Урыс тхакIуэхэм адыгэхэр къазэрыщыхъуу щытар

 Урыс литературэмрэ щэнхабзэмрэ хуабжьу зыщаужьа, лъэпкъ щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм лъэщу зыкъыщиIэт лъэхъэнэм ирохьэлIэ Кавказыр Урысейм щыгухьар. Урыс щэнхабзэ пэрытым и нэхур ятепсащ 1917 гъэм и пэкIэ тхыбзэ зимыIауэ Кавказ Ищхъэрэм иса лъэпкъ цIыкIухэм (абыхэм Къэбэрдейри, Шэрджэсри, Адыгейри яхэту). ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм абыхэм къахэкIащ япэ щIэныгъэлIхэр, тхакIуэхэр, журналистхэр. Я цIэ къитIуэнщ урыс литературэмрэ щэнхабзэмрэ зи гупэр хуэзыгъэзахэу Нэгумэ Шорэ (1794 - 1844), Къуэдзокъуэ Лэкъумэн (1818 - 1883), Къаз-Джэрий (1807 - 1863), ХьэтIохъущокъуэ Къазий (1841 - 1899), Хъан-Джэрий (1808 - 1843), КIашэ Адэлджэрий (Къалэмбий, 1840 - 1872), Ахъмэтыкъуэ Юрий (1872 - 1902) сымэ. Ахэр псори Урысейм щеджащ. Я тхыбзэ зэрагъэпэщын зэралъэмыкIам къыхэкIыу, зэрытхэуи щытар урысыбзэщ. Пушкиным зэрыжиIащи, абыхэм урысыбзэр «Iэзэу, жьэнахуэу икIи шэрыуэу» къагъэIурыщIэт.

 А лъэхъэнэм езы урыс дыдэхэм яфIэгъэщIэгъуэн хъурт, Белинский В.Г.  зэритхауэ, «адыгэр урыс тхакIуэхэм я сатырым зэрыхэувэр икIи ар пщIэ зыхуащI литератор куэдым нэхърэ нэхъ Iэзэу урысыбзэм зэрыхуэшэрыуэр».

Япэ адыгэ тхакIуэхэм, еджагъэшхуэхэм щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр куууэ яджщ, дунейпсо, урыс классикэ литературэхэр фIыуэ зэрагъащIэри къызыхэкIа лъэпкъым и сэбэп зыхэлъ къалъыхъуащ, адыгэр Урысейм и культурэ пэрытым ешэлIа хъуным я къару ирахьэлIащ. АбыкIэ сэбэп къахуэхъуащ лIакъуэлIэш революционер Грибоедов А.С., декабристхэу Кюхельбекер В.К., Одоевскэ А.И., Бестужев-Марлинскэ А.А., Якубович А.И. сымэ, ермэлы зэкъуэшхэу Бебутовхэ, куржыхэу Чавчавадзе Ильярэ Орбелиани Григолрэ. Кавказым и цIыху пэрытхэр Урысейм и лIакъуэлIэш революционерхэм я телъхьэт. Кавказым и экономикэмрэ щэнхабзэмрэ псынщIэу заужьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэфIхэр яубзыхуурэ, абыхэм къагъэлъагъуэрт урысхэмрэ бгырысхэмрэ мамырыгъэрэ ныбжьэгъугъэкIэ зэшэлIэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.

 Сенат утым щекIуэкIам и ужькIэ декабрист куэд, я офицерыгъэр трахыурэ, Кавказым щыIэ дзэхэм къагъэкIуат. Абыхэм я гъуэгур адыгэхэм я щIыналъэм кIуэцIрыкIт. ИкIи Бестужев-Марлинский Александр зэрыжиIауэ, «Кавказ курыкупсэм» щалъагъу дахагъэм и закъуэтэкъым декабристхэр дэзыхьэхыр, абыхэм «зэрагъэщIэну хуейт бгырысхэм я зэхэтыкIэр, я хабзэхэмрэ я хьэл-щэнхэмрэ».

 Адыгэхэм я гукъэкIыжхэм фIыкIэ къахощыж урысхэмрэ бгырысхэмрэ зэпэгъунэгъу хъуныр зыфIэкъабылу щыта декабристхэр. Абыхэм яубырт пащтыхьым Кавказым щригъэкIуэкI хъунщIакIуэ зауэр, бгырыс лъэпкъхэр зыгъэулъий политикэ мыхъумыщIэр.

«Кавказыр мамыру вгъэпсэуи, дуней жэнэтыр Евфрат къыщывмылъыхъуэ… Ар мыращ, мыбдежращ здэщыIэр», - жиIэрт Бестужев-Марлинскэм. Декабрист Розени и хэку щыкIуэжым итхыгъащ: «Узыншэу, Кавказ! Уэ узыгъэбжьыфIэ дахагъэм къыхрехъуэ уи деж щыпсэухэм я зэIузэпэщ гъащIэри».

 Адыгэ тхакIуэшхуэ КIэрашэ Тембот «Революцэмрэ бгырысымрэ» журналым I932 гъэм тридза тхыгъэм пэжу къыщигъэлъэгъуащ Iэмалыншагъэм ирихулIэу зы зэман лъэпкъым игъуэта дуней тетыкIэр абы и хьэл-щэну пIуатэ зэрымыхъунур, адыгэ лъэпкъыр, и щхьэхуитыныгъэр ихъумэжурэ, зауэ Iуэхум нэхъ хуэгъэпса зэрыхъуар, и культурэрэ искусствэрэ заригъэужьыну Iэмал зэримыIэр езым зэримызэраныр.

АтIэ, илъэсипщI зыбжанэкIэ Урыс-Кавказ зауэм и пэжыпIэр зэрыщIауфэным хэтащ, пащтыхь генералхэм Шэрджэсым, Дагъыстаным, Шэшэным щызэрахьэ залымыгъэр ягъэзахуэу, мысэр хей ящIу буржуазнэ тхакIуэхэм Iуэхур зэрыщымыту ятхырт, Кавказ лъэпкъхэр лъыифхэу икIи гущIэгъуншэхэу жаIэу IэджэпцIи яIуатэрт, уеблэмэ бгырысхэм гущIэгъуншагъэр я хьэлу къыщIрагъэдзыну хэтт.

 Езы пащтыхьыр хэтыт абы щыгъуэ? Аратэкъэ бгырысхэм я лъыр щысхьыншэу зыгъажэр? Абы и генералхэратэкъэ цIыхухъу зыдэмысыж къуажэхэм сабийхэмрэ жьыкIэфэкIэхэмрэ щызэтезыукIэр? Бгырысхэм фIыуэ ялъагъут хуитыныгъэр. Ар яхъумэжу ирагъэкIуэкIырт бэнэныгъэ.

 Ижь-ижьыж лъандэрэ урыс лъэпкъ гурыхуэм пэшэгъу яхуэхъуныр яфIэкъабылт бгырысхэм. Ауэ пащтыхьымрэ лъэпкъ псомрэ зыкъым, езы урыс лэжьакIуэбэри арат зыгъэпщылIыжыр.

 Кавказми пащтыхьыр къэкIуат и пщылIхэм я бжыгъэр нэхъыбэ ищIыну. Адыгэхэм Iэщэр яIэщIэлъу зауэм IукIуадэмэ нэхъ къащтащ пщIылI хъу нэхърэ.

 Марксрэ Энгельсрэ я нэIэ къытрагъэтт Кавказым зауэр зэрыщекIуэкIым икIи зэрахуэфэщэнкIэ пщIэ къыхуащIащ адыгэ лъэпкъым и щхьэхуитыныгъэр зэрихъумэжым. Маркс а зэманым мыпхуэдэу итхащ: «Адыгэ хахуэхэм аргуэру урысхэм я деж текIуэныгъэфI зыбжанэ къыщахьащ. Лъэпкъхэ, зыщевгъасэ абыхэм я деж, щхьэхуиту къэнэжыну хуей цIыхухэм яхузэфIэкIыр зэвгъэлъагъуи».

Адыгэхэм яхэлъ лIыхъужьыгъэшхуэр дуней псом яфIэтелъыджэт. ИкIи Венгрием, Грецием, Польшэм, нэгъуэщI къэралхэми къикIа революционерхэри адыгэ зауэлI мэхъэшахэм ядэзауэрт.

Грибоедоври, Лермонтоври, Толстой Леви Кавказым щхьэусыгъуэ зырыз яIэу къэкIуат, ауэ ахэр зэдэрагъут пащтыхьым Кавказым щызэрихьэ мыхъумыщIагъэр щысхьыншэу сэтей къыщащIкIэ. Езыхэм пщIэ хуащIырт бгырысхэм, фIыуэ ялъагъурт абыхэм я IуэрыIуатэр.

Пушкиныр тIэуней щыIащ ди хэкум. Абы адыгэхэр жагъуэу илъагъуртэкъым, нэ жанкIэ кIэлъыплъырт я гъащIэм, пщIэшхуэ яхуищIырт хуитыныгъэр фIыуэ зэралъагъум щхьэкIэ, фIэгъэщIэгъуэнт яхэлъ хьэщIагъэр, нэмысыр, лIыгъэр. ПщIэнши хъуакъым Кавказым зэрыщыIар – ди щIыналъэм теухуа усэхэр, поэмэхэр итхащ.

«ЩIыпIэ узытхьэкъущ. Абы сыт хуэдиз поэзие къыщызгъуэта, сыт хуэдиз гурыфIыгъуи щызгъэунэхуа!» – жиIэу и Iыхьлы Павлищевым хуиIуэтэжат здэщыIар къызэрыщыхъуар. Урыс тхакIуэшхуэр и телъхьэт бгырысхэр фIырыфIкIэ Урысейм гуэгъэхьэным. Зэман кIыхькIэ Кавказым щыIащ Лермонтов Михаил. Абы куууэ щыгъуазэ зищIат бгырысхэм я хьэл-щэным, я хабзэхэм, я псэукIэм, дуней тетыкIэм.

«Кавказырыс» зыфIища и очеркым, и щхьэм тритхыхьыжам, усакIуэм щыжеIэ: «…ЛIыхъужьыгъэ зыхэлъ лъэпкъым и IуэрыIуатэ усэбзэкIэ тхам ар итхьэкъуат, бгырысхэм я хабзэхэмрэ я хьэлхэмрэ хъарзынэу къыгурыIуат, я пелуанхэр я цIэкIэ зэригъэщIат, я лъэпкъ нэхъыщхьэхэр къызыхэкIахэр игу ириубыдат».

 УсакIуэм и тхыгъэхэм увыпIэшхуэ щеубыд «Урысеймрэ Кавказым ис лъэпкъхэмрэ» Iуэхум. Лъэпкъхэр пщылIыпIэм иригъэувэн, абыхэм я щIыналъи я хуитыныгъи ятрихын мурадкIэ пащтыхьым Кавказым щригъэкIуэкI зауэм ар и бийт икIи зи хуитыныгъэр зыхъумэж бгырысхэм я зэщIэхъееныгъэр диIыгът… Абыи тэмэму къыгурыIуэрт фIырыфIкIэ бгырысхэр Урысейм гуэгъэхьэным лъэныкъуитIми я сэбэп зэрыхэлъар.

Дарий Дахэнур.

 

Поделиться:

Читать также: