«ПцIыр лъакъуэ кIыхьу сэ къызжаIэ»

Зэчийр цIыхум къыдалъхурэ ар и егугъуныгъэкIэ и гъащIэм щызригъэхъулIэрэ зэхэдгъэкIыну дыщыгупсысэ щыIэщ. Абы теухуа зы Iуэху еплъыкIэ гъэщIэгъуэн иджыблагъэ дрихьэлIащ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Тхьэгъэзит Зубер зы интервьюм щыжиIэгъауэ.

«Зэчий, зэчий… Иджыри къэс зыми къимыщIэфа щэхущ ар зищIысыр. Псом япэу къалэмыр къозыгъащтэр лъагъуныгъэу къыщIэкIынщ. Уи анэм, щIыгум, жыгым, дыгъэм, уи псэр зыкIэрыпщIа хъыджэбзым къигъэуш лъагъуныгъэм. ИтIани лъагъуныгъэ зигу илъ псори усакIуэ щхьэ мыхъурэ? Къуэш нэхъыжь сиIащ, сэр нэхърэ мынэхъ мащIэу дунейри гъащIэри фIыуэ илъагъуу, ауэ зы сатыр игъащIэм итхакъым. Си къуэш нэхъыщIэри аращ – ар щIэныгъэлIщ, тхакIуэщ, ауэ усэм игу хуэкIуакъым зэи. Е мес КIуащ БетIал, усакIуэшхуэр, доцIыху псоми, ар Старэ Шэрэдж къыдэкIащ. Сыт БетIал усакIуэ хъууэ и гъунэгъур щIэмыхъуар? Зыпс ефат, зы уафэ, зы вагъуэбэ, зы щIылъэ я нэхэр теплъызат, итIани… СщIэркъым, сщIэркъым. ЦIыху къэсыхукIэ зы Iуэху и пщэм дэлъу къигъэщI хъунщ.

ИтIанэ, сыт хуэдизкIэ зэчий убгъэдэмылъми, лэжьыгъэ хьэлъэр абы щIымыгъумэ, уи зэчийри зым щымыщу кIуэдауэ аращ. Мыдэ уи гум къыпылъадэрэ птхырэ уежьэжу жыхуаIэр – ар пцIырыпцIщ. Апхуэдэ къабзэу сыхьэтийм щIэбдзэрэ сыхьэтитхум хуит ухъужу - ари зэчийм зыкIи епхакъым. Мис сэ махуэу сытхэркъым. Соджэ, нэгъуэщI Iуэху зызохуэ. Жэщыбгым нэблэгъакъэ - си зэманыр къос. Жэщ псоми, жэщ-махуэкIи ущылажьэ къохъу, ущымылэжьэххи щыIэщ. Уи гур къомыIэмэ, къалэмыр зэкIэ гъэтIылъи нэгъуэщI гуэр зехуэ, армыхъумэ уи Iэпэм къыщIэпфыкIар усэкъым», - жиIащ абы.

Дэ шэч къызытедмыхьэращи, езы Тхьэгъэзитыр Тхьэр зэчийкIэ зыхуэупсат, абы и щыхьэтщ и къалэмыпэм къыщIэкIахэр:

КъызжаIэр хъуркъым сэ си фIэщ

ЦIыху Iей дунейм щыкуэду жаIэ, -

КъызжаIэ пэтми - мыхъу си фIэщ.

ЦIыхуфI дунейм щымащIэу жаIэ,

КъызжаIэ пэтми - мыхъу си фIэщ.

ПцIыр лъакъуэ кIыхьу сэ къызжаIэ,

Къыстежу къэхъуми - мыхъу си фIэщ.

ПэжыIэр кIэщIу сэ къызжаIэ,

Ар згъэунэху пэтми - мыхъу си фIэщ.

ЦIыхубзэр тIасхъэу сэ къызжаIэ,

СыIууэ пэтми - мыхъу си фIэщ.

ПэжыIэр кIэщIу сэ къызжаIэ,

СыIущIэ пэтми - мыхъу си фIэщ.

Зэшыгъуэ къыстеуэну жаIэ,

Сигу мафIэ илъщи - мыхъу си фIэщ.

Сэ жьыгъэ къысхуэкIуэну жаIэ,

Ар - сиIэщ къуэи - мыхъу си фIэщ.

Дунейр къутэну сэ къызжаIэ,

Ар - сэ сытетщи - мыхъу си фIэщ.

СылIэну куэдым сэ къызжаIэ,

Ар - слъэкI солэжьри - мыхъу си фIэщ.

НэгъуэщI уэ пхуэдэ мы щIым теттэм

Пщэдджыжьым дыгъэ къыкъуэмыкIтэм,

Сэ уи нэкIу бзыгъэр сщхьэщыкIынт.

Пщыхьэщхьэм вагъуэ къыщIэмыкIтэм,

Си нэм уи нагъуэр зэ щIэкIынт.

Псэм дыхьэ жьыбгъэм Iэ здимылъэм,

Уи Iэпэ щабэр сщыгъупщэнт.

Си гум къурш бзэншэхэр къимыплъэм,

Сигу щыуиIэ гъащIэм хэт пищэнт?

Сэ хьэуа къабзэ жьэдэзмышэм,

Уи бзэ IэфIагъыр сигу икIынт.

Бзу зи цIэ уэгум щымыушэм,

Уи уэрэд гуапэм сыпыкIынт.

Насыпым цIыхур щIэмыхъуэпстэм,

Сыпхуэзэн гугъэр сIэпыхунт.

... НэгъуэщI уэ пхуэдэ мы щIым теттэм,

Ар къэзгъуэтынти - сигу уихунт.

Сэ слъэмыкIыр

Мо Шыхулъагъуэм сэ срожэр,

ХуэсщIу яхуэфащэр щхьэж:

Къызоубыдри вагъуэижыр,

И пIэм изогъэтIысхьэж.

УафэхъуэпскIыр мыкIуэдыжу

КъыхызопхъуэтыкIыр пшэм.

Пшэм я джабэр щIызоудри,

СоутIыпщыж ар, ещхьу шэм.

Щызогъэтыр уафэгъуагъуэр,

ПсэкIэ псэхэр согъэнэху.

... Ауэ япэ лъагъуныгъэр

Си гум зэи схуимыгъэху.

Сабиигъуэ

Пщыхьэщхьэ хъуамэ -

Еджэн хуэдэ -

ЗыIуилъхьэрт нанэ и нэгъуджэр.

Дызэхуишэсти хьэблэ цIыкIухэр,

ДыщIигъэдэIурт хъыбар Iэджэ.

Си тхьэкIумитIыр тегъэхуауэ

Къэспхъуатэрт псысэу сэ зэхэсхыр.

Хэмылът зы псалъэ шэч къытесхьэу

Нанэ иIуатэм хуэмыухыу.

Жаншэрхъыр кърихуэкIт Сосрыкъуэ,

Бажэм дыгъужьыр къигъэпцIэфырт,

Батыр благъуащхьэр пигъэлъэтырт,

КъуийцIыкIу иныжьхэм ятекIуэфырт.

ФIым ер хигъащIэм -

Сэ сыгуфIэрт,

Ер фIым текIуамэ -

Си гур хэщIт...

Щытащ си гъащIэр насып защIэу,

Сэ таурыхъхэр хъуху си фIэщ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: