Да Винчи Леонардэ и Iуэтэж кIэщIхэр

Телъыджэ гуэру ди зэманым къэсащ Да Винчи Леонардэ и тхыгъэ манускрипт лъапIэхэр. Абы и литературэ щIэиныр напэкIуэцI мини 7-м щIегъу, ар зылъэгъуахэм къызэраIуэтэжымкIэ, сурэтыщӏ цӏэрыӏуэм и тхыгъэхэр елӏалӏэу, егугъуу напэкIуэцIым къытринащ.

Да Винчи Леонардэ и Iуэтэж кIэщIхэм къыщыгъэлъэгъуар махуэ къэс ди гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэ гуэрщ, акъыл, Iущыгъэ, губзыгъагъэ къызыхэпхынщ. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ абыхэм ящыщ зыбжанэ. Ахэр зэридзэкIащ тхакIуэ Хьэту Пётр.

Дзыдзэ

Зэгуэр дзыдзэр, и фащэ хужь дэгъуэр къыщылъыдыкIыу, бажэр шхэуэ здэщытым деж блэжырти:

– Къеблагъэ! УзрихьэлIэр шхыныфIщ, жаIэ. КъыхэIэбэ си пшэрыхьым. УмыукIытэ! – жреIэ абы зи ныбэ ирикъуу хьэлэл хъужа бажэм.

– Уи хьэлэлщ! – езым и фIагъхэр зэхищIыкIыжу, жэуап итыжащ дзыдзэм. – Сэ сышхакIэщ.

– Уэ-хьэ-хьэхь! – дыхьэшхащ бажэр. – Фэ, дзыдзэхэм, нэхърэ нэхъ нэмысыфIэ, нэхъ Iэдэб зы псэущхьи дунейм щыбгъуэтынкъым. Сыту фыкъабзэлъабзэIуэ-тIэ фэ лъэпкъыр! СогъэщIагъуэри схуэухыркъым. Махуэм зэ фIэкIа фышхэркъым, фымэжалIэмэ нэхъ къывощтэ, чэщейуэ нэр зыгъэджыл фи джэдыгу тIэкIур фымыуцIэпI закъуэмэ.

Абы хэту, зэуэ абдеж, къыздикIари къыздихуари умыщIэну, щакIуэхэр къыкъуэкIащ. Цыплъыр напIэзыпIэм бзэхащ – щысаи, щымысаи? Дзыдзэми щхьэмыгъазэу и зыхъумэжыпIэмкIэ иунэтIащ.

Ауэ шэджагъуэ дыгъэм уэсыр игъэткIуати, дзыдзэм и гъуэм, пщэдджыжьым къабзэлъабзэу щытар, фIеипсымрэ ятIэмрэ щIэз хъуат. Уэсчэсей псэущхьэ цIыкIум, и фэр имыуцIэпIын щхьэкIэ, къэIэнкунри тIэкIу зиIэжьащ… Ауэ а напIэзыпIэ тIэкIури щакIуэхэм ярикъуащ я фоч трагъэпсэну.

ЗэпIэзэрытыгъэр зэкIэлъымыкIуагъэ-икIагъэм ущызыхъумэ хьэл-щэнщ. Дзыдзэ пагэми хэкIуадэмэ нэхъ къещтэ, и къабзагъэм ныбжь тригъадзэ нэхърэ.

Бэджымрэ жызумеймрэ

Бэджыр махуэ зыбжанэкIэ гъудэ-бадзэм къызэралъэтыхьым якIэлъыплъри, гу лъитащ нэхъыбэу ахэр пшэм хуэдэу жызумейм зэрыщхьэщытыр.

«Мис иджы зыфIыгъ, си IэфI цIыкIухэ!» – жиIэри, бэджыр къыпыгуфIыкIыурэ жызумей къуэпсымкIэ и щхьэкIэм дэпщеящ. Мэ гуакIуэ къызыпих жызум Iэрамэ нэхъ иным хъы быдэ кIэрищIэри, езым Iэрамэ кIуэцIым жызум щIыIэтыIитIым я кум зыщиудыгъуащ.

Щэхурыпхъуэ бзаджэр, и къуэгъэнапIэм зэкъуэхуауэ къыкъуэжурэ, зэрыхуэ псэзэпылъхьэпIэм гу лъызымытэххэ, жызум хъуам къыпих мэ гуакIуэм фIэкIа зыри къызыфIэмыIуэху гъудэбадзэм теуэрт. Апхуэдэурэ ныбаблэ бэджым гъудэбадзэ куэдыкIейм я псэр игъэнащ; абы и хьилагъэ бзаджэри къыхуэгъурт.

Ауэ мис иджы жызум Iухыжыгъуэм и чэзури къэсащ. Жызумыр апхуэдизкIэ бэгъуати, жызумгъэкIми лэжьыгъэшхуэ къыхудэкIащ. И хадэ сэ жанымкIэ IэкIуэлъакIуэу лажьэурэ, абы жызум Iэрамэхэр пиупщIырт. Бэджым зыщиущэхуа Iэрамэри къыпиупщIащ. Арыххэуи, а Iэрамэри и матэшхуэм ихуэри, нэгъуэщI Iэрамэ пIащэхэм щIахъумэжащ.

Апхуэдэу жызумыр ныбаблэ бэджым и къапхъэн-гъэпцIапIэу къыщIэкIащ. Бзаджэу нэгъуэщIхэм хъы яхузэIуищэрти, езыр а хъым ихуэжри, абы щызэхапIытIэжащ.

ЧыпцIэпщхьэпэхэмрэ БзуупцIэхэмрэ

ЧыпцIэпщхьэпэр, и бэшэчагъ псор фIэкIуэдауэ, зэгуэпырт. И мэракIуэ ткIыбжьхэр зэрыхъу лъандэрэ бзуупцIэ щхьэгъэужэгъу нэмысыншэхэм ягъэпсэуртэкъым. Абыхэм, гупышхуэ зэрыгъэхъуауэ, махуэ псом къауфэрэзыхьырт, я пэ, я лъэбжьанэ быдэжьхэмкIэ и къудамэхэр гущIэгъуншэу кърафыщIэхырт.

– КхъыIэ, сынолъэIу! – къэлъэIуащ чыпцIэпщхьэпэр, нэхъ къыщыхьэ бзуупцIэм зыхуигъэзау. – СощIэ, си мэракIуэхэр уэ зэрыпфIэфIыр. УрикъухукIэ шхы, сэ абыхэм сыщысхьыркъым. Ауэ си тхьэмпэхэм уемыIусэ. Къыпумыч! Сэ а си тхьэмпэхэм дыгъэ гуащIэм сыщахъумэ. Уи лъэбжьанэ жанхэмкIи си фэр иумых, сызэхыумыфыщIэ!

Чыцэ жыг цIыкIур зэлъэIуар гупым, я нэхъ зэуэрейуэ, нэхъ угъусыз дыдэрати, абы жиIар игу ирихьакъым.

– Уи жьэр зэтепIэ, зыри къыщомыупщIкIэ! Ар езы щIыуэпсым апхуэдэу дыкъигъэщIащ – уэ къыппыкIэ мэракIуэр сэ гухэхъуэу сшхын хуейуэ. ИтIанэ, сыт уэ пхъэ кунэфым а псор къыбгурызгъаIуэкIэ! ЩIымахуэм уэ пхъэгъэсын уащIыжынущ…

Апхуэдэ жэуапыр щызэхихым, чыпцIэпщхьэпэр нэхъри нэщхъей хъури къэгъащ.

Ауэ абы и ажалыр къэсауэ къыжезыIа езы еIуящIэ бзуупцIэр бзуубыдым и ныбгъуэхьэшым ихуащ. ЦIыхум къиубыда бзур чы хъарым иригъэтIысхьэщ, чыпцIэпщхьэпэм къудамэ лантIэ цIыкIу зыбжанэ къыгуищIыкIри, бзур къимыкIыфыну, абыхэмкIэ игъэбыдэжащ.

Апхуэдэу чыпцIэпщхьэпэр аргуэру лейзехьэм IущIэжащ. Ар иджы хъарым нэщхъейуэ исщ – быбыркъым, быщыркъым. Ауэ чыпцIэпщхьэпэм зыри жиIакъым, абы игу къэкIыжащ ар езыр щынэхъ чыцэ щIалэм зэхиха псалъэхэр: щыгъын хуабэм щыуаем деж укъызэригъэлым хуэдэу, шыIэм, бэшэчагъым губгъэным ущехъумэ. Уи бэшэчыгъэмрэ уи псэ мамырыгъэмрэ гъэбагъуи, губгъэныр, дапхуэдэу ар дыджу щымытми, уэ къыплъэIэсынукъым.

ХынэщIэпкIэмрэ дзыгъуэмрэ

Зэгуэр хынэщIэпкIэр бдзэжьеящэхэм я хъым ихуэри, абыхэм къаубыда бдзэжьей къомым яхэлъу хы Iуфэм Iут я унэ цIыкIум къыщIэхутащ.

«Мыбдеж дэ псоми ди ажалым фIэкIыпIэншэу дыщыIущIэнущ», - нэщхъейуэ егупсысащ ар, лъэгум иракIутауэ псы зымыгъуэтхэм я жьэр яущIу, бэуапIэ ямыгъуэтыжрэ пIэтIауэу – я псэм еджэу – Iуащхьэу щызэтелъым хэплъэурэ. Абы хэту, къыздикIари къэщIэгъуейуэ, зы дзыгъуэ цIыкIу къыкъуэхуащ.

– Ей, си псэр зэзгъэшхын, дзыгъуэ цIыкIу, мыдэ къызэдаIуэт! – къэлъэIуащ хынэщIэпкIэр. – Уэ узэрыгухьэлэлыр сощIэ… КхъыIэ, гущIэгъу къысхуэщIи, хы Iуфэм сыхьыж!

Дзыгъуэм, мобы и Iуэхур зыIутыр къыгурыIуэу, зэпиплъыхьащ: нэщIэпкIэр пIащэт икIи дахэт, илри, шэч зыхэмылъыжу, пкъыщIэщ икIи IэфIщ.

– Хъунщ, – арэзы хъуащ дзыгъуэр, тыншу къыIэрыхьэ пшэрыхьым хэбэгыкIын мурадыр иIэу, нэхъри ар езыри и IэмыщIэм къихьэрт. – Ауэ, пщIэрэ, – жиIащ дзыгъуэм, – сэ хым нэхъ тыншу усхьын щхьэкIэ, уи IупIэхэр къызэIух. Армыхъумэ уэ апхуэдэу уубыдыпIэншэу усхуэхьынукъым.

Хьилэшы бзаджэр апхуэдизкIэ и фIэщ ищIу псалъэрти, хынэщIэпкIэр, къэгуфIащэри, дзыхь хуищIу зыкъызэIуихащ. Асыхьэтуи дзыгъуэм, лыр дзэкIэ нэхъ быдэу иубыдын щхьэкIэ, и нэкIу папцIэр хынэщIэпкIэм и кIуэцIым ириIуащ. Ауэ, пIащIащэри, сакъын зэрыхуейр щыгъупщэжащ, – хынэщIэпкIэм, Iуэхум хьэрэмагъ хэлъу шэч ищIри, напIэзыпIэ игъуэтащ, къапхъэным иубыдам хуэдэу, быдабзэу дзыгъуэм и щхьэри диубыдэу, зызэIуипIэжыну. Дзыгъуэр узым ину щигъэкIийм, гъунэгъуу щыIэ джэдум абы и макъыр зэхихри, зэ пкIэгъуэм пцIыупсыр къиубыдащ.

ЗэрыжаIэщи, хьилагъэ зехьэ, ауэ уи кIэри хъумэ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также: