ХьэтIохъущокъуэ унэцIэм и щэхухэр

Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор КIуэкIуэ Жэмалдинрэ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат КIуэкIуэ Лейлэрэ я къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм ящыщ зы теухуащ ХьэтIохъущокъуэ пщы унэцIэр къызэрыунэхуам. Абыхэм тегъэщIапIэ ящI Iуэхугъуэхэр тхыгъэм къыщыдохь.
ЩIэныгъэлIхэм а псалъэр ирапх адыгэхэм псэущхьэ лъапIэу къалъытэхэм (псалъэм папщIэ, «хьэмрэ» «дыгъужьымрэ») я фIэщыгъэхэм цIэхэр къытращIыкIыу зэрыщытам.

Къэбгъэлъагъуэмэ, адыгэхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ увыпIэшхуэ щаубыд ХьэтIохъущокъуэхэ я лIакъуэм. Ар къыщожьэ ХьэтIохъущокъуэ деж: Къетыкъуэ ПщыIэпщокъуэ и къуэрылъху, ПщыIэпщокъуэ Къазий и къуэм деж. Япэу Къазий ХьэтIохъущокъуэ и гугъу щащIар 1619 гъэрщ. 1650-1670 гъэхэм ар Къэбэрдей пщышхуэу щытащ. Абы и ужькIэ пщыгъуэр лъэпкъым яIэщIэкIакъым, Къэбэрдейм и щхьэхуитыныгъэр фIэкIуэдыху.
ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ 1708 гъэм Кърым хъаным и дзэм текIуа нэужь, а унэцIэр Кавказ Ищхъэрэм дзэ къаруушхуэ щызиIэхэм ящыщ хъупащ. Зэкъуэшхэу ХьэтIохъущокъуэ Адылджэрийрэ Изамилбейрэ XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм Къэбэрдейм и жылагъуэ-политикэ гъащIэм и цIыху нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщу щытащ. ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIыхъущыкъуэ (1811-1868) и зэманым «къэбэрдей пщы щIыхьыр» игъуэтащ. ХьэтIохъущокъуэ Къазий (1841-1899), зэрытщIэщи, узэщIакIуэт, къэбэрдей тхыбзэр зэхэлъхьэным щIэзэуащ, къэбэрдеибзэкIэ япэ тхылъхэр къыдигъэкIат.
ХьэтIохъущыкъуэ цIэм урысыбзэкIэ «Атажуко» жыIэкIэр игъуэтащ. Апхуэдэу цIэуэ къежьар лъэпкъ псом хуахьуи хуежьащ. Адыгеибзэм цIэр зэрыщатхыр «Хьэтыгъужъыкъу»-щ. ЦIэмрэ унэцIэмрэ зэрызэхагъэкIыр: япэм деж цIэмрэ «къуэ» (-къу)-мрэ я зэхуаку зэпызыщIэ макъзешэ «ы»-р къоув, унэцIэм – «о». Апхуэдэ щапхъэхэр яхэтщ нэгъуэщI цIэхэми: КIыщыкъуэ – КIыщокъуэ, Тэтэрыкъуэ – Тэтрокъуэ, Щэбэтыкъуэ – Щэбэтокъуэ. Хьэтыгъужьыкъу(э)-м деж къыщыхъуари аращ. Мыбдежым дыгъужь (тыгъужь) псалъэм ипэ итщ «хьэ»-р, мэз псэущхьэмрэ унагъуэ псэущхьэмрэ къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэм «къуэ» пкъыгъуэр къапыхьэу. Ар ирапх нобэр къыздэсым щыIэ фIэщхъуныгъэм: псэущхьэ шынагъуэхэм я цIэхэр къэбгъэсэбэп хъунутэкъым, ахэр ямыгъэгубжьын папщIэ. Арати, псэущхьэ «шынагъуэм» и цIэм нэхъ псалъэ щабэ пагъэувэрт. Апхуэдэу дыгъужьыр «зыгъэщабэу» «хьэ»-кIэ зэрахъуэкIат. Псалъэм папщIэ, Iэщыр пщыхьэщхьэм унэм къэмыкIуэжамэ, ар зейм жэщым «хьэпэщыпхэ» хабзэр - «хьэм и жьэр ипхэныр» (зи гугъу щIар - «дыгъужьырт») - иригъэкIуэкIырт. 
ХьэтIохъущокъуэр урысыбзэкIэ зэтемыхуэу ятхыу щытащ. Апхуэдэу урысыбзэкIэ зэрадзэкIауэ «Хатахшуко», «Хатокшуко» псалъэхэм урохьэлIэ (Хатокшуко Шинкев, Хатокшуко Анзоров, Хатакшуко Тамбиев, Абаев Хатакшуко, Мирзаев Хатахшуко). ЦIыхум и цIэмрэ унэцIэмрэ зэлъэпкъэгъуу - урысхэм Иванов Иван жыхуаIэм хуэдэ - адыгэхэми яIэ хъуат - Атажуко Атажукиныр (ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIыхъущыкъуэр).
Нэхъ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIыхъущыкъуэм (1811-1868 гъэхэм псэуам) теухуа хъыбар къаIуэтэж. Япэм «Пщым я пщыж»-р зэрыхах щIыкIэм тету, ар шы жэр тесу утыкум къихьэри, зэхуэсахэм я пащхьэм щэнейрэ щыжиIащ: «Пщым я пщыжу ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIыхъущыкъуэ ЦIыкIукIэ зэджэр сэращи, «Хьэуэ, уэракъым - сэращ» жызыIэр фыкъихьэ утыкум!» Зыри дэкIакъым. Апхуэдэу абы и тегушхуэныгъэмрэ хахуагъэмрэ я фIыщIэкIэ, уэлий хъуат. 
XX лIэщIыгъуэм и япэ илъэсипщIхэм ХьэтIохъущокъуэ пщы унэцIэм къуажэцIэр къытехъукIыжащ. А цIэр 1706 гъэм игъуэтащ ХьэтIохъущокъуэхэ Мухьэмэтрэ Бэчмырзэрэ Бахъсэн деж къыщызэрагъэпэща жылэм. ФIэщыгъэр къуажэм 1920 гъэ пщIондэ зэрихьащ. 
Ауэ щыхъукIэ, а лъэпкъ лъэрызехьэм епха къэбэрдей фIэщыгъэхэр зэи бзэм хэкIакъым: ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ (иджырей Зеикъуэр), ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ (1920 гъэ пщIондэ Къызбурун 1, 2001 гъэ лъандэрэ «Атажукино»-м цIэр игъуэтыжащ) жаIэу къекIуэкIащ.
УнэцIэр зэпха щIыпIэцIэхэри бзэм зэи хэкIакъым. Абы и щапхъэщ «ХьэтIохъущокъуэхэ я Iуащхьэжь»-р (Къубэ-Тэбэ и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэр), «ХьэтIохъущокъуэхэ я псынэжьыр» – Каменномостскэм и Iэхэлъахэм щыIэ псыежэхым и сэмэгурабгъу Iуфэм Iутыр, н. 
1973, 1983 гъэхэм къэбэрдей унэцIэхэр иту къыдэкIа псалъалъэхэм мы лъэпкъыцIэр зэрахьэу къыщыгъэлъэгъуар Малкэрэ (зы унагъуэ) Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ Зеикъуэмрэт. Ди зэманым унэцIэр зезыхьэхэр куэдкIэ нэхъыбэ хъужащ. 
Мы лэжьыгъэр езыгъэкIуэкIа щIэныгъэлIхэм зэратхыжамкIэ, Интернетым Атажукин унэцIэм ущрохьэлIэ Совет Союзым хыхьэу щыта щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм: Атажукин Роман, Атажукин Альгери, Атажукинэ Еленэ (Лашкивская), Атажукинэ-Борщевэ Любэ, нэгъуэщIхэми. Ауэ а унэцIэр зезыхьэхэм зэкIэ зыри епсэлъакъым. 
ХьэтIохъущокъуэ пщы унэцIэм и мыхьэнэр къызэщIэткъуэжмэ, ар ящыщщ пасэм адыгэхэм пщIэ зыхуащIу щыта псэущхьэхэм я цIэм къытращIыкIыу зэрыхабзам. Ди зэманыр къатщтэми, «Дыгъужь» унэцIэм хуэдэхэм дрохьэлIэ. А псалъэм зи гугъу тщIы унэцIэри къызэрытекIар къегъэлъагъуэ адыгеибзэм нобэ щыхъума «Хьэтыгъужъыкъу» псалъэм. 
ХьэтIохъущокъуэ пщы лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэм лъэужь мыкIуэдыжын къыщагъэнащ политикэм, дзэ Iуэхум, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, урыс-кавказ зэхущытыкIэхэм я IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: