Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэхэр щызэфэIувэным зэфIэкIышхуэ езыхьэлIахэм ящыщщ институтым щылэжьа бзэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, адыгэ узэщIакIуэ, тхакIуэ, усакIуэ хьэлэмэт, хэкупсэ нэсу псэуа Елбэд Хьэсэн Увжыкъуэ и къуэр (I886 - I967). ГъащIэ купщIафIэ къэзыпсэуа Елбэдыр и лъэпкъым, и анэдэлъхубзэм, цIыхухэм дапщэщи псэ къабзэу яхущытащ, лъэкI псори адыгэхэм ди зыужьыныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ тыхь яхуищIу.
Елбэд Хьэсэн и тхыгъэ къыхэхахэр щызэхуэхьэсауэ I993 гъэм дунейм къытехьауэ щытащ, «Гукъинэж» фIэщыгъэр иIэу. А къыдэкIыгъуэр зэхэзылъхьэу традзэнми хуэзыгъэхьэзырар, апхуэдэуи абы пэублэ псалъэ хуэзытхар Елбэдым и гъукIэгъэсэну зызылъытэжу щыта, лъэпкъ щIэныгъэлI икIи къэхутакIуэ цIэрыIуэ Нало Заурт. А тхылъым Налом къыщызэщIикъуэжащ Елбэдым теухуауэ щыIэ тхыгъэхэм я нэхъыбапIэр.
Елбэд Хьэсэн I886 гъэм Тыжьей (иджы Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк) къуажэм дэса адыгэ унагъуэм къыщалъхуащ. Хьэсэн и адэ Увжыкъуэ дин щIэныгъэ зыбгъэдэлъа цIыхут. Адэм и уэсятым тету, Хьэсэн иратащ Дыгулыбгъуей дэта мыдрисэм. Абы щызригъэгъуэта щIэныгъэм иужькIэ щыпищащ Дагъыстэным и дин еджапIэхэм. Абы щIэныгъэ куу щызригъэгъуэтари зэфIэкI лъагэхэр къыщызыкъуихари еджагъэшхуэхэу Цагъуэ Нурийрэ Дым Iэдэмрэ ядэлажьэу щIидза нэужьщ.
Ди щIыналъэм совет властыр щагъэувыным ипэ къихуэу, Елбэдыр щылэжьат Бахъсэн дэта мыдрисэм, ныбжьыщIэхэм хьэрыпыбзэ яригъэджу. I9I6 гъэм абы жэрдэм ищIащ адыгэбзэр джынымкIэ гупжьей къызэIуихыну. А мурадыр и гъуэгугъэлъагъуэу, Цагъуэ Нурий бзэмрэ тхыдэмрэ ятеухуауэ кърита тхыгъэхэр и Iэдэжу, Хьэсэн иублащ а Iуэхушхуэр. Абдежым къыщыщIидзэри, Елбэдыр илъэс 50-м щIигъукIэ елэжьащ а унэтIыныгъэм. Абы и гуащIэ куэд хилъхьащ лъэпкъым бгъэдэлъ щIэныгъэм зегъэубгъуным, адыгэ тхыбзэм зегъэужьыным, бзэм и хабзэхэм хэлъ Iуэху зэхэмыбзхэр гъэтэмэмыжыным, курыт школхэм анэдэлъхубзэр зэрыщрагъэдж тхылъхэр егъэфIэкIуэным, бзэм епха нэгъуэщI Iуэхухэри зэпэщ щIыным.
А лъэхъэнэм егъэджакIуэу улэжьэну хуабжьу гугъут, сыту жыпIэмэ цIыхубэм къащыхъурт жылэхэм къыщызэIуах школхэм уи быныр екIуалIэмэ, ар кIэщIашу, гъащIэм хуаIэ гупсысэхэр зэхъуэкIа хъууэ, абы зэраныгъэ куэд лъэпкъым къыхуихьыну. НэгъуэщIхэми къалъытэрт егъэджэныгъэр лъэпкъышхуэм я бзэмкIэ егъэкIуэкIыпхъэу, ди алыфбейр зытет графикэм къытешауэ щIэблэр диным пэIэщIэ щIын папщIэ. ЗэхъуэкIыныгъэхэр нобэм къыздэсым щыкуэд егъэджэныгъэ IэнатIэм и лъабжьэр щагъэтIылъ зэманти, «Iуэху мыублэм хэс блэр» сыт хуэдэми зыми ищIэртэкъым. Абыи лэжьыгъэр лъэпощхьэпоуншэ ищIыртэкъым.
Дауэ хъуми, сыт хуэдэ гугъуехьхэр Iуэхум хэлъами, хэкупсэ нэсхэм лIыгъэщIапIэ яхуэхъуа а IэнатIэм и зыужьыныгъэм зэфIэкIыу яIэр ирахьэлIащ лъэхъэнэм и цIыху пажэхэм. Абыхэм ящыщт Елбэд Хьэсэн. Апхуэдэу псэемыблэжу Iуэхум хэтащ адыгэлI пэрытхэу Цагъуэ Нурий, ЩоджэнцIыкIу Алий, Борыкъуей ТIутIэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Къалэмыр тхылъым дэщIыгъуу зи Iэдэж а хэкупсэхэм ялъэкI псори ящIащ адыгэ лъэпкъыр щIэныгъэм и нурым хашэнымкIэ.
I939 гъэм Хьэсэн ирагъэблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутым къэбэрдеибзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм къыщызэIуахауэ егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ IэнатIэм и тхьэмадэу. Апхуэдэу Елбэдыр хыхьащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэм. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэми Хьэсэн зэпигъэуакъым иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэр, ахэр нэхъ кIащхъэ ищIами. I944 гъэм Хьэсэн ирагъэблэгъащ Къэбэрдей щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым икIи абы къэбэрдеибзэмкIэ и къудамэм и пашэу ягъэуващ. А гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс I5-кIэ, пенсэм кIуэхукIэ, а къулыкъум пэрытащ Елбэдыр. Адыгэбзэм и хабзэхэр зэтегъэувэным, ар къабзэу, шэрыуэу Iуным, къытщIэхъуэ щIэблэм анэбзэм и IэфIагъыр зыхащIэным лэжьыгъэшхуэ ирихьэлIащ Елбэдым. Лъэпкъ литературэм япэ лъэбакъуэхэр а зэманым хэзычэ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я къалэмыпэм къыпыкI тхыгъэхэм хэт псалъэ зэпхахэр, жыIэгъуэ щхьэхуэхэр щапхъэу къихьурэ, Елбэдым бзэм и лэжьакIуэхэр къыхуриджэрт адыгэбзэм и къабзагъым, грамматикэм и хабзэхэр ягъэзэщIэным гулъытэ хэха хуащIыным. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэ инхэм къадэкIуэу, Елбэд Хьэсэн сыт хуэдэ зэмани иригъэкIуэкIащ адыгэбзэр зэрегъэджыпхъэ методикэм и щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр. Апхуэдэхэм халъытэ Цагъуэ Нурийрэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ ядитха зэреджэ тхылъыр, нэгъуэщIхэри.
Зи анэдэлъхубзэм лъагъуныгъэ мыкIуэщI хузиIэу зи гъащIэр зыхьа Елбэд Хьэсэн лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжынымкIи. Елбэдым зэхуихьэсыжри итхыжауэ щытащ нарт пшыналъэхэм я вариант зыбжанэ. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, «Нарт Сосрыкъуэ», «Нарт Батрэз», нэгъуэщIхэри. КъинэмыщIауэ, Елбэдым Шортэн Аскэрбийрэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэмрэ я гъусэу игъэхьэзырат икIи I948 гъэм къыдигъэкIауэ щытащ «Къэбэрдей уэрэдхэмрэ псалъэжьхэмрэ» тхылъ гъэщIэгъуэныр. ЩIэныгъэ дунейм гулъытэшхуэ щыхуащIащ Елбэд Хьэсэн ЩоджэнцIыкIу Iэдэмрэ профессор цIэрыIуэ Яковлев Николайрэ щIыгъуу зэфIиха лэжьыгъэшхуэм: къэбэрдей псалъэжьхэр алфавиткIэ зэкIэлъахьри, урысыбзэкIи зэрадзэкIыжауэ щытащ. Ахэр Къэбэрдей щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым къыдигъэкI «Учёные записки» щIэныгъэ журналым ихуащ.
Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм хуищIа хэлъхьэныгъэ иныр къалъытэри, Елбэд Хьэсэн къыфIащауэ щытащ «КъБАССР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБАССР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр. Еджагъэшхуэм, лъэпкъ узэщIакIуэм къыхуагъэфэщащ «ЩIыхьым и дамыгъэ», «ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь» орденхэр, «Псэ хьэлэл лэжьыгъэм папщIэ» медалыр, нэгъуэщI дамыгъэхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.
Апхуэдэт Елбэд Хьэсэн Увжыкъуэ и къуэр, узэщIакIуэ цIэрыIуэр, еджагъэшхуэр, къэхутакIуэ емызэшыр, щIэныгъэ лэжьакIуэ IэкIуэлъакIуэр.