрэдыр псэущ, ноби цIыхухэм ягу ирохь».
Уэрэдыр дунейм къызэрытехьэрэ уэрэджыIакIуэ куэдым ягъэзэщIащ: езы Индрис, иужькIэ ШэджыхьэщIэ Лолэ, итIанэ нэгъуэщIхэми».
Зы анэжь сиIэти, рэуэу-жи,
КIэмыргуей и бзэт, рэуэу-жи.
Зи бзэр иубыдынурэ си шыпхъу нэхъыщIэр
ПщэфIапIэм кIуэри сиIуэтэжащ.
Зы адэжь сиIэти, рэуэу-жи,
Уасэм щIобэгри, рэуэу-жи,
Быным емыплъу, «кIэмыргуей къулейщ», - жиIэри
Уасэ куэд къыIих мыгъуэри, сыныритаи.
Зы дэлъху закъуэ сиIэти, рэуэу-жи,
КIэмыргуей гуэгъути, рэуэу-жи,
Гугъуи сыдемыхьурэ, зыкIи сыхуэмейуэ,
«Унэ бейщ», - жаIэ мыгъуэри, сынратащ.
Си данэ шарфыр, рэуэу-жи,
Си пщэм изошэкIри, рэуэу-жи,
Си гум имылъ IэфIхэр, «Рэмэзан» - жысIэурэ,
«Унэ бейщ», - жаIэ мыгъуэри, ирызагъэшэкIа.
Си туфлъэ цIыкIури, рэуэу-жи,
Лъапэм къыщопсалъэрэ, рэуэу-жи,
«Хьэсанэ дэкIуэ», - жеIэри, мамэ къызопсалъэ,
Сэ сызыдэкIуэну мыгъуэри, сэ Рэмэзанщ.
Си Iэлъын цIыкIури, рэуэу-жи,
Iэпэм Iэробагэ, рэуэу-жи,
Си напIащхьитIыр Рэмэзан щхьэкIэ
Къытебэга мыгъуи, сэ си дуней.