«НЭФIЫЦIЭ»

- Мы уэрэдыр ди гъащIэм къызэрыхыхьэрэ илъэс блыщIым щIигъуащ. И къежьапIэ хъуар къыщыслъыхъуэм, срагъэдэIуащ абы и тхыдэм теухуауэ КъардэнгъущI Зырамыку пленкэм тригъэтхэжа хъыбарым. Ар нэхъ гъэкIэщIауэ фи пащхьэ изолъхьэ, - щыжеIэ «Зы уэрэдым и хъыбар» теленэтыным и зи чэзу къыдэкIыгъуэм КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ. 
 «1945 гъэм, Хэку зауэшхуэр иухыу къэзгъэзэжа нэужь, си ныбжьэгъу щIалэ си гъусэу Налшык дэт шхапIэхэм ящыщ зым сыщIыхьат, - щыжеIэ хъыбарым Зырамыку. - Абы щIэст зы пшынауэ щIалэ. ЛъэпкъкIэ ар татхэм ящыщт, Навахов Щамилт и цIэр. Мис абдеж япэ дыдэу абы игъэзащIэу «НэфIыцIэ» уэрэдым и макъамэр щызэхэсхащ.
1949 гъэм унафэ ящIащ адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсыжын хуейуэ. ИкIи а гъэ дыдэм гъатхэпэм и 3-м Къэбэрдейм къуажэу итыр къызэхэткIухьын щIэддзащ. Джылахъстэнейм щедгъэжьауэ дыкъекIуэкIыурэ Куба дыкъэсауэ зи ныбжьыр илъэс 17-м ит Дал ФатIимэт пшынэкIэ дежьууэ мы уэрэдыр дигъэтхауэ щытащ. Ар радиом щIэх-щIэхыурэ къатын щIадзащ икIи цIыху куэд къытхуишащ: «Мы уэрэдыр дэращ зейр», - жаIэурэ. Ар икIи гурыIуэгъуэщ. Зы едзыгъуэ зым итхрэ зыщIыпIэ щыжиIамэ, адрей къыкIэлъыкIуэр зэман гуэр дэкIауэ нэгъуэщIым щиусыжи щыIэт. Апхуэдэущ цIыхубэ уэрэдхэр зэраусу щытар. 
1956 гъэм уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу ШэджыхьэщIэ Лолэрэ Къудей Фаризэтрэ зэгъусэу уэрэдыр ягъэзащIэу ирагъэтхри, радиом и гъэтIылъыгъэм халъхьащ. А зэманым къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым ущIэмыупщIэ ар зыгъэзэщIа уэрэджыIакIуэм я бжыгъэм!» 
Илъэс 72-рэ зи ныбжь уэрэдыр нобэми щIэщыгъуэщ. Ар ягъэзащIэ ЗэшэкIуу Розэ, Тхьэгъэлэдж Светланэ, нэгъуэщIхэми.
 
 
***
Шыгъуэ цIыкIуми и щхьэр ещI(ы)рэ,
Сэ хэт мыгъуэмэ зыхуэсщIыну.
Си НэфIыцIэми сытокIуадэ мыгъуэ, уей.
 
Лъагъуныгъэр мыдахагъэ,
Лъагъуныгъэр мыIеягъэ,
Си псэм IэфIурэ уилъэгъуащ иджы, уей.
 
Пшынэ макъыр гум сфIыхохьэ,
Псэм хыхьауэ лъагъуныгъэр
Уэ пхуэсщIатэкъэ, си НэфIыцIэ жи, уей.
 
Бэлътоку кIапэр хызодыкIыр,
Си нэпситI(ы)ри къысфIыщIэкIыурэ,
Си НэфIыцIэр спагъэкIащ иджы, уей.
 
Услъагъуну си нэр къокIыр,
Услъэгъуами си фэр покIыр.
СыптолIапэри, си НэфIыцIэ жи, уей.
 
СыкъыщIокIри, мазэм соплъри, 
СыщIохьэжри, согъуэлъыжыр,
Семызэгъыурэ нэху согъэщ иджы, уей.
 
Си НэфIыцIэри яфэдахэкъым,
ЩIалэ дахэри зыми ядэкъым,
Псэм фIэIэфIыр нэм фIэдахэщ жи, уей.
 
Сыдоплъейри, вагъуэр собжыр,
ЩIалэу щыIэр зэпэзвгъэбжи,
Си НэфIыцIэри къыслъывгъэс мыгъуэ, уей.
Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: