Уи адэ и лъагъуэжьрэ уи адэ и благъэжьрэ умыбгынэ

 «Гуащэмахуэ и тхьэусыхэ» цIыхубэ уэрэдыр игъэзащIэу щытащ КъардэнгъущI Зырамыку. Ауэ Гуащэмахуэ и хъыбару ди зэманым къэсар мащIэщ. Абы и къекIуэкIыкIам теухуауэ Къэбэрдейми, Шэрджэсми, Адыгейми щатхыжыр зэтехуэркъым. Езы уэрэдым и псалъэхэр:
ЛIым я леймрэ рэуиуа, а-а, шым я леймрэ
Айра, сынырахьэжьэри, рэуэ ией,
Уой, сы-Гуащэмахуэт, уэр, сэрмахуэ,
Уойрэщ, жыфIэркъэ, сыгуащэ хужьт, атIэ!
Сыгуащэти, рэуиуа, а-а, сы-Гуащэмахуэт
Айрэ, сыгуащэ хужьти, рэуэ ией,
Уой, сырамыхьэхыурэ, уэр, сэрмахуэ
Уойрэщ, жыфIэркъэ, сыгъэрт, атIэ!
Сырымэурэ, рэуиуа, а-а, си зэпэщIыIури
Айра, мы жэщ мазэхэми, рэуэ ией,
Уой, зэрогъэлъэлъри, уэр, сэрмахуэ,
Уойрэщ, жыфIэркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ!
Си нэпситIыр, рэуиуа, а-а, къысфIелъэлъэхыурэ,
Айра, си адэм и унэми, рэуэ ией,
Уой, сыдумыхащэрэт, уэр, сэрмахуэ,
Уойрэщ, жыфIэркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ!
Къуажэ-къуажэурэ, рэуиуа, а-а, сызыдэпхьэмэ,
Айра, «КIахэ хьэщIэщ» жаIэри, рэуэ ией,
Уой, си напэ хужьри, уэр, сэрмахуэ,
Уойрэщ, жыфIэркъэ, къысхуагъэуцIыплъ, атIэ!
Алътесымрэ, рэуиуа, а-а, чэсеймрэ
Айра, мы бжьыхьэ жэпыми, рэуэ ией
Уой, къызогъэгъэфри, уэр, сэрмахуэ,
Уойрэщ, жыфIэркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ!
Анидолэурэ, рэуиуа, а-а, си фэ плъыжь вакъэри,
Айра, жэщырыкIуэными, рэуэ ией,
Уой, къысхуегъэуфIыцIри, уэр, сэрмахуэ,
Уойрэщ, жыфIэркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ!
Къутыным хуэдэурэ, рэуиуа а-а, си бгъафэ хужьмэ,
Айра, ДжатэгъэжьитIри, рэуэ ией,
Уой, щызэблызохъури, уэр, сэрмахуэ,
Уойрэщ, жыфIэркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ!
Щолэхъужьурэ, рэуиуа, а-а, шы гъуабжэ кIэщIри,
Айра, зэдэдишэнтти, рэуиуа ией,
Уой, бланафэ шэтырри, уэр, сэрмахуэ,
Уойрэщ, Ахъмэт и жьэгъум къыщысхуоухуэри!
ЗэратхыжымкIэ, адэ ижь зэманым зэгъунэгъуу псэуа къуажитIым фIыуэ зэрылъагъуу зэныбжьэгъуитI дэсат. А тIур щIэх-щIэхыурэ зэкIэлъыкIуэрт. «Зым къуэ иIэ хъумэ, адрейм пхъу иIэ хъумэ, зэрыдгъэшэнщ, ди ныбжьэгъугъэр нэхъри быдэ хъун щхьэкIэ» жаIэрт. Зэгуэрым зыр адрейм деж кIуауэ и фызыр лъхуауэ къыщIэкIащ. «Си ныбжьэгъум уи къуэм Джатэгъэжь цIэуэ фIызощ», - жиIэри фIищащ. Куэд дэмыкIыу къуэ къызыхуалъхуауэ щытар мыдрей и ныбжьэгъум деж къэкIуауэ, абыи къуэ къыхуалъхуауэ кърихьэлIащ. «Апхуэдэу щыхъуакIэ, уи щIалэми Джатэгъэжь фIызощ», - жиIащ абыи. «Дэ тIур дызэрызэныбжьэгъуам хуэдэу, ди щIалитIри зэныбжьэгъу ирехъу», - жаIащ. «Уи адэ и лъагъуэжьрэ уи адэ и благъэжьрэ умыбгынэ» жыхуаIэрати, ДжатэгъэжьитIыр я адэхэм хуэдэу, зэныбжьэгъуу, щIэх-щIэхыурэ зэкIэлъымыкIуэм зэхуэзэшу зэхущытт.
1936 гъэм Москва къыщыдэкIауэ щыта «Адыгэ IуэрыIуатэ» тхылъым Гуащэмахуэм и хъыбару итым ДжатэгъэжьитIым я унэцIэр къыщыгъэлъэгъуащ - Хъырцыжь Джатэгъэжьрэ Хъырзэдж Джатэгъэжьрэ. Зы махуэ гуэрым Хъырзэджыр Хъырцыжьым деж къэкIуащ: «Си ныбжьэгъури слъагъунщ, щхьэгъусэ схуэхъун пщащэ къысхущIихми, къэсшэнщ», - жиIэри.
Хъырцыжьым и ныбжьэгъур адыгэ хабзэкIэ иригъэблэгъащ. ХьэщIэм и хьэщIэгъуэ пIалъэр щызэфIэкIым, и мурадыр жиIащ:
- Си ныбжьэгъум щхьэгъусэ схуэхъун пщащэ сумыгъэлъагъуфыну пIэрэ, жысIэри, сыкъэкIуат.
  - Ар хъарзынэкъэ, пщэдей ди жылэм пщащэу дэсыр уэзгъэлъагъунщ, - жиIэри, хьэщIэр игъэгъуэлъыжри, езыр къишэну мурад зыхуиIэ Гуащэмахуэ дахэ деж кIуэри, жриIащ:
 - Пщэдей псыхьэ кIуэным ухуэмыпIащIэ! Си ныбжьэгъу, си цIэджэгъу къэкIуауэ пщащэу ди жылэ дэсхэм яхэплъэнущи, уэ зыIэжьэ, сэ сыхуейкъым абы укъезгъэлъагъуну! - жиIэри.
Пщэдджыжьым жьыуэ ДжатэгъэжьитIыр къэтэджщ, затхьэщIщ, захуапэри, къуажэ хъыджэбзхэр псыхьэ зэрыдыхьэ-къызэрыдэкIыж лъагъуэм и гъунэгъуу хадэ кIуэцIым къитIысхьащ. Къуажэм хъыджэбзу дэсыр псыхьэ щыдыхьэми къыщыдэкIыжми гупсэхуу Хъырзэдж Джатэгъэжьыр яхэплъащ, ауэ игу ирихьын яхилъэгъуакъым. ЩIалитIым къагъэзэжщ, пщэдджыжьышхэ зэдащIри, хьэщIэр щышэсыжым, зэрыхабзэти, бысымри дэшэсащ и ныбжьэгъур къуажэм дэкIыжыху дэкIуэтэну. ШууитIыр къуажэ уэрамым къыдыхьауэ къыщрикIуэм, Гуащэмахуэ псы къихьу къэкIуэжу зэIущIащ. Хъыджэбзым шухэм я гъуэгур зэпимыупщIын щхьэкIэ къэувыIэри, шууитIыр блигъэкIащ.
 - Уа, си ныбжьэгъу, нышэдибэ дызыхэплъа хъыджэбзхэм яхэтакъым мы хъыджэбз дахэр, - жиIащ хьэщIэм.
 - Яхэтащ, си ныбжьэгъу, ауэ уэ гу лъыптагъэнкъым ахъумэ! - жиIащ бысымым.
- АтIэ, сэ абы фIэкIа нэгъуэщI къэсшэну сыхуейкъым, дыгъэгъази сегъэпсалъэ а хъыджэбзым, - жиIащ. Бысымми, къысхуэгъэгъу, ар сэ си къэшэнщ, жиIэфакъым.
 - НакIуэ, къыбдэкIуэну щытмэ, сэ зэран сыхъункъым, - жиIэри, Гуащэмахуэ я унэ зэрыдыхьэжу, шууитIыр кIэлъыдыхьащ. Хъырцыжьым игугъащ «сэ къэсшэну сыщепсэлъакIэ, ар си ныбжьэгъум дэкIуэнкъым» жыхуиIэу. Гуащэмахуэ хьэщIэщым ираджэри, хьэщIэм Гуащэмахуэм гу зэрыхуищIар жриIащ. Иджыри къэс Хъырцыжьым ишэну жиIэу къепсалъэу щытауэ, иджы хьэщIэр зэрыриутIыпщар Гуащэмахуэми гузэрыдзэ щыхъуащ. Хъырзэджри Хъырцыжь зыпылъым нэхърэ зыкIи мынэхъ Iейуэ щIалэ екIут.
«Уэ укъысхуэмеижу, хьэщIэм сыщыхуэбгъэлъэгъуакIэ» жиIэщ игукIи, «Хъунщ сыарэзыщ, къэгъакIуэ лъыхъухэр, хабзэкIэ сыбдэкIуэнщ!» - жиIэри, хьэщIэщым къыщIэкIыжащ. ШууитIри шэсыжащ. ХьэщIэр зэрыригъэжьэжу, Хъырцыжьым къигъэзэжри, Гуащэмахуэ ирихьэжьащ. Ар Хъырзэджым щызэхихым, ерыщ зэхуекIуэри, зыр зэрыбэлэрыгъыу адрейр теуэрэ хъыджэбзыр къытрихыжу, мыдрейр зэрыбэлэрыгъыу, абы къытеуэрэ трихыжурэ, Гуащэмахуэ дахэр ДжатэгъэжьитIым гъэру кърахьэкIащ. Апхуэдэу хуэмыфащэу лей къызэрылъысам щхьэкIэ, уэрэдыр иусащ жаIэ. Шэрджэсхэм зэрыжаIэмкIэ, Тэрчи, Лаби, Псыжьи - а псыхъуищым я зэхуакум Гуащэмахуэ нэхъ дахэ бзылъхугъэ дэсакъым. Гуащэмахуэ и уэрэдыр къызэрежьэрэ зэман куэд дэкIауэ, ХьэтIохъущокъуэм мурад ищIащ, абы и уэрэдыр пцIырэ пэжрэ зэхигъэкIыну. И уэркъхэм ящыщ Къэрабэ и къуэм и пщэ ирилъхьэри иутIыпщащ:
 - Мы Гуащэмахуэр дунейм тетмэ къэгъуэти, мы уэрэдыр пцIырэ пэжрэ къысхуэщIэ! - жиIэри. Къэрабэ и къуэм къикIухьурэ Гуащэмахуэ жьы хъуауэ къигъуэтри и пщэ къралъхьа Iуэхур щыжриIэм, Гуащэмахуэм мыр къыжриIащ:
 - Пэжщ, уэрэдыр зыусари сэращ. Уэрэдым хэт псалъэхэри пэжщ. Япэ сезыхьэжьа Джатэгъэжьым мы Iэлъыныр къысхуигъанэри езыр Истамбыл икIыжауэ щытащ. Мыдрейуэ сыкъытезыхыжауэ щытам срищхьэгъусэу дыпсэуурэ, абы сыкъызэрытрихыжам щхьэкIэ, ар япэрейм и ныбжьэгъухэм яукIащ. Сэри зыми сахудэмыкIуэу сыщысу, япэ сезыхьэжьауэ щытар Истамбыл къикIыжри, сыкъигъуэтри, сишэжри лIэжыху дызэдэпсэуащ, - къыжриIащ Къэрабэ и къуэм.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: