Щыхьэтхэр нэхъыбэ мэхъу

Пасэрей меотхэм я тхыдэр зэфIагъэувэжын папщIэ, Адыгейм щрагъэкIуэкI щIытIхэм нэхъуеиншэу кIэлъыплъхэр мащIэкъым. IэмэпсымэщIэхэм я фIыгъэкIэ, археологхэм я Iэмалхэр кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу. «Дапхуэдэу зэрыщытар ди адэжьхэр?» упщIэм и жэуапыр зыфIэмыгъэщIэгъуэн щыIэу ди фIэщ хъуркъым. 

Адыгейм щыIэ Азиш къуршым археологхэм илъэситI ипэкIэ къыщагъуэтауэ щытащ пасэрей меотхэм я кхъэлъахэ. ЩIэныгъэлIхэм къаIэрыхьат гъущIымрэ домбеякъымрэ къыхэщIыкIа хьэпшып 22-рэ. 
 «Азишский-I6» археолог хэщIапIэм 2023 гъэм къыщыщIатIыкIауэ щыта хьэпшыпхэр домбеякъ лъэхъэнэ пасэм хуэпхь хъуну хуагъэфэщат. Радиоуглерод къэпщытэныгъэхэм къигъэлъэгъуауэ щытащ ахэр ди эрэм ипэкIэ X-IX лIэщIыгъуэм псэуахэм зэрахьэу зэрыщытар. А щIыпIэм пэмыжыжьэу иджыри зыгуэр къызэрыщагъуэтынум щыгугъыу, археологхэм лэжьыгъэм пащащ икIи тхыдэ напэкIуэцIыр нэхъри нэхъ IупщI хъуащ мы махуэхэм. Иужьрей щIытIхэр щыхьэту къоув абдежым пасэрей псэупIэ гуэр зэрыщыIамкIэ. Илъэс блэкIарат къатIын щыщIадзар кхъэлъахэм къыбгъэдэт щIыпIэри, цIыкIуу хэщIапIиплIрэ зы нэхъ инрэ къагъуэтащ. 
Сыт щIэуэ къащIар? Япэрауэ, кхъэлъахэм къыщIаха хьэдэ къупщхьэхэр зей цIыхухэр зауэлIу щытауэ хуагъэфэщэжыркъым. Ахэр щакIуэт е Iэщыхъуэт. ТIыгъэм къыщагъуэтащ къупщхьэм къыхэщIыкIа шабзэшэхэр, тхыпхъэкIэ гъэщIэрэщIа хьэпшыпхэр, псэущхьэхэм я къупщхьэхэр. Абыхэм я фIыгъэкIэ Iэщыхъуэхэм зэрахуа псэущхьэ хъушэхэр зыхуэдамрэ абдежым щысахэр зыхэпсэукIа Iэмалхэмрэ яубзыхуащ. Адыгейм и бгылъэ щIыпIэхэм исауэ зыхуагъэфащэ пасэрей меотхэм хуахь къэхутэныгъэм къигъэлъэгъуахэр. 
НобэкIэ къащIам тепщIыхьмэ, абыхэм Iэщышхуэрэ нэхъ цIыкIухэмрэ ягъэхъуу щытащ: мэлхэр, мэз бжэнхэр, къурш бжэнхэр, кхъуэхэр, шы мыин дыдэхэр. 
Археологхэм къагъэщхьэпэ Iэмалхэми махуэ къэс щIэхэр къахохъуэ. ИщхьэкIэ къыщыхьа гупсысэм хуэкIуэн папщIэ, абыхэм цIыхухэр щыпсэуа щыта щIы щхьэфэр щIагъэпщри, пасэрей меотхэм къагъэкIыу е къагъэщхьэпэ къудейуэ щыта удзхэр къыхацIыхукIащ. А Iэмалым урысыбзэкIэ зэреджэр «флотацие»-щ. 
Мы къэхутэныгъэхэр «Кавказ Ищхъэрэр домбеякъым и лъэхъэнэ кIасэмрэ гъущIым и лъэхъэнэ пасэмрэ зэрыщытар: цIыхухэр, шыхэр, гъущIыр» проектым хэту ирагъэкIуэкI. Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Канторович Анатолэ и унафэм щIэт Урысейм и щIэныгъэ фондыр арэзы техъуа нэужь, лэжьыгъэм пэрыхьащ Адыгейм щыIэ IуэхущIапIэм и къудамэр. 
РАН-м АрхеологиемкIэ и институтым и щIэныгъэрылажьэ нэхъыщIэ Сергеев Алексей зэрыжиIэмкIэ, «флотацие» IэмалымкIэ пасэрей меотхэм гъавэу яIар зэхагъэкIыну щыхуежьэм, хьэрэ «гуэдз хьэдзэ закъуэ» жыхуаIэм хуэдэрэ къагъуэтащ. Мы иужьрейр пасэ дыдэу къагъэкIын щIадза гъавэ лIэужьыгъуэщ, илъэс мини 9-10 хуэдиз мэхъу цIыхум ар зэрыхисэрэ. Джэш лIэужьыгъуэ гуэрхэри къагъуэтыжащ. 
ДяпэкIэ ирагъэкIуэкIыну къэхутэныгъэхэм наIуэ къащIынущ Кавказ Ищхъэрэм гъавэ щагъэкIыу зэрызыщрагъэсар, пасэрей меотхэм губгъуэм къыщагъэщхьэпэ Iэмэпсымэхэр зыхуэдар, я гъунэгъухэм я ерыскъымрэ мыбыхэм еймрэ зэрызэщхьэщыкIыу щытар. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: