Пшыналъэ цIыкIухэр

ТхакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн «Пшыналъэ цIыкIухэр» зыфIища и тхыгъэ Iэрамэм гурыщIэ дахэм и дунейм ухашэ. Абыхэм зэми гур ягъэпхъэр, зэми ягъэнэщхъей, апхуэдэ щIыкIэкIи тхакIуэм къегъэлъагъуэ лъагъуныгъэм лъэныкъуитI зэриIэр - дыгъафIэрэ дыгъэмыхъуэрэ. «Пшыналъэ цIыкIухэр бзэ дахэкIэ тхащ, еджэгъуафIэщ, узыщIагъэгупсысыжу апхуэдэщ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ фи пащхьэм идолъхьэ.
 
Зэгуэрым (абы лъандэрэ куэди фIыуэ зэрылъэгъуащ, куэди зэрышащ, куэди зэбгъэдэкIыжащ) губгъуэм ситу сыздэкIуэм, зы удз гъэгъа цIыкIу къэслъэгъуащ, и тхьэмпэхэр шэджагъуэ хуабэм игъэхулауэ. Нышэдибэ ар дахэ дыдэу зэрыщытар иджыри и теплъэкIэ къапщIэрт. Сэ абы сыфIэкIакъым. «ЩIыр зыгъэнакъыгъэу, щIэр къэзыгъэблагъэ дахащэ», - жысIэу сигури си псэри сIихащ. Дуней исыжым ар къезгъэлыну мурад сщIащ. Уэшх игъуэтамэ, дауи, ар езыр-езыру къэщIэрэщIэжынт, ауэ уафэр апхуэдизкIэ пцIанэти, фIэщ хъугъуейт абы пшэ къытрихуэу уэшх къешхыну. Сэ псы лъыхъуакIуэ сежьащ, къэсхьу удз гъэгъам щIэскIэну.
Куэдрэ къэскIухьа, мащIэрэ къэскIухьа, сытми сеша-селIауэ, къурш псынэ къабзэ сыхуэзэри, къызэрысхьын сымыгъуэту, си Iум из сщIащ. Мы махуэ хуабэм а псы ткIуэпсым си тэмакъ гъущIар щIэхъуэпсырт.
СыкъыздэкIуэжам, удз гъэгъа цIыкIум и щхьэр къыфIэхуауэ щытт, и псэр хэкIыным нэсауэ. Сэ ар псы тIэкIу езгъэIубащ, икIи тезгъазэурэ къыхуэсхьащ. Абы къыщыщIэдзауэ удз гъэгъам сыдихьэхащ, махуэ къэс къуршыпс къабзэ IукIэ щIэскIэ хъуащ. Ар къэщIэрэщIэжырт, махуэ къэс нэхъ лъагэ хъурт. Апхуэдэурэ, ар сэ нэхърэ нэхъ лъагэ хъуащ. Махуэ гуэрым, адрей махуэхэм хуэдэу, псы тIэкIу къэсхьауэ сыздэщытым, къысхуеплъэкIри, жиIащ:
- Сыхуейкъым уэ къысхуэпхь псы тIэкIум, сэ си псыхуэлIэр абы иригъэкIыжыркъым. Модэ си щIагъ щIэт цIыкIухэм ирегъэф ар, ахэращ мащIэмкIи гуфIэр.
Ар жиIэри, и щхьэр дригъэзеящ.
Пшэ фIыцIэжьхэм уафэр яуфэбгъуат.
- Еплъыт! – жеIэ пагэ хъуам, - иджыпсту уэшх куэду къыстешхэнурэ, зызгъэнщIыжынущ, уэ къэпхь тIэкIур сэ сыт схуэхъун!
Си Iум ит къурш псынэ къабзэр адрей удз цIыкIухэм ящIэскIэри, хуэму сыкъежьэжащ.
СыкъыздэкIуэжым, уэшх тIэкIу уафэм къызэпхидзу хуежьащ. Сэ лъэбакъуэ псынщIэ зыкъэсщIащ, уэшхым зыхезмыгъэубыдэну. Унэм сыкъыщысыж дыдэм, уэшхым щигъэтыжащ, гъуэгу сабэр игъэтIыса фIэкIа лъэкIа щымыIэу.
Жьапщэрыхь пшэжьхэр уэгужьырызекIуэщи, щIылъэ шхий зехьэщ жаIэ игъащIэми. А махуэм къыщыщIэдзауэ, шэджагъуэр нэхъ щэху щыхъу зэманым сэ зэхызох губгъуэ лъэныкъуэмкIэ къиIукI макъ: «Псы сыхуолIэ!»
Сэри, ар зэхэсхыху, си гур мэуз, ауэ абыкIэ си лъэм сихьыжыркъым.
***
Уэ угъыну ущыхуейкIэ, гъы-тIэ, си псэ! Тхьэмпэ цIыкIухэм пылъ пщэдджыжь уэсэпсым хуэдэу, уи нэбжьыц фIыцIэхэм нэпс ткIуэпс цIыкIухэр прецIуукI. Сэ дыгъэ зысщIынщи, сыхуэсакъыпэурэ ахэр пысхынщ. Уэ угуфIэну ущыхуейкIэ, гуфIэ-тIэ, си псэ. УдзыщIэ къэгъэгъам зэрыщхьэщытым хуэдэу, сэ мазэгъуэ дахэу сыкъыпщхьэщыувэнщ. Уэ укъызэплъурэ гухэлъ щIы. ИтIанэ, си псэ, къикIут уи гум ит лъагъуныгъэ хышхуэр, сэ кхъухь зысщIынщи, сынытехьэнщ.
***
«Ди гъунэгъур пщэдей къэкIуэжыну жаIэ. Сыту фIыт! Сэ Iейуэ абы сыхуэзэшащ. Абы сыкъицIыхужыну пIэрэ? Ар илъэситху ипэкIэ сыкIэлъыплъу езгъэжьат. Езыри къаплъэрт: «Ин ухъуа нэужь, хъыджэбз дахэ дыдэ ухъунущ уэ», - жиIэу. Ар махуэу къыдэмыхьэжтэмэ, арат. Гъуэлъыжыгъуэм фIэкIауэ къэсыжамэ, нэхъыфIт. Ди дежкIэ щыблэкIыжкIэ си щхьэгъубжэр блэуэ езгъэлъагъунт, си шэгъуэ хъуауэ жейм сызэремызэгъыр къезгъэщIэну».
«Уа, си хъыджэбз, сыту уделэ уэ! Щхьэ умыгъуэлъыжрэ? Жэщ ныкъуэм фIэкIащ».
«Сэ, мамэ, уэздыгъэр згъэункIыфIын сошынэ».
***
«ЛIо, ухущIэмыхьэу ара? Дапщэрэ сынолъэIуа: «Зэгъусэу тIэкIу къэдгъэкIухь, ди Iэпэр зэрыIыгъыу», - жысIэурэ? Илъэс дапщэ хъуауэ сынолъэIурэ. Щхьэ апхуэдизрэ зыбгъэпагэрэ уэ!»
«Сэ зызгъэпагэу аракъым. ПщыхьэщхьэкIэ уэрамым фызыжь куэд тесщ».
«ЛIо-тIэ, абыхэм уащышынэу хьэмэрэ уащыукIытэу ара?! Хъунщ-тIэ, сэ уэзгъэлъагъунщ сщIэр. Пщэдей сыкIуэнщ си ныбжьэгъу сурэттехым дежи, уи сурэт езгъэщIынщ сэ схуэдизу».
«Сыт щхьэкIэ?»
«Дахэм хуэдэу, ар гу цIыкIу ислъхьэнщи, уэрамым къесшэкIыу сыдэтынщ, псоми езгъэлъагъуу».
 
***
«Уэ уежьэжри, си нэпс мыухым гур игъэгъущауэ щхьэгъубжэм сыIутт, гъуэгушхуэм сынриплъэу. Ауэ уэ къэбгъэзэжынт? Уэ сыту сыпщIыжынт? Сэ си уэрэдхэр жысIэн сухат, си удз гъэгъахэр пыгъукIыжат, си гум жьауэ имыдзыж къыпфIэщIырт.
Хэтыт а псор зи лажьэр? Уэракъэ унэм сыщIэзыгъэсар бжэи щхьэгъубжи Iузумыгъэхыу. Дыгъэпс къыстребгъэдза, акъужь къабзэ къысщIебгъэхуа а гъэхэм? НапIэ дэбдзейуэ къебдзыхыжыхущ зы гъащIэр. Иджы уэ сыножьэжыркъым, ауэ сытми щхьэгъубжэм сыIусу аращ, блэкIам сакIэлъыплъыжу. Догуэт! Мыр сыт? Тобэ, тобэ. Тхьэрыкъуэ дахащэ си щхьэгъубжэм къытетIысхьащ. Сыт, си псэ, умэжалIэрэ, упIыщIэрэ, хьэмэрэ къэплъэтыхьурэ уеша? Ей, си хьэщIэ лъапIэ… (Ар зимыгъэхъейуэ къызоплъри щысщ). Сыт апхуэдизу укъыщIызэплъыр?.. Си гум къеуэн щIедзэж… Сыт мы уи нитIыр зищIысыр?.. ЦIыхунэ?.. Ухэт уэ? Ей, тхьэрыкъуэ цIыкIу, ухэт уэ? Си гум Iущащэу щIедзэж… Ей, тхьэрыкъуэ, тхьэрыкъуэ…
Сэ сыщыIэбэм, ар мэлъэтэжри дыгъэпс мэхъуж.
Си гур абы игъэпIейтеящ… Си гум уэрэд гуэрхэр къришу щIедзэ. Си гум аргуэру уэрэд къреш!.. Си гум и уэрэдым къыщIедзэж, си псэ! Сыту гъэщIэгъуэн мы дунейр: напIэр дэбдзейуэ къебдзыхыжыхукIэ гъащIэ псо мэхъу.
***
Си гур мэжеиж, си псэ, уэ укъонэ. Ауэ а уи къэнэнми сыт гуфIэгъуэшхуэу хэлъыр?! Сэ сынэщхъейуэ гъащIэ псор схьащ, пхузиIэ лъагъуныгъэр уэрэд сщIыурэ. Уэ а уэрэдхэм щыщу зы жыпIакъым! Сыт сщIэн-тIэ, ирежеиж си гур. Сэри зы гъащIэ есхьэкIащ. Къренэ ар уэрэду.
ПщIэну щыткъым, зэгуэр уи сабийм и гущэ лъапэм деж ар дзапэ уэрэд щыпхуэхъужынкIи хъунщ, жэщыр кIыхь къыщыпщыхъум деж. Уэ укъонэ, ауэ а уи къэнэнми сыт гуфIэгъуэшхуэу хэлъ?!
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также: