ГъащIэм и гъуэгугъэлъагъуэ

ЩоджэнцIыху Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым фокIадэр къызэIуех Лермонтов Михаил «Ди зэманым и ЛIыхъужь» и повестым къытращIыкIа лэжьыгъэщIэмкIэ. Спектаклыр зыгъэувар Марий Эл щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Дагъыстэн Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI Голодницкий Борисщ.
Лъагъуныгъэр щхьэзыфIэфIагъым щыIущIэкIэ фIы къызэрыримыкIуэм теухуа хъыбарщ ар. Офицер щIалэ Печорин щIэныгъэ бгъэдэлъми, жэуаплыныгъэр зищIысыр зымыщIэу къыщIэкIащ. Бгырыс бзылъхугъэ ныбжьыщIэ Бэлэ хъыджэбз пагэщ, ауэ щыхъукIи, гу къабзэщ. Щхьэхуитыныгъэр зыгъэлъапIэу еса хъыджэбзым япэщIыкIэ Печориныр идэркъым, ауэ хуэм-хуэмурэ и гур бгъэдохьэ. Абы Печориным хуиIэ лъагъуныгъэр куущ икIи хуэпэжщ, фIыуэ илъагъум и хьэтыркIэ псоми хуэхьэзырщ. Къуршхэр я щыхьэту, а тIум я гъащIэм къэгъазэ имыIэу зехъуэж, дахагъэм хъуэпсапIэхэм гузэвэгъуэу зыкъагъазэу. 
Урыс литературэм и лIыхъужь нэхъ гукъинэжхэм ящыщ зым и къекIуэкIыкIар къызэIузых теплъэгъуэр гурыщIэ лъагэхэмкIэ гъэнщIащ. Лъагъуныгъэр зы цIыхум и гъащIэм щыщ едзыгъуэ къудей мыхъуу, дунеитI зэрызэжьэхэуам и дамыгъэу лэжьыгъэм къыщокIуэ. ЗыхащIэну пIэрэ театреплъхэм апхуэдэ къызэрымыкIуэ гурыщIэхэр? КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хьэмырзэ Ахьмэд абы теухуауэ жиIэр мыращ: «Дгъэлъагъуэр зыхэзыщIэн цIыху къытхуэмыкIуэтэмэ, театрыр кIуэдыжауэ убж хъунут. Актерхэм ди лъэр жан зыщIыр, ди гур хыхьэу лэжьыгъэм дыщIыпэрытыфыр театреплъ губзыгъэхэр дызэриIэрауэ къызолъытэ. Театрым и къэкIуэнум тегузэвыхьыр щIэмащIэм и щхьэусыгъуэр щхьэхуэщ. Псом япэу абы хеубыдэ цIыхум я псэукIэр гугъу зэрыхъуар. Я бын ирагъэджэн папщIэ, унагъуэм зыкъиIэтын щхьэкIэ зэман къахудэмыхуэу ахэр лэжьэн хуей мэхъу. Я Iуэхур щхьэхуэщ сом лей зимыIэхэми. Ауэ апхуэдэ щхьэусыгъуэ лъэпкъ ямыIэу театрым мыкIуэхэри диIэщи, аращ нэхъ ухэзыгъаплъэр. Гъэсэныгъэращ псори къыщежьэр: щIэблэр егъэсэн хуейщ театрым. Бысымым къыхуэкIуа хьэщIэр театрым къыщытхуишэкIэ, ар ди зэфIэкIым темыукIытыхьу арауэ къысщохъу.
Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым: дунейм къыщыхъу-къыщыщIэмрэ цIыхубэмрэ зэзыпхыр театрырщ. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ. Сыт хуэдэ зэман ирехъуи, дэтхэнэ цIыху балигъми театрыр и кIуапIэу, абы и мыхьэнэр къыгурыIуэу щытын хуейщ. «Лъэпкъыр къэпцIыхуну ухуеймэ, театрым кIуэ», - жаIэ хабзэщ. Пэжу гу лъатащ абы. Театрым лъэпкъ гупсысэкIэм, и Iуэху щIэкIэм, хабзэ зехьэкIэм, псэукIэм ухегъэгъуазэ. Упсэуху уи акъыл здынэмысынур театрым узэрыщIэс сыхьэт зы-тIум къыщыпщIэнри хэлъщ. Ар зыхузэфIэкIым и къарур инкъэ-тIэ!
СызэреплъымкIэ, театрым ущрилэжьакIуэр абы ущыщIэт къудейркъым, абы щыбгъэлъагъуэ хабзэмрэ гъэсэныгъэмрэ уэ езыми пхэлъу упсэумэщ. Театрыр къызэрыхэтхам, ар ди гъащIэ Iыхьэ зэрытщIам дыхущIезыгъэгъуэжын гъащIэм дримыгъэувэлIэну сыхуейт». 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: