ЦIыхухэр зыщIегъэгупсысыж

Эзоп и басняхэм куэд щыгъуазэщ. Абы и тхыгъэхэр нэхъыбэу зытеухуар цIыхухэм яхэлъ хьэл мыхъумыщIэхэрт - нэпсеягъэм, фейдэлъыхъуэм, къузгъуныгъэм, фыгъуэм. А и IэдакъэщIэкIхэмкIэ цIыхухэр зыщIигъэгупсысыжыну, я дагъуэхэм гу лъаригъэтэжыну хэтт. Абыхэм ящыщ зыбжанэ адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ Хьэту Пётр.
 
Бгъэмрэ бажэмрэ 
     Бгъэмрэ бажэмрэ ныбжьэгъу зэхуэхъуну зэгурыIуахэщ. Я зэныбжьэгъугъэр нэхъри быдэ хъун щхьэкIэ я псэупIэхэр зэгъунэгъу дыдэу ящIащ. Бгъэм жыгышхуэ гуэрым и щхьэкIэм абгъуэр трищIыхьащ, бажэми а жыг лъабжьэм гъуэ къыщитIри, и шырхэр иригъэтIысхьэжащ. Махуэ гуэрым бажэр щакIуэ ежьащ. Абы ирихьэлIэу бгъэри къэмэжэлIати, бажэр IукIауэ щилъагъум, къелъэтэхщ, гъуэм къикIауэ абдеж щыджэгу бажэ шырхэр зырызурэ дрихьейри, зигъэтхъэжащ, езым и шырхэми къаIуигъэхуащ. Бажэм къигъэзэжмэ, и шырхэр мэхь-мэхь, жыгым дэплъеймэ, ныбжьэгъуу къилъытэ бгъэр, и пэри и лъэбжьанэхэри лъы защIэу, цы сырыху цIыкIухэр къригъэлъэлъэхыу, зегъэкъэбзэжри, абгъуэм тетщ. Бажэм къэхъуар къыгурыIуэри, и жагъуэ дыдэ хъуащ – и быныр бгъэм зэрыIэщIэкIуэдар аратэкъым, атIэ илъ зэримыщIэжыфынур арат: щIым къыщызыкIухь хьэкIэкхъуэкIэм уафэм къыщызылъэтыхь бзур къиубыдыфу къигъэщIатэкъым. Къыхуэнэжыр арати, и жагъуэгъум ебгащ. Пунэлат ирихащ. СлIот атIэ абы нэгъуэщI хуэщIэфынур? ДэIэпыкъуэгъуншэт, и лъэр хуэкIэщIт. Ауэ бгъэм Iуэху илэжьар, ныбжьэгъугъэм зэрепцIыжар къыщIэкIуакъым. ЩIэх дыдэу хуэфIыр къыщыщIащ. ЩакIуэ гуэрхэм губгъуэм дзасэкIэ пшэрыхь щагъажьэрт. ПщафIэм сыткIэ ищIэнт абы зыгуэр къыкIэлъыплъу? Дзасэр зыIыгъыр бэлэрыгъауэ къыщыщыхъум, бгъэм мывэу зыкъридзыхри, пшэрыхь ныкъуэжьэр къыIэщIиудащ. КъыIэщIиудар, дэп жьэражьэм щыхэхуэм, къипхъуатэри ежьэжащ. И абгъуэм нэсыжу къыIэрыхьар щигъэтIылъым, жьышхуэ къыкъуэури, пшэрыхьым кIэрыпщIа дэп жьэражьэр къэлыдри, абгъуэр зэрыщIа чы гъур цIыкIухэм епхъуащ. Арыххэу мафIэшхуэ хъури, бгъэ шырхэм я дамэхэр трисыкIауэ жыгым къехуэхащ – арыншами ахэр иджыри лъэтэфыртэкъым; бажэр абдеж бгъэм игу къыхуэплъу щытыххэти, абы илъагъуу ахэр гъуэрыгъуэххэу иригъэлъэтэхри, пабжьэм хэлъэдэжащ.  
Ныбжьэгъугъэм епцIыжахэр зи жагъуэ ящIахэм, лей зрахахэм я лъыщIэжым IэщIэкIми, тхьэхэм я нейм зэи зэрыIэщIэмыкIынур къыуиIуэкIыу аращ хъуэрым.
Адыгэми жеIэ: «Iей пщIауэ, фIы ущымыгугъ».
 
 Бгъэр, къуанщIэр, мэлыхъуэр
Бгъэр бгы аранэ лъагэм къелъэтэхщ, хъушэм хэуэщ, зы щынэ къахипхъуэтыкIри ихьащ. КъуанщIэм ар илъагъущ, бгъэм ефыгъуэри, езыми апхуэдэ дыдэу ищIыну игу къихьащ. Йоуэри, ину кIийуэ, зы мэл гуэрым тоуэ. Ауэ, мэлыцым и лъэбжьанэхэр хонэри, и дамэхэр тригъауэ мыхъумэ, зыкъимыIэтыжыфурэ мэлыхъуэр къосри къеубыд. Бзу тхьэмыщкIэм къыщыщIар къыгуроIуэри, мылъэтэжыфыну и дамэхэм хупегъэщри, пщыхьэщхьэм и сабийхэм иригъэджэгуну къахуехь. Сабийхэр щIэупщIащ: «Мыр сыт хуэдэ бзу лъэпкъ?» – жаIэри. Адэм, и пащIэ щIэгуфIыкIыу, и быным жэуап яритыжащ: «Мыр зэрыкъуанщIэр сэ сощIэ, ауэ езы бзум бгъэуэ зыкъыщохъуж». 
ЩIэныгъэ-губзыгъагъэкIэ къофIэкIым акъылкIэ упеуэныр, къарукIэ узыпэмылъэщыным уеныкъуэкъуныр зэрыделагъэр, абы дыхьэшхэн урихъун мыхъумэ, къызэромыхъулIэнуIар къыуиIуэкIыу аращ хъуэрым.
 
 Бгъэмрэ цIывымрэ
Бгъэм тхьэкIумэкIыхьыр ирихужьауэ ихурт. ТхьэкIумэкIыхьыр ажалым къыIэщIэзыгъэкIын дунейм тетыжтэкъыми, псэ зыIуту къыIэщIэлъэгъуа цIывым – вэнвейм хэпэщэщыхьу хэсым – къригъэлыну елъэIуащ. ЦIывым тхьэкIумэкIыхьыр къызэрелъэIуар апхуэдизкIэ игъэщIэгъуати, абы къигъэгушхуауэ, мышынэу мо бгъэшхуэм елъэIуу щIидзащ, мо къыщыжыну къелъэIум емыIусэну. АрщхьэкIэ бгъэм афIэкIа шэрей зимыIэ къыщыжакIуэм гу лъитэну и щхьэ тримылъхьэу тхьэкIумэкIыхьыр ишхри ежьэжащ. Ауэ бгъэм и жагъуэ, Iумпэм къызэрищIар, къызэригъэщIэхъуар цIывым щыгъупщакъым: емышыжу бгъэм кIэлъыплъурэ модрейм и джэдыкIэхэр и абгъуэм щигъэтIылъыху дэлъэтейрти, къригъэжэхыурэ икъутэрт. ИкIэм-икIэжым, бгъэм хуэмыхьыжу, дэни псэхугъуэ щимыгъуэтыжым, езы Зевс дыдэм деж лъатэри елъэIуащ и джэдыкIэхэр къыщришын, цIывыр здынэмысын тIысыпIэ къыхуигъуэтыну. Зевс бгъэр хуит ищIащ и гуфIакIэм и джэдыкIэхэр дилъхьэну. ЦIывым ар илъагъущ, вэнвей игъэкIэрахъуэурэ джэдыкIэ хуэдиз хъурейуэ ищIри, езы Зевс нэс дэлъэтейри и гуфIакIэм дидзащ. Зевс и гуфIакIэм къыдадза вэнвей хъурейр зыкIэригъэщэщын щхьэкIэ къэтэджри, бгъэм и джэдыкIэхэр къыIэпыхури икъутащ. Абы лъандэрэ, зэрыжаIэмкIэ, цIывхэр къыщежьэ зэманым бгъэхэм абгъуэ ящIыжыркъым.
Хъуэрым къуеIуэкI зыри тегушхуэгъуафIэ, Iумпэм пщIы, бгъэикIэ зэрымыхъунур, и жагъуэ къэзыщIам, лей къезыхам жэуап иримытыжыфын, илъ хуэмыщIэжыфын хуэдизу апхуэдэ дыдэу къарууншэ-зэфIэкIыншэ дунейм зэрытемытыр.
Адыгэми жеIэ: «ЦIыкIущ» жыпIэу утемыгушхуэ, «инщ» жыпIэу ущымышынэ».
 
Уэрэдбзумрэ къашыргъащхъуэмрэ 
Уэрэдбзур жыгей лъагэшхуэм тесу, зэрихабзэу, щыбзэрабзэрт. Къашыргъащхъуэм и мэжэлIэгъуэм ирихьэлIэу ар къилъагъури,  теуэри къипхъуэтащ. Уэрэдбзур, и ажалыр къэсауэ къыщыгурыIуэм, къашыргъащхъуэм къиутIыпщыжыну елъэIуащ: «Сэ сыцIыкIу дыдэщ, уи лъатэм сызыхищIэххэнукъым… Уэ уи мэжалIэр изыгъэкIынур бзу нэхъ инщ», – жиIэри. Къашыргъащхъуэм абы къыпидзыжащ: «Сыт сэ сыделэ дыдэ уи гугъэрэ, IэбжьанэкIэ сIыгъ бзур сутIыпщу, жыжьэуи сымылъагъу бзу нэхъ ин къэслъыхъуэу сежьэжыну?!»
  Хъуэрым зи гугъу ищIыр нэхъыбэ къыIэрыхьэн и гугъэу иIэ тIэкIур зыIэщIэзыгъэкIыр акъылыншэу зэрыщытырщ.
Абы теухуауэ адыгэхэми псалъэжь дахэ диIэщ: «Пщэдейрей ныбгъуэ нэхърэ - нобэрей бзу», – жиIэу.  
 
Бжэныхъуэмрэ къурш бжэнхэмрэ 
Бжэныхъуэм и бжэнхэр къущхьэхъум щигъэхъуу гу лъитащ езым ейм къурш бжэнхэри къахыхьауэ мамыру хъуакIуэу. Пщыхьэщхьэм бжэну хъуар жэщкIэ ахэр щиIыгъ бгъуэнщIагъым щIихуащ. ЕтIуанэ махуэм уэлбанэшхуэ къыщыхъум, бжэныхъуэм, апхуэдэхэм деж зэрихабзэу, бжэнхэр хъупIэм димыхуу, махуэ псом абыхэм якIэлъыплъащ, игъэшхащ; абы щыгъуэми езым и бжэнхэм мылIэIус яритрэ хамэ къурш бжэнхэм, IэрыпI ищIыну щыгугъыу, тевэву яритырт. Уэлбанэр щыщхьэщыкIым, бжэныхъуэм бжэнхэр хъупIэм дихуащ. Къурш бжэнхэр, щхьэхуит зэрыхъуу, бгым илъэдэжащ. Бжэныхъуэр шхыдэу къэуващ: «Сыту фыфIыщIэншэ фэ гупыр! Фызесхьащ, сыфкIэлъыплъащ, фызгъэшхащ... нэхъыфIым хуэдэу! Фэ, си гулъытэр хэвгъэкIуэдэжу, фекъури фыщIэпхъуэжащ!» Бжэнхэм зыкърагъэзэкIри жаIащ: «Дэри аращ уэ зыпщытхъумэну дигу къыщIэкIар: уэ уи деж дыкъэкIуа къудейщи, уи бжэныжьхэр къэбгъанэри, дэ Iыхьэлейуэ дыбгъэхьэщIащ; ауэ щыхъукIэ, уэ иджыри уи деж нэгъуэщIхэри къакIуэмэ, дэ дыпщыгъупщэжынурэ, абыхэм гулъытэ нэхъыбэ яхуэпщIынущ».
Хъуэрым къыуеIуэкI ныбжьэгъущIэм гулъытэшхуэ хуэзыщIу зи ныбжьэгъужьхэр зыщыгъупщэжым укъызэримыгъэпэжынур.
Адыгэми жеIэ: «Я Iуэху зыIутыр умыщIэ ныбжьэгъущIитI нэхърэ, бгъэунэхуауэ зы ныбжьэгъужь нэхъыфIщ».
                   
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться: