Зым адрейм хуиIуэтэжуКъэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ Хьэбэз къуажэм щыпсэуа Дзэгъэщтокъуэ Щыхьым мы хъыбарыр зыжриIэжауэ щытар Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алийщ, къызэрыхуаIуэтэжауи тхакIуэм ар итхыжащ. Хьэбэз (Къэсейхьэблэм) пщIэ зыщыхуащIу, уригушхуэну дэса лIыжьхэм ящыщ гуэрхэр тщIыгъуу, Инжыдж ЦIыкIу дех гъуэгумкIэ лабэдэс Куэшхьэблэм (иджырей Адыгэ Республикэм итщ) дыкIуэрт, къуэш пэлъытэ тхуэхъуа Сэмэгухэ я унагъуэм нэщхъеягъуэ илъти, дахуэщыгъуэну. Армавир (Ермэлыхьэблэ) унэмысыпэу, гъуэгу нэхъыщхьэм пыIухауэ щыс Коноково (Къанокъуейм) дыщыфIэкIым, абыкIэ еплъэкIри, Уэрдокъуэ Мырзэбэч: - Телъыджэр аракъэ! Мы пщыхэм я лъэхъыш дунейм къытезымына уластым (а псалъэр арат абы зэрыжиIэр) дауэ яIэпыхуа хъуа Къанокъуэхэ я жылэм и цIэр зэбламыхъуу? Тхьэ соIуэ, ар гъэщIэгъуэнкIэ! – зыкъытхуегъазэ псоми, а упщIэм пэгъуэкI езытыфын гъуэгу дызэрытехьа автобусым имыс пэтми. Мырзэбэч ар дапщэщи и хабзэт, зыгуэр къытхуиIуэтэну щыхуейхэм деж, упщIэ гуэр къыткъуидзэрэ зыщIэупщIам и жэуапри езым къигъуэтыжу. ЗдеплъэкIа жылэр къыщызэднэкIым, Мырзэбэч кърегъажьэ: - Иджы-ы, си къуэшхэ, щхьэж и щхьэ дыщIэгупсысыжу димысу, гъуэгум пкIэлъей еддзмэ нэхъыфIкъэ? Ауэ щыхъукIи, мо къуажэм тхыдэ телъыджэ иIэщи, фыкъэдаIуэ! АтIэми, зи гугъу тщIыр Къанокъуэхэ я пщы хьэблэжьт. Зэгуэр къэхъуат Къанокъуэхэ я пщыщхьэр щызэпыуа (пщыгъэр къыпызыщэн цIыхухъу лIакъуэм ямыIэжу). Арати, пщэрылъ къыщащIауэ, а жылэр зезыхьэр а пщы лъэпкъым щыпкъагъэ быдэкIэ бгъэдэта, IэпщацэкIэ зэджэрт. А лIым и цIэ дыдэр зыми ищIэжыртэкъыми, и Iэпкълъэпкъыр цыбэу зэрыщытым къыхахри, IэпщацэкIэ еджэ хъуат. Езыр Кургъуокъуэхэ къахэкIат. АтIэми, Iэпщацэ арэзы техъуэртэкъым пщы лъэпкъыжьым и пщыщхьэр зэрызэпыуам. Iэмалрэ хэкIыпIэу зэмыгупсысаи къэнэжатэкъым. Апхуэдэурэ, зэманыфIи дэкIауэ, зэгуэр Iэпщацэ къегубзыгъыж Къанокъуэхэ я ныса гуэр, зэщхьэгъусаитIым дэзычыхын къахэмыкIыу, икIыжауэ зэрыщытар. «Ярэби, уэндэгъуу я деж кIуэжауэ пIэрэт?» - жиIэурэ, нэхъыжьхэм япкърыупщIыхьа пэтми, зыми зыри зэхэгъэкIауэ къыжраIэфатэкъым. АрщхьэкIэ, езым а Iуэхум и пэжыпIэр зримыгъэщIауэ псэхугъуэ зэримыгъуэтынур ищIэжырти, нысэр къыздрашауэ щытар дэнэми зрегъащIэри йожьэ, гъусэ зытIущ здыщIегъури. Нысэр къыщыхъуа жылэм щыдыхьэм, щIэупщIэурэ я лъапсэр къегъуэтри йоблагъэ. ЗдыIухьар къуажэпщым и унэкъуэщти, кIуахэр зэралъэкIкIэ къагъэхьэщIэ. Ауэрэ, хьэщIэщым къыдыщIэсхэри езыри тIэкIу-тIэкIуурэ хъер-хъыбархэм хоIэбэ. Iэмал зэриIэкIэ гу зылъримыгъатэурэ, щыгъуазэ зыхуещI я нысэу щытыгъар уэндэгъуу къызэрикIыжам. КъызэрыщIэкIауи, Къанокъуэхэ я ныбэрынэр илъэсипщIым нэблэгъа щIалэ телъыджэу анэшым япIырт. А псоми щыгъуазэ зыщыхуищIым: - КхъыIэ, а цIыкIум сыIувгъаплъэ! – жеIэри, мэлъаIуэ. Модрейхэми, хьэщIэр зыщIэлъэIуар уэим ямыщIу, сабийр кърагъашэ. ЩIалэ цIыкIум зэрыIуплъэу, Iэпщацэ къыгурыIуащ ар Къанокъуэхэ зэращылъхур, и адэ дунейм ехыжам, къытратхыкIам хуэдэу, ещхьти. ЩIалэщIэр хьэщIэщ утыкум къыщрагъэувэм, жьантIэм дэса Iэпщацэ, псоми яфIэтелъыджэу, къыщылъэтри, езыр здэщысам деж сабийр игъэтIысащ. ИщIар къызыгурымыIуэу, нэхъу-нейуэ къыхуеплъэкIа хэгъэрейхэм захуигъазэри: - Тхьэшхуэр зыхуэупса, си къуэшхэ! Мы цIыкIур щапIа жылэжьми, унагъуэми, гугъу зыкъыдезыгъэхьа хэти фIыгъуэр Тхьэм къывипэскIэ, мы лъахэри берычэтым щимыгъащIэкIэ! Пщыщхьэ зэпыуам пезыгъэщэжын къэзгъуэтыжащ! – жеIэри, къызытекIухьам щыгъуазэ хуещI къыдыщысхэр. – Сэ, дауи, сужыIэнукъым мы щIалэр и анэш бжэ къуагъым къуагъэтауэ! АрщхьэкIэ, и анэш хьэлур сыт хуэдизу мыIэфIами, адэкIэ и лъэпкъ хьэлур ишхыжмэ нэхъыфIкъэ? Мы цIыкIум сыхуей щIэхъуа Iуэхум ещхь фи лIакъуэр зэи хуимыгъазэкIэ! Къанокъуэхэ я лъэпкъ къуэпсыр къызэтевгъэнащи, фIыгъуэу щыIэмкIэ Тхьэшхуэр къыфхуэупсэ! Си гум гуапагъэу фхуилъыр нэрылъагъу фщищI!.. И анэри, унагъуэри, жылэри зэдэарэзыуэ, Iэпщацэ щIалэщIэр Къанокъуэхэ къахуешэжри, лIакъуэм и пщыщхьэ зэпычыгъар яхузэпещIэж. Сабийр лIыпIэ иувэху, къуажэр зезыхьар Iэпщацэщ, гъащIэм зыхуеинкIэ хъуну псоми щIалэ цIыкIур хуигъасэу… Iэпщацэ и фIыщIэкIэ, Къанокъуэхэ я пщыщхьэр зэрызэпащIэжа щIалэ цIыкIум и пхъурылъхуу щытащ нобэрей Беслъэней къуажэм (иджырей Къэрэшей-Шэрджэсым итщ) я къуажэпщу къекIуэкIа Тхьэзэртокъуэр. Къанокъуейм и бгъумкIэ щыфлъэгъуа, къат-къатурэ зэтет чырбыш щхьэл ныкъуэщIри, жылэм яхуищIын хьисэпкIэ, къезыгъэжьауэ щытари анэшым кърашыжам и къуэм и къуэжт. Ауэ хунагъэсакъым! ЛIэщIыгъуэ мыгъуэжьым и щIэдзапIэм къэхъея зэрызехьэм (революцэм) къыIэпиудащ абы и гугъэфIхэр. Езыми лъэныкъуэ зримыгъэзыжу хъуакъым, къэунэхуа уластми мо унэ дэгъуэр нигъэсыжакъым. Мес, ноби зэфIэтщ, жьыми псыми имыгъэжэпхъауэ, гугъуехьуи мылъкууи текIуэдар псыхэкIуадэ хъуауэ, акъыл ныкъуэмрэ гупсысэкIэ мышыумрэ я фэеплъу!.. Куэд щIащ абы лъандэрэ. Абы щыгъуэ къыддежьа ди нэхъыжьхэр дэнэ къэна, нэхъыщIэIуэу къыддэщIыгъуахэми къытхэIэбащ ажалыр. Ауэ, сытым дежи, а гъуэгумкIэ срикIуэу КъанокъуеймкIэ зезгъэзэкIыху, сыIуоплъэ щхьэл ныкъуэщIым. Моуэ слъагъум хуэдэу си нэгу къыщIоувэж Мырзэбэч тхьэмыщкIэр, Къанокъуэхэ я хъыбарыр къыщиIуэтэжым, нэщхъейуэ зэрыщытыгъар, и псалъэ дахэу дыщIигъуахэри дапщэщи къыздогъуэгурыкIуэ. А Iуэтэжыр нобэм къэсхьэсащи, си шынэхъыщIэ, иджы уи анэмэтщ! – а псалъэхэмкIи зыкъысхуигъэзэжат Щыхьым. Пэж дыдэуи, хэтыт зыщIэр, Къанокъуейми абы и хъуреягъкIэ щыса къуажэхэми къазэрыхуэщхьэпэнур Iэпщацэ къишэжа Къанокъуэхэ я щIалэ цIыкIум и къуэрылъхум ухуэн иригъэжьауэ щыта щхьэлыр, нрагъэгъэсу е езы властыщIэм ар и пщэ дилъхьэжу, ягъэлэжьатэмэ?.. Щыхьым и Iуэтэжыр и кIэм щынигъэсым, сигу къихьэжат си ныбжьэгъужь Уэзрокъуэ Хьэмидрэ сэрэ хы ФIыцIэ Iуфэм 1977 гъэм зыщыдгъэпсэхуу, бысым тхуэхъуа къэзакъ лIыжьым Къанокъуэхэ я унэм хэлъа бжэкъу дахащэм дыIуигъэплъауэ зэрыщытар. Ар, дыщэпс телъам и лъэужь мыкIуэдауэ, жэзу гъэжат. Абдежым сэ, дауи, хэсщIыкIаIатэкъым Къанокъуэхэ ятеухуа мы хъыбарым иужькIэ сыхуэзэну. Щыхьым и хъыбарыр тхыдэ лъэужь зиIэщ, атIэми мы зэманми икъукIэ гугъущ Кургъуокъуэ Iэпщацэ лIы Iущым къигъуэтыжауэ щыта щIалэ цIыкIум и цIэр зэфIэгъэувэжыныр, лIакъуэм и къуэпс мащIи Хэкум къызэримынэжам къыхэкIыу…
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 15:25 →
ХьэтIохъущокъуэ унэцIэм и щэхухэр
11.09.2026 - 13:17 →
Ди лъэпкъэгъухэр
31.08.2026 - 14:26 →
КъежьапIэмрэ Iыхьлыхэмрэ
31.08.2026 - 14:24 →
Тхыдэм зи цIэр къыхэнахэр
25.08.2026 - 12:52 →
Щыхьэтхэр нэхъыбэ мэхъу
| ||




