ГущIэгъу къызыхэщ тхыгъэДи зэманым литературэм къалэм хуэзыгъабзэхэм я Iэдакъэ къыщIокI цIыхугъэм, гущIэгъум, гуапагъэм укъыхуэзыгъэуш тхыгъэхэр. Апхуэдэ зы щапхъэщ ЖАМБЭЧ Рабия и «Хьэпшыр» рассказыр. Мыр теухуащ тетIысхьэпIэм пэмыжыжьэу щыс хьэпшырым кIэлъыплъыху, бзылъхугъэм и гур здэжэхэм, гъащIэм и зэхэлъыкIэм, псэущхьэхэм я дунейм теухуауэ и щхьэм щызэблэкI гупсысэхэм. ЦIыхугъэмрэ гуапагъэмрэ ядыболъагъу рассказым и лIыхъужьми, а хьэм къыбгъэдыхьэ-бгъэдэкI, къедэхащIэ нэгъуэщI цIыхухэми. Ауэ цIыху хьэл-щэным и нэгъуэщI лъэныкъуи дыщыкIэлъоплъ мыбдеж – зы хъыджэбз щхьэзыфIэфI щыблэкIкIэ, хьэпшырым и тхьэкIумэм вакъэ лъэдакъэ папцIэр хеукIэри, егъэпщIэу. ЩIэджыкIакIуэ балигъыр зыгъэпIейтей тхыгъэм, сабийхэри ныбжьыщIэхэри щIэбгъэджыкIыну щхьэпэщ. Жамбэч Рабия и «Хьэпшыр» рассказым дыкъевгъаджэ. ГУГЪУЭТ Заремэ. Хьэпшыр Гъатхэ дыгъэм и бзий IэфIхэм, щIэщыгъуэхэм, псэр зыхуэлIахэм ящыщ зыIэрызгъэхьэн, зыхэзмыгъэкIыжу къыслъыс Iыхьэр къыIэщIэсхын мурад сиIэу, щхъуантIагъэрэ дахагъэкIэ гъэнщIа зыгъэпсэхупIэ паркым ит тетIысхьэпIэхэм ящыщ зым сыщетIысэхащ. Гъатхэмрэ лъагъуныгъэмрэ зэхэткIухьу зэрызэхэшыпсыхьыжар уи фIэщ зыщI щIалэгъуалэр факъырэ бэзэру щызэхуэсат, игуэшат ихъуреягъым. ЩIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я нэгум иплъагъуэрт моуэ гур къэзыгъэщIэрэщIэж гугъапIэ-хъуэпсапIэ кIапэлъапэхэр. Нэхугъэ куэдрэ щIэбэгауэ, я нэхэр къэплъэжами ярейт. ГъэщIэгъуэн гуэрхэм псэр щыхэджэразэ, гъащIэм уи гур хуэзыгъэусэ макъамэхэмкIэ бзу цIыкIухэр къыщытхуэупсэ мыпхуэдэ зэманыр къызэрымыкIуэ нэкъыфIэщIым къыхэтэджыкIа жэнэт пэлъытэщ. Щхьэр зыдэуназэ, псэм и хъуэпсапIэ куэдым ухуезыджэ гупсысэхэр щхьэхуимыту гум щыпфIызэтрешэ, зищIыс дыдэри нэсу пхузэхэмыгъэкI нэхугъэ гуэрхэм уахуегъэпабгъэ. Апхуэдэ нахуапIэ телъыджащэм си гур сфIыхэзэрыхьауэ сыздэщысым, си гупэкIэ къыщыт тетIысхьэпIэ бгъуфIэшхуэм пэгъунэгъуу щылъ хьэпшыр цIыкIур, зи цыпэр дыгъэм пэлыдыр, къэслъэгъуащ. ЩыIэтэкъым зи шхэни, зи джэгуни, зи къуейщIеини къезыхьэлIэу жея сабий гъэфIэн нэIурыт цIыкIу гуэр фIэкIа ар зэрыпщIэн. И лъакъуэ кIэщIхэр щIэукъуэдиикIарэ, тIэкIуи хэпырхъыкIрэ жыпIэу, мы дуней псом щызекIуи щызежи абы и жейр яхъумэ фIэщIрэ игу тIасхъэ цIыкIур къыхэмыщту щылъщ. Абдежым си щхьэм щыкIэрэхъуа, щызэблэкIа гупсысэ зэхуэмыдэхэм жьгъеифэ къасфIытеуэжри, зэбгрыщэщыжащ, драпхъейуэ лъэныкъуэ куэдым дэгуэша хъуа фIэкIа умыщIэну. Иджы мы псэущхьэ цIыкIур плъапIэ схуэхъуащи, абы и гъащIэр, и дунейр зызогъэзахуэ, гукIэ зэIызопщIыкI: гъусэ иIэ хуэдэкъым, зеиншэ цIыкIу мыгъуэу арагъэнщ. Къыщхьэщыжыни къыкъуэмытмэ, дауэ? Сытым хуэдиз хьэшхуэжьхэр щызеуэрэ ихъуреягъым! ТегушхуэгъуафIэ ящIрэ къытелъэмэ… Къэзылъхуа, къыдалъхуа хуэдэхэр дэнэ щыIэу пIэрэ? Хьэмэрэ хьэм я хабзэр нэгъуэщI – дунейм къытехьамэ, адэкIэ езым и щхьэ ипIыжын, и псэ ихъумэжын хуейуэ ара? Ари сыту хабзэ гущIэгъуншэ. Армырауи сощIри, щхьэ и закъуэ къэнэнкIэ хъуа мыбы фIэкIа зи мыныбжь насыпыншэ цIыкIур? «Насыпыншэри» щхьэ кIэрысцIэлърэ? Дэнэ щысщIэн сэ абы хуэдэхэм насыпу къалъытэр. ИтIани, мыпхуэдэу зеиншафэу сызэрыIууам щхьэкIэ ибэ хъурейуэ къысщохъу икIи сигу щIогъу, сытошыныхь и гъащIэм… Хьэуэ, а сэ сщIэри тэмэму къыщIэкIынукъым: нэхъыфIым еджэн хуейщ сыт щыгъуи. Мыбы и «Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ» гъунэгъуу щыIэщ, езы цIыкIур и щхьэ зыфIэфIыгъэкIэ къаIэщIэкIауэ аркъудейщ. Псори зыгъафIэу къащхьэщыт, къатепсэ дыгъэм и Iумэтым итщ мыри, къехъумэ плъыр нэсу. Сэри си пащхьэм къилъ псэущхьэ цIыкIум си нэIэ тезмыгъэтын слъэкIыркъым. Зыгуэр теувэмэ жызоIэри, блэкI-къыблэкIыжхэм нэкIэ сагурыIуэурэ я лъабжьэм щыIэ жейнэд цIыкIум гу лъезгъэтэну сыхэтщ. Ауэрэ, сигу зыхуэмыгъуэ хьэпшыр цIыкIум нэхъри сытегужьеикI мэхъу. ГъуэгурыкIуэхэри хэти къызэтоувыIэри абы къопсалъэ, хэти игу щIэгъу щIыкIэу къодэхащIэ. КIыхьу зызыукъуэдияуэ щылъ цIыкIум псэ хэмытыж зыфIэщIхэри къахокI. А зигу щIэгъуар къыбгъэдолъадэри, и нэ цIыкIур IэпэкIэ къызэтрах, занщIэуи ягу къызэрыгъуэтыжауэ я гъуэгу тоувэж. Хьэпшырым езыми зэзэмызэ щхьэхынэ-щхьэхынэу и щхьэр къеIэт, и тхьэкIумабгъуэ кIэщI пIащIэхэр къресэ, занщIэуи зегъэукIуриижри, и жей IэфIым пещэж. МащIэ дыдэщ гулъытэншэу блэкIыр, уеблэмэ закъуэтIакъуэххэщ. Сэри хьэпшыр цIыкIур си нэIуасэ, зыгуэркIэ къызгухьэ, си Iыхьэгъу, къыфIэбгъэкIмэ, сысей дыдэ хуэдэу къысщыхъуащ. Сэ абы къедэхащIэ, къыхуэгумащIэ псоми фIыщIэ яхуэсщI щIыкIэу, нэкIэ сащогуфIыкI. ИтIани, сщIэркъым, си лъэр зыгуэрым дэнами ярейуэ, сыкъэтэджу гъунэгъу зыхуэсщIын, седэхэщIэн, себзэрэбзэн сыту езмыкущэу, сыплъэу сыщысщ. Нэхъ сфIэкъабылщ сымыгъэпIейтеймэ, и жейр схъумэмэ. Сытемыгушхуапэурэ, и нэ угъурлыхэм зэ сащIэплъэну, иц щабэ дахэ цIыкIухэм Iэ дэслъэну зыщызгъэхьэзыр дакъикъэм къэхъуам ущIэмыупщIэ. МетритIым нэс зи кIыхьагъын хъыджэбз зэIэщIэлъышхуэ напщIэуфэ-зэхэуфа гуэр къэсри, си гъэфIэн цIыкIум и тхьэкIумэ лъэныкъуэм теуващ, и туфлъэ лъэдакъэ папцIэр хиукIэу. Абдежым зызэрысщIынумрэ мо тхьэмыщкIэ цIыкIум хуэсщIэфынумрэ зэпэсшэчыхущ пIалъэу иIар, гур икъутэу хьэ пщIэу макъ къэIуным. Гулъытэншэ, гудзакъэншэ хъыджэбзым къыIэщIэщIамкIэ игъэкъуэншэн къилъыхъуэ щIыкIэу, кIуэцIрокI, ищIам зыкIи иримыгумэщIу. КIуэцIрокI, нэхъ хуабжь зищIарэ псэущхьэ хей цIыкIум и тхьэкIумэр зэрыпхиуда и вакъэм дуней псор къигъэпсалъэрэ жыпIэу, и макъым езы дыдэри шэчыгъуей щIэхъукIыу. Ихъуреягъыр къызэхуэсащи, хьэ цIыкIум и насыпыншагъэм ирогузавэ, ягу щIогъу. Ауэ зыми зыри хуищIэфыркъым. Зыри зыбгъэдигъэхьэркъым, зригъэкIуалIэркъым. Къыщохъу цIыхуу щыIэр зэрыщыгугъауэ къыхущIэмыкIауэ, псоми лей къытрагъэхьэну. Къытеувэу зыгъэгуIар къилъыхъуэ щIыкIэу, хъурейуэ къежыхь. ИтIанэ и макъ икIа цIыкIумкIэ пщIэууэ щIопхъуэри, и занщIэр и гъуэгуу мажэ, гуныкъуэгъуэм зэщIиIулIарэ уIэгъэм игъэгызу. Мажэ, къемыплъэкIыу. Къызэхуэсахэри зэбгрокIыж, я гур къутауэ. А псор зи нэгу щIэкIа сэ сыщытщ, си гур къузауэ, си лъэр къапхъэным дэнам ещхьу, схузэблэмыхыу. Сытми, хуэмурэ зыкъызощIэжри, сыкъыщиуду сыгъын хьэзыру, хьэпшыр цIыкIум къытепсыха насыпыншагъэмкIэ си щхьэм къуаншагъэрэ мыгъуагъэрэ хуэсхьыжу, паркым сыкъокIыж. ГуэгушыхъукIэукъытхуигъэбырыбу дыгъэм зыкъызэрытхуигъэщIэгъуа и бзий дыщафэхэм я зы кIапи бгъуэтмэ, къащтэ. Дыгъэр тегушхуэгъуафIэ зыщIа, къуэзылъэфа пшэжьхэм дунейр къыттрагъэункIыфIэу я гур къыттезэгъами ярейуэ, нэхугъэр лъэныкъуэ ирагъэзри, пагэу уафэ псор зэщIаубыдащ. Сэ сыздэкIуэм уафэхъуэпскIымрэ уафэгъуагъуэмрэ я макъым къыхэIукIыу къысфIощI хьэпшыр насыпыншэ цIыкIум и гуIэ макъыр, куэдрэ си тхьэкIумэм имыкIар.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:16 →
ГукъэкIыжхэр
27.11.2026 - 15:00 →
Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм
25.11.2026 - 15:19 →
«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ
23.11.2026 - 18:05 →
Данэ и щэхур
23.11.2026 - 16:00 →
ГъащIэ къагъэлъагъуэ
| ||




