ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд
Адыгэ узэщIакIуэ Кърым-Джэрий СулътIанрэ урыс тхакIуэ Муравьев Андрейрэ
Нобэ зи гугъу сщIыну Кърым-Джэрий СулътIан тхакIуэт, журналистт икIи щIэныгъэлIт. Адыгэ лъэпкъхэм яIа псэукIэмрэ я тхыдэмрэ ятеухуауэ абы и Iэдакъэм къыщIэкIа тхыгъэ щIэщыгъуэхэр тедзэн зэрыщIадзэрэ илъэси 110-м щIигъуащ. Пушкин, Лермонтов, Белинс-кий сымэ я лъэхъэнэгъу Инэт Кърым-Джэрий къыщIэна тхыгъэхэм куэд яхэтщ иджыри я пщIэр мыкIуэдауэ, ди нобэ-рей тхылъеджэхэм къахуэщхьэпэну.
АДЫГЭ еджагъэшхуэ ХьэдэгъэлI Аскэр зэрыжиIэмкIэ, Кърым-Джэрий тхакIуэ, этнограф цIэрыIуэ Хъан-Джэрий и къуэш нэхъыщIэщ. Ар Шэрджэсым щыIэ Къудакъуэ къуажэм къыщыхъуащ. Къыщалъхуа илъэсыр 1805 гъэм худогъакIуэ. А зэманым щхьэ тедубыдэрэ? Езым и ныбжьэгъу Муравьев А. Н. 1847 гъэм фокIадэм и 2-м хуитха тхыгъэм деж улъэпхъэщэн щыщIыдодзэри, къыщалъхуа гъэр къонаIуэ. АтIэ а письмом Кърым-Джэрий къыщегъэлъагъуэ илъэс 18 хъуауэ къулыкъу зэрищIэр.
Иджы, япэ дищынщи, дигу къэдгъэкIыжынщ зы зэман Кърым-Джэрий Бытырбыху щыIэу Кавказ-Бгырыс эскадрон ныкъуэм зэрыхэтар. Къэралым и архив нэхъыщхьэм хэлъ тхыгъэхэмрэ Петин Сергей и тхылъымрэ къызэрагъэлъагъуэмкIэ, анэмэту урысхэм ирата бгырыс щIалэхэр пэщIэдзэ еджапIэхэм щIашу къулыкъум щыхагъэхьэу щытар я ныбжьыр илъэс 23 - 25-м нэсауэщ. Бытырбыху щагъэкIуам Кърым-Джэрий илъэс 24-м итауэ къыдощтэри, къулыкъу зэрищIа илъэс пщыкIуийр абы хыдолъхьэж. Илъэс 42-рэ мэхъу.
Кърым-Джэрий яхэтащ Урысейм щрагъэджэну япэу ягъэкIуа адыгэхэм. И Iыхьлы Къаз-Джэрий щIыгъуу еджащ. 1829 гъэм хагъэхьащ Кавказ-Бгырыс эскадрон ныкъуэм. Зи гуращэр зэтехуэхэр нэхъ зэкIуэгъужэгъу хъу хабзэщ. Кърым-Джэрийрэ Нэгумэ Шорэрэ щIэх зэрыцIы-хуу я дзыхь зэрагъэзам шэч хэлъкъым. Ар нэрылъагъущ иужькIэ тIури адыгэ IуэрыIуатэм елэжьу, ар хэIущIыIу ящIу зэрыщытамкIэ.
1830 гъэм пащтыхьым и «щхьэхъумэ» бгырыс гупыр зэуэну Польшэм ягъакIуэ. Адыгэ шууейхэм пащтыхьым хуагъэшащ батэр, а зауэм кIуахэм яхэтакъым дамыгъэ зрамыта е и къулыкъукIэ драмыгъэкIуэтея. Кърым-Джэрий абы къикIыжащ урядникыу.
1832 гъэм хуэпхь хъунущ тхакIуэ Муравьев Андрейрэ абырэ щызэрыцIыхуар. Къаз-Джэрийщ а тIур зэзышэлIар.
ПлIыщI гъэхэм я пэщIэдзэм Кърым-Джэрий, хорунжэ хъуауэ, Кавказым ягъэкIуэжри, Кубань къэзакъыдзэм и Iэтащхьэм и канцелярием къулыкъу щещIэ. Абы иритхыкIри, зи гугъу тщIа тхыгъэр Муравьев хуитхащ. Езы тхакIуэм къыщIэнахэм къыхахыжа а тхыгъэр зытеухуам куэд щыгъуазэкъым.
Мыращ абы итыр: «ПщIэ зыхуэсщI зиусхьэн Андрей Николаевич! ЗыкIи къэзмылэжьа хабзэмрэ нэмысымрэ къыскIэлъызепхьауэ сщIэж пэтми, Бытырбыху Моховойм сынэтхэну укъызэрызгъэгугъар япэ зэманым зэрысхуэмыгъэзэщIамкIэ сэ уи деж хуабжьу сыщыкъуаншэщ. Иджыблагъэ Антонович къызжиIэжащ абы хуэптха письмом сэ стеухуауэ псалъэ зыбжанэ зэритыр, атIэ уигу сызэримыхужар апхуэдизкIэ си гуапэ хъуащи, си фIыщIэр къызэрысIуэтэн псалъэ къысхуэгъуэтыркъым. Уи фIэщ щIы: уэ къысхуэпщI гулъытэм, сэ абы сыхуэмыфащэ пэтми, егъэлеяуэ сызэрыщыгуфIыкIыр. Апхуэдэу фIыуэ сыкъыщIэплъагъури укъысхуэзэну ущIигуапэри къызгурыIуэркъым. Хэт ищIэн, жызоIэ, ар тхьэ Iэмырщ; си гъащIэр иузэщIыну, си Iуэхур иунэтIыну абы уэ укъысхуигъэунэхуами ярейщ.
Сыббгъэдэту зэ бжесIауэ щытащ, абы иджыри зэ къытызогъэзэж, генерал Александр Иванович (пщы Барятинскэращ зытепсэлъыхьыр, 1847 гъэм мазаем и 27-м къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей егерь полкым и унафэщIу щытащ - Хь. М.) ди унафэщIу щытыху, си гъащIэм щыщу илъэс 18 зэста дзэ къулыкъум сыкъыпыкIыныр щыуагъэ хъунт; ауэ арыншэу дыкъанэ хъужыкъуэмэ, сэри адэкIэ си гъащIэр зэрыхъунум сегупсысын хуейщ, мис абы щыгъуэ япэу си Iуэху зэсхьэлIэнури уэращ, сыту жыпIэмэ, уэ зы закъуэращ полкым къыщыздэIэпыкъуфыну сызыщыгугъыну щыIэр.
СщIэркъым щIэх уэрэ сэрэ дызэхуэзэжыфынуми, ауэ, уи фIэщ сыщI, а си гугъапIэр къызэхъулIэмэ, игъащIэкIэ къалэмым къуэш дызэхуищIауэ слъытэнущ, си гур пхуэкъабзэщ, фIыщIэшхуи пхузощI мы дунейм куэдрэ узыщримыхьэлIэж гулъытэр сэ, уэ уи хамэ цIыхум, къызэрыслъыбгъэсамкIэ».
Адыгэ щIэныгъэлIыр илъэс куэдкIэ Муравьевым пыщIауэ зэрыщытар щыдолъагъу мы тхыгъэм. Езы Муравьевым Лермонтовыр фIыуэ ицIыхурт. Пушкиныр зэраукIам теухуауэ итха усэм и иужьрей сатыр 16-м щхьэкIэ Лермонтовыр бэлыхь хэхуэну къезыгъэлари а Муравьев дыдэращ, езым и благъэ, Ещанэ Отделенэм и унафэщI Мордвиновым елъэIури, а Iуэхур зэман гуэркIэ зэтрауIэфIат. Пушкиным и щыкъу щIалэм къригъэцIыхуауэ, Мордвиновым и нэIуасэт езы Александр Сергеевичри. Муравьевыр щыгъуазэт бгырысхэм я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу ирагъэкIуэкI бэнэныгъэр урыс усакIуэшхуэхэм зэрыдаIыгъым, бгырыс лъэпкъхэр жагъуэу зэрамылъагъум, пащтыхьымрэ абы и пыхъуэпышэхэмрэ Кавказым щызэрахьэ залымыгъэр ямыдэу я макъ зэрагъэIум. Езыми фIэзахуэтэкъым бгырысхэр зэрыдакъузэр, ахэр Iисраф зэращIыр. Кърым-Джэрий хуигъэхь тхыгъэхэм мызэ-мытIэу щыщIэупщIэрт зауэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм, и ныбжьэгъум щелъэIурт зыщыгъуазэ псори хуитхыну. Абы къыдэкIуэуи, Муравьевым и нэIэ тригъэту щытащ Кърым-Джэ-рий щIэныгъэм хилэжьыхьхэм, адыгэ щIалэр нэхъыфIу тхэ хъунымкIи дэIэпыкъуащ. А зэрызэхуэтхэм нэмыщI, ахэр зэкIэлъыкIуэу щытами дэ тщIэркъым, ауэ ари хуэбгъэфащэ хъунущ.
ЕхыщIанэ гъэхэм Кърым-Джэрий щыпсэуащ Бжьэдыгъукъалэмрэ (Екатериноградрэ) ЦIэмэзрэ (Новороссийскрэ), щылэжьащ «Кубаныдзэ хъыбархэр» газетым. Журналист IэщIагъэм ар тхэкIэм хуэIэзэ ищIащ. Урысейм щыщыIам Iуэху еплъыкIэщIэхэм яжь къыщIихуати, ар Iущ мэхъу, гъащIэм и екIуэкIыкIэр къыгурыIуэу, и дуней еплъыкIэми фIыкIэ зеузэщI икIи, Кавказым къигъэзэжа нэужь, зи акъыл зэтеува, зыхущIэкъури къыпэщытри зэзылъытыжыф лIы абы къищIыкIат. Пэжщ, Кърым-Джэрий «гъащIэм зэреплъу щытар мыпхуэдэущ: ар лIакъуэлIэшхэм я бийт, лъхукъуэлIхэм нэхъ я телъхьэт» жытIэу тхуэукъуэдиинукъым, ауэ, и напэм къызэрыригъэзэгъым хуэдэу, цIыху къызэрыгуэкIхэми яхущытащ.
ДЗЭ ТIЫСЫПIЭХЭР къыздызэхикIухьым, къызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэмрэ и псэукIэмрэ куууэ здиджым, Кърым-Джэрий къыгурыIуэу щIедзэ япэщIыкIэ политическэ хуитыныгъэр къэзэун зэрыхуейр. Кавказ псор пащтыхьым и бжьым къыщIэгъэкIынымкIэ ар япэ лъэбакъуэт. Псом япэ Iуэхуу абы къилъытэрт щIыр тэмэму гуэшыныр къызыдэкIуэну зэхъуэкIыныгъэхэмрэ цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтыныр къызэгъэпэщынымрэ зэгъэхъулIэныр. И лъахэр зыгъэунэхъууи жыхуиIэр пащтыхьым бгырысхэм ядригъэкIуэкI зауэ емынэрат. И щхьэ течауэ ар газетым тридзэу къызэрыхуамыдэнур ищIэрти, Кърым-Джэрий хуотхэ Кавказым дзэуэ исым я Iэтащхьэ пщы Барятинский Александр. А тхыгъэм Кърым-Джэрий щылъаIуэрт зауэр гъэувыIауэ, езыхэм яфIэфIу бгырысхэр Урысейм гуагъэхьэну, щIыпIэм щыщыIэ кIыфIыгъэр ягъэкIуэдыну. Тхыгъэр губзыгъэу тхащ, фIэгъэнапIэ ящIын ямыгъуэтын, «адыгэхэм нэхъ уакъыдощI» къыхужамыIэн хуэдэу. И лъэIум, Iуэхур зэрыщытым и щапхъэхэр куэду къихьурэ, къыщегъэлъагъуэ политикэ и лъэныкъуэкIэ Iущыгъэшхуэ зэрыхэлъыр, зытепсэлъыхьым фIыуэ зэрыщыгъуазэр. Арыншауи наIуэ пхуэщIынутэкъым а зэманым Кавказым щыщыIэ хъуа щытыкIэр. Хуитыныгъэмрэ мамыр гъащIэмрэ яIэу, зэгурыIуэ-зэдэIуэжу бгырысхэр псэу хъуауэ илъагъуныр Кърым-Джэрий и хъуэпсапIэт.
Хьэуэ, псори зыщыгъуазэм ириужьгъэ жыIэзыфIэщтэкъым икIи уанэншэ шутэкъым адыгэ тхакIуэр - къиIэт Iуэхухэм игурэ и щхьэрэ хузэтелът. Зауэм теплъэ мыхъу щхьэкIэ, абы «хеящIэ зауэхэр» щыIэн хуейуэ къилъытэрт, сыту жыпIэмэ, апхуэдэхэр къытехъеикIырт залымыгъэм, къыщIагъэхъейри хуитыныгъэр я хэкум ирагъэгъуэтын, цIыхухэр зэхуагъэдэн мурадкIэт.
1861 гъэм и пэщIэдзэм Кърым-Джэрий щыIащ Мэзкуу. Абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ, литературэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэр щызригъэцIыхуащ. Кавказым къэкIуэжри, куэд мыщIэу абы газетым трыригъэдзащ «Сэфар-пэщэ шапсыгъыпщыр» зыфIища тхыгъэр. Дэ зэрытщIэмкIэ, ар публицистикэу тха и япэ лэжьыгъэщ, зытеухуари шапсыгъ лъэпкъ цIэрыIуэ Зэнхэ къахэкIа Зэнокъуэ Сэфарбий и гъащIэмрэ игъэхъа Iуэхухэмрэщ.
1830 гъэм Анапэ урысыдзэхэр къыщытеуам, щIалэ цIыкIуу Сэфарбий гъэру яубыд. Одессэ щеджащ, иужькIэ хы ФIыцIэм Iут къэзакъыдзэм хохьэ. Мазэ зыбжанэкIэ фIэкIа къулыкъу имыщIауэ, щIопхъуэж. ИужькIэ Сэфарбий адыгэ лIыкIуэхэм я нэхъыщхьэу Истамбыл ягъакIуэ, Тыркур зыдагъэIэпыкъун мурадкIэ. Абы здэщыIэм Iэщэрэ гынрэ Шэрджэсым кърегъашэ. Пащтыхьыдзэм пэщIэтыфын къару зригъэуIун папщIэ адыгэ лъэпкъхэр зэгуигъэхьэныр и гуращэу къегъэзэж и хэкум. Абы щIыгъуу Кавказым къэкIуат Мэжэрым, Польшэм, Алыджым, нэгъуэщI къэралхэми ящыщ зауэлIхэр. Абыхэм я щхьэр щхьэузыхь хуащIырт лIыхъужьыгъэшхуэ яхэлъу зи щхьэхуитыныгъэр зыхъумэжхэм ирагъэкIуэкI бэнэныгъэм. Ауэ Зэнокъуэм адыгэ лъэпкъхэм я зэхущIэуэныр яригъэухын лъэкIакъым. Щамил и Iимам Мухьэмэд-Iэмини зэран къыхуэхъуащ. Ар ДагъыстанымкIэ екъурт, Щамил гухьэн хуейуэ къигъэуву. Сэфарбий дунейм ехыжащ 1859 гъэм. Абы и къуэ Къарэбэтыр и адэр зыхущIэкъуахэр и кIэм нигъэсыну хэтащ, ауэ къехъулIакъым.
Бгырысхэм ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэм щыщ къэхъугъэ гъэщIэгъуэнхэр удихьэхыу къиIуэтэжурэ, Кърым-Джэрий и тхыгъэр щIэщыгъуэ ещI. Апхуэдэу и документальнэ лэжьыгъэр зытеухуам здытепсэлъыхьым, ди нэгу къыщIегъэувэф адыгэхэм я дуней тетыкIэр, я шыфэлIыфэр, лIэнкъэнэну бийм пэщIэува и лъэпкъым хуэмурэ и «куцIыр» зэрыткIур, итIани, «лIэн, е лIын» жиIэу, къызэрымыланджэр…
Кърым-Джэрий и очеркхэм, щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм, и адрей тхыгъэхэми къыщиIэт Iуэхухэр ауэ сытми къритхэкI къудейкъым, къэхъуа-къэщIахэр куууэ щызэпкърех, а зытепсэлъыхьым и мыхьэнэр гурыIуэгъуэу щыдегъэлъагъу. Сыт имытхми, гу къабзэщхьэ къабзэщ, икIи къэхъугъэхэр зищIысыр, абыхэм къежьапIэ яхуэхъуамрэ кърикIуэнкIэ хъунумрэ я щхьэусыгъуэхэр къихутэфу и къалэмыр егъэшэрыуэ.
1865 гъэм накъыгъэм и 29-м «Кубаныдзэ хъыбархэм» абы трырегъадзэ «Ди пасэрей гъащIэм теухуауэ псалъэ зытIущ» зыфIища тхыгъэр. Адыгэ IуэрыIуатэр къигъэсэбэпурэ, Кърым-Джэрий абы щызэфIигъэувэжыну хэтщ адыгэхэм я дыгъуасэм къэхъуа Iуэхугъуэхэр. Дэнэ кърихрэт а къиIуэтэжхэр? Япэрауэ, нартхэм ятеухуауэ абы куэд къыщищIат джэгуакIуэхэм я деж. ЕтIуанэрауэ, зэгуэрым дунейм къытехьа тхыгъэхэр - Нэгумэ Шорэ, Хъан-Джэрий, ХьэтIохъущокъуэ Къазий сымэ я къалэмым къыщIэкIахэр - зэхуихьэсыжурэ щIиджыкIыжащ икIи зэпкърихащ. АтIэ нартхэм ятеухуа хъыбархэр урысыбзэкIэ дунейм къытехьат блэкIа епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и еплIыщIанэ, етхущIанэ гъэхэм. Ахэри зэхуэхьэсыжауэ зы щхьэ акъылкIэ узэщIын хуейт. А къалэныр Кърым-Джэрий игъэзэщIащ.
Зи гугъу тщIы тхыгъэмкIэ Кърым-Джэрий журналист, этнограф Iэзэу зыкъигъэлъэгъуа къудейкъым, атIэ тхыдэм елэжь еджагъэшхуэуи тхылъеджэхэм я пащхьэ къиуващ. Тхыгъэр дунейм къытехьэн ипэкIэ екIуэкIа илъэс зыбжанэм ар куэдрэ щIэныгъэ IуэхукIэ гъуэгу техьащ - хъымыщхэм, натхъуейхэм, абазэхэхэм, кIэмыргуейхэм, шапсыгъхэм я деж щыIащ. Щежьа зэманым зригъэхъулIахэр къиIуэтэжын мурадкIэ итха хуэдэщ «Ди пасэрей гъащIэм теухуауэ псалъэ зытIущыр». Ар тIэу тедзэгъуэу тетащ газетым, мазэ зыбжанэ я зэхуакуу.
Ди зэманми кIуэдакъым а тхыгъэм и мыхьэнэр, абы хэт хъыбархэмрэ шыпсэхэмрэ икъукIэ къахуэсэбэпынущ «Нарт» эпосым елэжь еджагъэшхуэхэм. ТхакIуэм а хъыбархэр, зэрызэхихам хуэдэу, къиIуэтэжу и Iэр итхьэщIыжыркъым, езыр Iуэхум зэреплъыр къыхегъэщ. Псалъэм папщIэ, Iуащхьэмахуэ кIэраIулIауэ зыхужаIэж адыгэ Прометей - Джэдал и хъыбарыр къызэрежьар еубзыху. Адыгэ нарт эпосым зи гугъу тщIы лIыхъужьым зэрыщеджэр Нэсрэн ЖьакIэщ. Кърым-Джэрий Джэдалрэ Прометейрэ бгым щIраIулIам я щхьэусыгъуэр зэрызэтехуэр къелъытэ. Эсхилрэ Гесиодрэ мафIэхьхэр щраIулIауэ къагъэлъагъуэр зэры-Кавказыр къыжеIэ икIи абыкIэ наIуэ ещI алыдж мифологиеми тхыдэми къагъэщIа лIыхъужьу ахэр зэрыщымытыр, атIэ адыгэ хъыбарыр алыджхэм я мифым лъабжьэ зэрыхуэхъуагъэнур.
А тхыгъэ дыдэм Кърым-Джэрий къыщеIуэтэж Абрагъуэ жылэшхуэм къыщыщIам теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн. А къуажэр дэсащ тенджыз ФIыцIэм еуалIэ ЦIухьэб аузым. Абы щыпсэухэр адыгэт. Псори ягъуэту зэрыпсэум щхьэкIэ закъыфIэщIыжри, хасэ джэгухэр къыщызэIуахкIэ мывэджейр къамыгъэсэбэпыж хъуащ («Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ» жаIэу адыгэхэм тхьэрыIуэ яIэт. Мывэми тхьэм и фэ ираплъу щытагъэнщ - Хь. М.). Абы тхьэр къигъэгубжьащ, нэхущым зэкIэщIигъэкIуэтщ аузри, ер къызэрыкIа къуажэр, абы дэсхэри щIыгъуу, кIуэцIригъэхуащ, а щIыпIэми гуэлышхуэ иригъэлъэдэжащ. Диныншэ хъуа и къуажэгъухэм ебийуэ щыта зы бгырыс цIыхуфIщ, и унагъуэр щIыгъуу, къэнар псэууэ. Абрагъуэ теухуа хъыбарыжьыр зыгуэркIэ поджэж Содомрэ Гоморрэрэ зэрыкIуэдам теухуауэ Библием ит хъыбарым, ауэ адыгэхэм я деж щызекIуэр куэдкIэ нэхъ гъэщIэгъуэнщ. Тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм щыпсэу шапсыгъхэрат а хъыбарыжьыр къэзыIуэтэжар…
Тхыгъэм адэкIэ щыжеIэ хъыбарыжьхэр адыгэ пшыналъэхэм япэ къежьауэ.
Къэхутэныгъэ куу езыгъэкIуэкIыф щIэныгъэлI Iэзэу Кърым-Джэрий зыкъегъэлъагъуэ, Сосрыкъуэ и цIыху щIыкIэр щызэпкърихкIэ. Усэбзэу зэхэлъхьа, уэрэдым хуэдэу укъуэдия «Сосрыкъуэ и пшыналъэр» зытеухуам щытепсэлъыхькIэ тхакIуэм дегъэгупсысэ: «Тхылъеджэм тыншу гу лъитэнщ Георгий щихъым (Джаурджий) теухуа чристэн IуэрыIуатэмрэ дыдеймрэ зэрызэщхьым. Дауи, тIум щыгъуэми, Iуэхур зэлъытыжар къыщыхъу щIыпIэмрэ зи гъащIэр Iэджэ щIауэ къэзыгъэщIа ЛIыхъужьхэмрэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, иджыпсту къэтхьа уэрэдымрэ Георгий щихъым теухуа IуэрыIуатэмрэ хэт лIыхъужьитIри псэущхьэ шынагъуэжьхэм - абыхэм блэ, иныжь е цIыху яфIэщ - ятокIуэ».
Мы щапхъэм нэрылъагъу щохъу Кърым-Джэрий хуигъэфащэр итхыж е пшыналъэм тепсэлъыхьыж къудейкIэ и Iуэхур зэрызэфIимыгъэкIыр, атIэ нарт Сосрыкъуэ теухуа пшыналъэм и мыхьэнэр къитIэщIыну зэрыхэтыр. Тхыдэм къыхих щапхъэр урысхэм я IуэрыIуатэм иригъапщэкIэрэ, ди эпосым и лIыхъужьым и цIыху щIыкIэр дегъэлъагъу. Ауэ дэ арэзы дытохъуэ адыгэ щIэныгъэлI ХьэдэгъэлI Аскэр Кърым-Джэрий и Iуэху еплъыкIэ языныкъуэхэр зэримыдэм. Псалъэм папщIэ, арэзы утехъуэныр щыуагъэщ Георгий Победоносецыр «Нарт лъэпкъхэм… къахэкIа лIыхъужьу» Кърым-Джэрий зэрыжи-Iэм, генуэзцхэм япэгъунэгъуу ар (Георгий) къызыхэкIа лъэпкъыр Геленджик (ХьэфIыцIей) пэмыжыжьэу псэуа хуэдэу къызэриIуатэм. Пэжым ухуеймэ, «мафIэр къэхьыжыным» теухуа хъыбарыр къежьэри, зэман Iэджэ дэкIауэщ генуэзцхэр Кавказым къакIуэу адыгэхэм пэшэгъу къащыхуэхъуар. Апхуэдэу тэмэмкъым мафIэр къэзыхьыжа Джэдал теухуа хъыбарри генуэзцхэм алыджхэм я деж нахьэсауэ зэрыжиIэр. Генуэзцхэм куэдкIэ япэ иту алыджхэр Кавказым щы-Iащ, адыгэхэми илъэсищэ зыбжанэкIэ пыщIэныгъэ къыхуаIащ икIи езы алыджхэм адыгэ IуэрыIуатэр ящIэу щытагъэнущ.
Мыбдежым дигу къыщыдгъэкIыжынщ къэбэрдей усакIуэ КIуащ БетIал къызэригъэлъэгъуар «Генуе», «генуэзец» псалъэхэр адыгэбзэм зэрихъумар, абыхэм къатепщIыкIащ Жануэс, Жанусэ цIыхубзыцIэхэр, Жынус цIыхухъуцIэр.
«Ди пасэрей гъащIэм теухуауэ псалъэ зытIущ» тхыгъэр щIэныгъэм елэжьхэми газетым еджэхэми икъукIэ гунэс ящыхъуат. Ди лъэпкъыр къызытехъукIыжа пасэрей нартхэр зыхуэдэу щытар къэIуэта хъуат. Ди зэманми мыхьэнэшхуэ иIэщ а тхыгъэм. Абы фIагъыу хэлъыр литературэм ехьэлIа къудейкъым. Адыгэ лъэпкъым и эпосыр къызыхуэтыншэу зэфIэгъэувэжын щыхуей мы лъэхъэнэм ар къагъэсэбэп хъунущ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм.
ТХАКIУЭУ, журналисту, къэхутакIуэу щытащ Кърым-Джэрий, адыгэ IуэрыIуатэр ауэ къыщищтэкIэ, тхыдэ Iуэхут нэхъыбэу зэрихуэр. Апхуэдэу щыт пэтми, абы и IэдакъэщIэкIхэр художественнэ тхыгъэ щапхъэм тету, гупсысэри куууэ къащыщIигъалъэу узэщIащ.
Кърым-Джэрий сыт щыгъуи гукъыдэж иIэт зыщалъхуа Шэрджэсым хуэлэжьэну, къызыхэкIа лъэпкъым и блэкIар зригъащIэу абы и пщэдейми зы фIыгъуэ гуэрхэр прихьэжьэну, нэгъуэщIу жыпIэмэ, псэуху ар щIэбэнащ и лъэпкъэгъухэр щIэныгъэм къыхуэгъэушыным, мамыру псэуныр къахузэгъэпэщыным.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
Кърым-Джэрий СулътIан.
Сурэтыр Адам Вильгельм ищIащ. 1839 гъэ
Муравьев Андрей. 1833 гъэ
Нэгумэ Шорэ
Къаз-Джэрий СулътIан
Хъан-Джэрий СулътIан
Адыл-Джэрий СулътIан
КIашэ Адылджэрий