Хъуржыным из яжьэЛIэщIыгъуэхэр къызэпызыча ди лъэпкъым и Iущыгъэр, и дуней еплъыкIэр IуэрыIуатэм къыхощыж. Зэратхыжщи, адыгэр зэи мылъкум и нэр къыхуикIыу щытакъым. Апхуэдэу «ЛIыфI гуэрым и пхъуитIыр» хъыбарыжьым упщIэ къытхуегъэув: «Дыщэ пыIэ къызыхуахьа хъыджэбзымрэ яжьэ хъуржын къызыхуахьа хъыджэбзымрэ ухагъэдамэ, дэтхэнэр къыхэпхынт?!» - жери. (Нэхъыбэм дыщэ пыIэ къызыхуахьа хъыджэбзыр къыхах, ауэ таурыхъым и пIалъэ зыщIэхэм яжьэ хъуржын къызыхуахьа хъыджэбзыр нэхъ къащтэ). Дигу къыдогъэкIыж зи гугъу тщIы таурыхъыр. Еуэрэ-еуэрэт, жи, зы лIыфI гуэрым пхъу дахитI иIэт. ЛIыр илъэс къэс мазищ зекIуэ кIуэрти, и ежьэгъуэр къыщысым, ипхъу дахитIыр къриджэри еупщIащ: - Иджы, си хъыджэбзхэ, сэ пщэдей сожьэ, сыкъыщыкIуэжкIэ сыт къыфхуэсхьын? - жиIэри. Нэхъыжьым и цIэр Ужьэти, Ужьэ къэпсалъэри къелъэIуащ: - Узыншэу тхьэм укъытхуихьыж, ди адэ, укъыщыкIуэжкIэ дыщэ пыIэ къысхуэхь, жыжьэу къаплъэр нэхъу ищIрэ гъунэгъуу къаплъэр нэф ищIу, - жиIэри. НэхъыщIэм и цIэр Данэти, Данэ къэпсалъэри хъуржын къыхуишиящ: - Ди адэ, узыншэу тхьэм укъытхуихьыж! - жиIэри. - Къысхуэпхьыну сызэрынолъэIуращ: уи пщафIэ щIалэм махуэ къэс губорэ пхуигъэжьэнущи, уи губорэ Iыхьэм яжьэу кIэрылъыр мы хъуржыным къигъэлъалъи къысхуэхь. ЛIым игукIэ: «Сыту делэ мыгъуэ мы си нэхъыщIэр!» - жиIэри, абы нэхъ къыфIимыгъэкIыу, ежьащ. И хабзэрати, мазищкIэ къикIухьащ лIым, жэщым епсыхрэ махуэм шэсыжу. Пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми пщафIэ щIалэм губорэ игъажьэрти, къытрилъхьэрт, лIым и губорэ Iыхьэр къабзэу зэпилъэщIыхьырти, яжьэр хъуржыным ирикIутэрт; щIалэм и губорэ Iыхьэр имылъэщIу ишхырти, ежьэжырт. Апхуэдэу Iэджэрэ къакIухьаи абы - Истамбыл жыпIэн, Бытырбыху жыпIэн, Куржы жыпIэн - Iэджэ! Сытми, я Iуэху зэфIэкIауэ къыздэкIуэжым, пщафIэ щIалэр, сымаджэ хьэлъэ хъури, шым къехуэхащ. Сыт и Iэмалт лIыфIым - шы кхъаблэ ищIри абы телъу къишэжащ. ЩIалэр хьэщIэщым щигъэгъуэлъри, езыр унэм къэкIуэжащ. Ужьэрэ Данэрэ гъуэлъыжауэ псысэ жаIэу, къуажэхь джэгуу здыхэлъым, къыщылъэтыжри захуэпэжаш, я адэм IэплIэ хуащIащ, гуфIащ, ягъэшхащ. Шхэн зэфIэкIри, лIым ипхъу нэхъыжьыр игъэгуфIащ, дыщэ пыIэр иритри: - Мэ, си пажэ, угъурлы пхухъу! - жиIэри. Дыщэ пыIэм жыжьэу къаплъэр нэхъу ищIырт, гъунэгъуу къеплъыр нэф ищIырт. Аргуэру Iэбэри лIым ипхъу нэхъыщIэри игъэгуфIащ, хъуржыным из яжьэ къритри: - Уэри умыделэжь цIыкIумэ, яжьэ жыпIэу улъэIуэнтэкъым! - жиIэри. Данэ зэрыгуфIэу гуфIэурэ, хъуржыныр къыIихщ аби, щIихри, яжьэ идзыпIэм деж щрикIутри, къыщIэлъэдэжащ. Зэадэзэпхъур ней-нейуэ къеплъри зэплъыжащ: - А делэжь цIыкIу, - жи адэм, - ар щипкIутыжынум щхьэ зэхуэзбгъэхьэса? - Ар, ди адэ, тIум щыгъуэми зэхуэпхьэсынут, ауэ щумыкIутыпхъэ щумыкIутын щхьэкIэ, мыбы къозгъэкIутауэ аращ, - жи Данэ. - Мыр сыт мыбы жиIэ телъыджэр! - ягъэщIагъуэ зэадэзэпхъум. - Яжьэ зэхуэзыхьэс щыIэ, пхъу делэ зиIэм фIэкIа! ИтIанэ пхъу кIасэм жеIэ: - Ди адэ, - жи, - мы яжьэр мыбы щызэхуумыхьэсамэ, уи ныбэм щызэхуэпхьэсынут. Уи ныбэм щызэхуэпхьэсамэ, тхьэм ещIэт уи Iуэху зыхуэзэнкIэ хъунур - сымаджэ ухъуни улIэпэни? - Алыхь-алыхь! - жиIэри, адэр къыщылъэтри IэплIэ къыхуищIащ. - Уэ зэрыжыпIэмкIэ, си пщафIэ щIалэм къефыкIыр яжьэ узщ! - Сымаджэ? - И псэр пыт къудейщ. - НтIэ, сэ згъэхъужынщ ар, - жиIэри Данэ и пщэ ирилъхьэжащ. Нэхущ къэс тэджым, фалъэ из уэсэпс зэхуихьэсым, абы щIалэр иригъафэурэ игъэхъужри иутIыпщыжащ. ЕтIуанэ ежьэгъуэм пщафIэ щIалэм, яжьэр хъуржынкIэ зэхуихьэсщ аби, къэсыжа нэужь, Данэ хуишиящ. Хъыджэбзым хъуржыныр Iихри, тэбакъышхуэ яIэ хъунти, ар къищтэри, и адэр къеплъурэ, яжьэр абы ирикIутащ. ЩрикIутэм, вагъуэр ябла нэхъей, пщIыпщIрэ лыду щыгъэ къыхокI. Щыгъэр налкъутрэ налмэсу зэхэлъти, Данэ щызыпщIэхилъхьэм, дыгъэм хуэдэу къэлыдащ, жи, узримыгъэплъу. ЩIалэр щежьэжым, Данэр пщIэхэдзауэ дэкIыжащ. Мазэ дэкIри, жэщибл-махуибл хьэгъуэлIыгъуэ ящIщ аби, Арщыдан къуажэкIэм пытIысхьауэ матхъэ-машхэри мэпсэу. Уи фIэщ мыхъумэ, кIуэи, плъэ! Иджы дыщэ пыIэ къызыхуахьа хъыджэбзымрэ яжьэ хъуржын къызыхуахьа хъыджэбзымрэ ухагъадэмэ, дэтхэнэр къыхэпхынт?! БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:16 →
ГукъэкIыжхэр
27.11.2026 - 15:00 →
Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм
25.11.2026 - 15:19 →
«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ
23.11.2026 - 18:05 →
Данэ и щэхур
23.11.2026 - 16:00 →
ГъащIэ къагъэлъагъуэ
| ||




