Анэдэлъхубзэхэм я махуэшхуэр ягъэлъапIэУрысейм и лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэм я махуэр япэу мы гъэм фокIадэм и 8-м ягъэлъэпIащ. Къэрэшей-Шэрджэсым абы ирихьэлIэу щатхащ республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэм теухуа я V лъэпкъыбэ диктантхэр. Къэрал махуэшхуэр – Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я Анэдэлъхубзэхэм я махуэр - УФ-м и Президент Путин Владимир 2025 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м къыхилъхьащ, къэралым и лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я анэдэлъхубзэхэр яхъумэныкIэ дэIэпыкъун, зрагъэужьын папщIэ. ФокIадэм и 8-м махуэшхуэр ягъэлъэпIэну къыщIыхахам и щхьэусыгъуэр Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Дагъыстэн Республикэм и цIыхубэ усакIуэ Урысейм щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я литературэм и зэфIэкIым щапхъэ хуэхъуа Гамзатов Расул къыщалъхуа махуэу зэрыщытырщ. Абы ирихьэлIэу къэралым и щIыналъэ куэдым УФ-м и лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэмкIэ диктантхэр щатхащ. Къапщтэмэ, Къэрэшей-Шэрджэсым диктантыр щатхащ Алиев Умар и цIэр зезыхьэ къэрал университетым. Iуэхур зэрекIуэкIыр Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, хамэ къэралхэм эфир занщIэкIэ къыщатащ. Я щIэныгъэр бзиплIымкIэ къапщытащ: къэрэшей-балъкъэр, нэгъуей, абазэ, къэбэрдей-шэрджэс. Нэгъабэ диктант ятхащ дуней псом и щIыпIэ мин 200-м щызэхуэса цIыху мини 5-м щIигъум. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, мы гъэм нэхъыбэ зэхуишэсащ диктантым. Гупыж зыщIахэм диктантыр зэпэIэщIэуи ятхащ. УФ-м и лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэм и махуэмрэ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсымрэ ирихьэлIэу къызэрагъэпэща «Урысейр – лъэпкъхэм я унэщ» урысейпсо диктантыр япэу зэпэIэщIэу щекIуэкIащ РУВИКИ интернет-щIэнгъуазэ сайтым dictant.ruwiki.ru. Тхыгъэр Урысейм и лъэпкъ 21-м я бзэкIэ къралъхьащ: урысыбзэкIэ, алтаибзэкIэ, башкирыбзэкIэ, бурятыбзэкIэ, вепсскэбзэкIэ, горномариибзэкIэ, ингушыбзэкIэ, къалмыкъыбзэкIэ, карелыбзэкIэ, комибзэкIэ, коми-пермыбзэкIэ, луговомариибзэкIэ, мокшаныбзэкIэ, эрзяныбзэкIэ, тэтэрыбзэкIэ, тувиныбзэкIэ, удмуртыбзэкIэ, хакассыбзэкIэ, шэшэныбзэкIэ, чувашыбзэкIэ, якутыбзэкIэ, нэгъуэщIыбзэхэмкIи. Тхыгъэм хагъэхьащ Гамзатов Расул и IэдакъэщIэкIхэм щыщ пычыгъуэу аварыбзэм кърахыу нэгъуэщIыбзэм ирагъэзэгъахэр. Диктантым хэтахэм сертификатхэр иратыжынущ икIи Iэмал яIэнущ я тхыгъэхэм хащIыхьа щыуагъэхэм кIэлъыплъыжыну. Диктантым папщIэ оценкэ ягъэувыркъым. РУВИКИ интернет-щIэнгъуазэм и унафэщI Медейкэ Владимир жиIащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым къэралым и щэнхабзэ щIэинхэр хъумэным хэлъхьэныгъэ хуащIыну жэрдэм зэращIар, бжыгъэхэм я зэманым анэдэлъхубзэхэм зрагъэужьынымкIэ, яхъумэнымкIэ иджырей Iэмэпсымэхэр сэбэп зэрыхъур диктантым хэтхэм къызэрагъэлъагъуэр. Урысейм и лъэпкъхэм я Унэм и унафэщI Полежаевэ Аннэ жиIащ диктантхэм лъэпкъым къыдекIуэкI щIэинхэм пщIэ зэрыхуащIыр къызэрагъэлъагъуэр, бзэ зэмылIэужьыгъуэхэм дызэкъуач мыхъуу, нэхъри дызэрызэкъуагъэувэр, анэдэлъхубзэхэр – лъэпкъхэм я псэу зэрыщытыр. Iуэхур къыхалъхьауэ зэдагъэзащIэ Урысейм и лъэпкъхэм я Унэмрэ РУВИКИ интернет-щIэнгъуазэмрэ, Урысейм ЛъэпкъхэмкIэ и федеральнэ агентствэр, РАН и бзэщIэныгъэхэмкIэ и институтыр, «Тотальный диктант» фондыр я дэIэпыкъуэгъуу.
Поделиться:
Читать также:
13.10.2026 - 16:30 →
Балъкъ бжьэпэ къыщыхъуа
13.10.2026 - 14:53 →
Пасэрей алыджхэм я гъуазджэм щыщщ
13.10.2026 - 11:05 →
Тхылъымрэ фильмымрэ щызэгурыIуэм деж
12.10.2026 - 12:24 →
«Дакъикъэ ныкъуэ»
12.10.2026 - 12:21 →
Кавказыр я зэхуэзапIэ мэхъу
| ||




