Уэрэдхэр – анэдэлъхубзэкIэ

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым щекIуэкIащ «Си анэдэлъхубзэ – си псэ» зэхыхьэр, Урысейм и Лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэм я махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэщар.

ЗэIущIэм жыджэру хэтащ КъБКъУ-м педагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурно-спорт егъэджэныгъэмкIэ и институтым и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ, Налшык и «Днипро», «Сябры», «Нарспи» лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм щыщхэр.

Зэхыхьэр къызэзыгъэпэща, ЩэнхабзэмкIэ фондым и унафэщI Макоевэ Люазэ и псалъэм къыхигъэщащ анэдэлъхубзэхэр зэрылъапIэр, нэхъыжьхэмрэ щIэблэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэр, къэралым и щэнхабзэ щIэиныр хъумэнымкIэ жэуаплыныгъэ зэрытхьыр дигу къэзыгъэкIыж махуэшхуэр япэу мы гъэм ди республикэм зэрыщагъэлъапIэр.

- Урысейм лъэпкъыбзэ, диалект 277-рэ щатхащ. Бзэ, фэилъхьэгъуэ, хабзэ – ахэращ лъэпкъыр нэгъуэщIхэм къащхьэщызыгъэкIыр. Нобэ утыку къыдохьэ анэдэлъхубзэкIэ тха тхыгъэхэр. Ахэр зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ бзэ къулейкIэ зэрытхар къагъэлъэгъуащ дызэрыгушхуэ ди тхакIуэхэу, усакIуэхэу Мечиев Кязим, Нэгумэ Шорэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, Кулиев Къайсын, КIыщокъуэ Алим сымэ, - жиIащ Макоевэ Люазэ. – ЩэнхабзэмкIэ фондым мы гъэм иджыри къыщызэIуахащ лъэпкъ щэнхабзэ центритI (шэшэн, гагауз). Ахэр республикэм зэныбжьэгъугъэ яку дэлъу щылажьэ апхуэдэ лъэпкъ IуэхущIапIэхэм ящыщ хъуащ.

Концертым хыхьэу урысыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, чувашыбзэкIэ, белорусыбзэкIэ, украиныбзэкIэ уэрэдхэр ягъэзэщIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэм я дахагъэр къагъэлъагъуэу.

Зэхыхьэм пащащ «По следам Кавказских традиций», «В гостях у народов России» лъэпкъ диктантым хыхьэу къызэрагъэпэща викторинэ, джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ. Ар я жэрдэмщ «Птицы счастья» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэм.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: