Лъэпкъхэр зэпызыщIэ зэхыхьэ купщIафIэ

 Абхъаз щIыналъэм и къалащхьэм, хабзэ зэрыхъуауэ, мы гъэми щекIуэкIащ «Рифмы на Рице» фестивалыр, абхъаз-адыгэ литературэм тегъэщIар. Мыгъэрей фестивалыр щэнхабзэ къэхъугъэ дахэ хъуащ. Ар траухуащ абхъаз литературэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэу, мы гъэм дунейм ехыжа тхакIуэхэу Зантариа Владимиррэ Лагулаа Анатолэрэ я фэеплъым.

 Илъэс зыбжанэ хъуауэ ирагъэкIуэкI мы фестивалыр лъэпкъхэм я щэнхабзэ зэпыщIэныгъэр зыгъэбыдэ Iуэху дахэщ. Сыхъум къалэм щызэхуэсащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм, Краснодар крайм я лIыкIуэхэр. Ахъаз тхакIуэхэм, литературэм и лэжьакIуэхэм, актёрхэм я гъусэу хьэщIэхэр хэтащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэр нэхъри гъэбыдэным теухуа зэхыхьэ гукъинэжхэм.

 «Рифмы на Рице» фестивалыр 2018 гъэм ирагъэжьащ. Ар къызэригъэпэщащ усакIуэ, тхакIуэ, драматург, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ. Фестивалым и унафэщIыр Абхъаз Республикэм и ЛIыхъужь Сосналы СулътIан и щхьэгъусэ Сосналы Любэщ. Фестивалыр «Усыгъэм и архъуанэ» литературэ проектым щыщ Iхыхьэщ.      Къаныкъуэ Заринэ я пашэу, ди щIыналъэм и лIыкIуэу мы фестивалым хэтащ усакIуэ, музыкант Iэпщэ Анзор, журналист, сурэттех Елей Еленэ, журналист, зэдзэкIакIуэ Щэрдан Лилианэ сымэ. Адыгейм и лIыкIуэ хъуащ АР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI ТIэш Светланэ, «Адыгэ макъ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Мэшлыкъуэ Саидэ, абы и къуэдзэ Тау Замирэ, АР-м и сурэт галереем и унафэщI Кушу Светланэ, «Адыгея» ГТРК-м адыгэбзэкIэ и нэтынхэр езыгъэкIуэкI Нэгъурокъуэ Саниет. Къэрэшей-Шэрджэсым къикIащ усакIуэ, сценарист, режиссёр Чэнджэщауэ Артур. Зэхыхьэм ирагъэблэгъат Агуий-Шапсыгъ къуажэм щыщ Аллалэ Хьэсэни.

Фестивалым зэхуишэсахэр, дунейм ехыжа тхакIуэхэм литераторхэм я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ я гъусэу щыIащ абыхэм я кхъащхьэм.  «Рифмы на Рице» фестивалым тхыгъэщIэхэм зыщыхагъэгъуазэ къудей мыхъуу, хабзэм, щэнхабзэм щытопсэлъыхь, а лъапIэныгъэхэм щIэблэр щагъэгъуазэ. Зантариа Владимиррэ Лагулаа Анатолэрэ ящыщт фестивалыр щрагъэжьам хэтахэм, лъэпкъхэм я зэпыщIэныгъэр щэнхабзэкIэ, литературэкIэ зэрыбгъэбыдэфынур быдэу я фIэщ хъууэ.

 Абхъаз къэрал драмэ театр Чанбэ С. и цIэр зезыхьэм щекIуэкIащ Зантариа Владимиррэ Лагулаа Анатолэрэ я фэеплъ пшыхь. Я ныбжьэгъухэмрэ лэжьэгъухэмрэ ягу къагъэкIыжащ абхъаз литературэм абыхэм хуащIа хэлъхьэныгъэхэр, тхэным япэ лъэбакъуэ хэзычэ щIалэгъуалэм ядэIэпыкъуу зэрыщытар, «Рифмы на Рице» фестивалыр зэфIэувэным я къару зэрырахьэлIар.

 Пшыхьым зыкърагъэхьэлIащ Зантариа Владимиррэ Лагулаа Анатолэрэ я унагъуэхэм щыщхэм, «Матери Абхазии за мир и социальную справедливость» зэгухьэныгъэм и унафэщI Кичбэ Гулэ, Абхъаз Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI, скульптор Джения Виталий, Абхъаз Республикэм и цIыхубэ артисткэ Чамагуа Розэ, нэгъуэщIхэми.

 - Абхъаз драмэ театрыр – абхъазыбзэр щахъумэ икIи абы зыщрагъэужь IуэхущIапIэщ. Ди фэеплъ пшыхьыр зытедухуа Владимиррэ Анатолэрэ я гъащIэр анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ хуагъэпсащ икIи къехъулIащ. Апхуэдэ цIыху щэджащэхэр къэтцIыхуну, дыдэлэжьэну Iэмал дызэриIам дрогушхуэ. ДызэрызэрыцIыхурэ ныбжьэгъугъэ гуапэ ди зэхуаку дэлъу, литературэ зэхыхьэхэр къызэдгъэпэщынымкIэ къыддэIэпыкъуу декIуэкIащ. Нобэ дызэхуэсащ ахэр дигу къэдгъэкIыжыну, я фэеплъыр дгъэлъэпIэну, - жиIащ Къаныкъуэ Заринэ. – Фестивалыр щедгъэжьам, Къэбэрдей-Балъкъэрым дыкъикIри цIыху зы-тIущ Абхъазым дыкъэкIуат. Зэман дэкIри, Абхъаз Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ ди республикэм щыщ ди ныбжьэгъухэмрэ къыддэIэпыкъури, фестивалым зедгъэубгъуащ. Иджы абы жыджэру хэтщ Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэр – Адыгейр, Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Къэрэшей-Шэрджэсыр. КъыжыIапхъэщ, мы республикэхэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ Владимиррэ Анатолэрэ я IэдакъэщIэкIхэм щыщ къызэрытехуари. Пшыхьыр къызэдгъэпэщынымкIэ къызэрыддэIэпыкъуам папщIэ фIыщIэ яхузощI Абхъаз Республикэм и жылагъуэ лэжьакIуэ, журналист Лагулаа Леуанрэ усакIуэ, «Абхъазым и гуп» АНО-м и унафэщI Габелия Дмитрийрэ.

 - Гъэ къэс фестивалыр зытедухуэным дытопсэлъыхь. Мыгъэрейм щхьэхуэу дыкъытеувыIакъым, ар усакIуэхэу, литераторхэу Владимиррэ Анатолэрэ ятеухуауэ зэрыщытынур гурыIуэгъуэти, - жиIащ Соснэлы Любэ.  – Мы цIыху щэджащэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дазэрыпыщIам къыдэкIуэу икIи дэлъху нэхъыжьым хуэдэу къытхущытт. Ахэр дунейм щехыжам, Абхъаз щIыналъэм хуэдэу, адыгэхэми хэщIыныгъэ ин дгъуэтащ. Фестивалым абыхэм я щIэинхэр щыIунущ, я псалъэм и мыхьэнэр зыхэфщIэнущ.

  Зантариа Владимиррэ Лагулаа Анатолэрэ я усэхэм къеджащ Хагбэ Кесоу, Сакания Гундэ, Чкотуа Октай. Актёрхэу Сангулия Сырбейрэ Чамагуа Теймуразрэ къеджащ усакIуитIым зым адрейм хуатхауэ щыта усэхэм. Фестивалым хэтхэр къеджащ Владимиррэ Анатолэрэ я усэхэу адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, тыркубзэкIэ зэрадзэкIахэм. Пшыхьым хэта нэхъ щIалэ дыдэ Дзидзария Инал анэдэлъхубзэм и дахагъэм теухуа усэ адыгэбзэкIэ къеджащ. Абы и анэ, музыкант, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Абхъаз къэрал институтым IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ Чурей Дыжьын флейтэ еуащ. УсакIуэ ныбжьыщIэхэр щхьэхуэу къеджащ езыхэм я IэдакъэщIэкIхэм.

 Фестивалым хэтахэм ягу къагъэкIыжащ гушыIэ дахэ зыхэлъа, чэнджэщ щхьэпэхэр къызыбгъэдэкIыу, хъыбар гъэщIэгъуэнхэр къахуэзыIуэтэжу щыта Зантариа Владимиррэ Лагулаа Анатолэрэ Iэмал имыIэу зыхуагъазэу зэрыщытар.

Агуий-Шапсыгъ къуажэм щыщ усакIуэ Аллалэ Хьэсэн и пшыхьи къызэрагъэпэщащ фестивалым хыхьэу. Пасэу усэ тхыным дихьэхами, и усэхэр щызэхуэхьэса тхылъ къыдигъэкIами, ар IэщIагъэ хуэхъуакъым. Хьэсэн Кубань медицинэ университетыр къиухащ, и лэжьыгъэкIэ дохутырщ, хирургщ. И лъахэм теухуа хъыбархэр абы сыхьэт бжыгъэкIэрэ къыбжиIэжыфынущ, щIыпIэхэм я фIэщыгъэцIэхэм, лъэпкъым и цIыху цIэрыIуэхэм фIыуэ ящыгъуазэщ. Хьэсэн и усэхэм щыщ къахуеджащ зэхуэсахэм. Абы ящыщщ МэшбащIэ Исхьэкъ хуитха усэри. КъинэмыщIауэ, «Рифмы на Рице» фестивалым хуитха гимныр абы щигъэзэщIащ и пшыхьым. Хьэсэн и гъусэу, гимным къеджащ усакIуэхэу Габелия Дмитрий, Чэнджэщауэ Артур, Iэпщэ Анзор.

  Хабзэ зэрыхъуауэ, фестивалым щытепсэлъыхьащ «Усыгъэм и архъуанэ» Iуэхум зэрыпащэнум. Адыгэ Республикэм щекIуэкIыну «Строфы на Руфабго» фестивалым ирагъэблэгъащ Хагбэ Эфремрэ Анкваб Альбинэрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIыну «Чтения на Чегете» зэхыхьэм ирагъэблэгъащ Бганбэ Шазинэрэ Читанавэ Айнаррэ.

 Фестивалыр къызэрагъэпэщащ Къаныкъуэ Заринэрэ Соснэлы Любэрэ, Абхъаз Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр я дэIэпыкъэугъуу.

ТЕКIУЖЬ Заретэщ.

 

Поделиться: