ГУКЪИНЭ ПЩОХЪУ
Джатокъуэ Юрэ куэдым фIыуэ ялъагъу усакIуэщ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ усэ жанхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ. Юрэ и усэхэр кIэщI дыдэщ, сатыр зыщыплIым фIэкIыркъым, а сатыр кIэщIхэми къыщеIуэтэф гупсысэ куу. Ар щыхьэт тохъуэ Джатокъуэр гъащIэмрэ дунеймрэ фIыуэ зэрыщыгъуазэм, абыхэм нэ жанкIэ зэрыхэплъэфым, зэрынабдзэгубдзаплъэм. Ди зэманым мыхъумыщIагъэу хэлъхэр сэтей къэзыщI а усэхэр, зэ уеджамэ, гукъинэ пщохъу, къыбдогъуэгурыкIуэ, дэтхэнэ зы сатырри чэнджэщ щхьэпэ къызыхэпхыну губзыгъагъэщ. Апхуэдэ фIыгъуэ къигъэщIыну хузэфIэкIащ Джатокъуэ Юрэ.
Джатокъуэм и усыгъэхэр щызэхуэхьэсауэ иджыблагъэ дунейм къытехьащ «ГушыIэхэмрэ ауанхэмрэ» тхылъыр. Шэч хэлъкъым цIыхухэр гуапэу абы зэрыIущIэнум.
НэгъуэщI тхылъ хьэлэмэти къыщIэкIащ Юрэ и къалэмыпэм – «Фамильная энциклопедия рода Гетоковых», нэгъуэщIу жыпIэмэ, Джатокъуэхэ я лъэпкъым и тхыдэ. Апхуэдэ тхылъ зыхуэфащэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, зи тхыдэр къулей, жыжьэ дыдэ къыщежьэ, зи цIэр фIыкIэ Iуа лъэпкъ лъэрызехьэрщ. Юрэ и тхылъым ди фIэщ ещI Джатокъуэхэ зэрыапхуэдэ лъэпкъыр. ЛIы цIэрыIуэ куэд къахэкIащ а лъэпкъым, абыхэм ящыщщ усакIуэ, тхыдэтх Джатокъуэ Юрэ.
Сэ сызэджэн тхылъ си куэдыкIейщ къэбэрдеибзэкIи, адыгеибзэкIи, урысыбзэкIи, украиныбзэкIи, ауэ псоми сыкъеджэну зэманыр схурикъуркъым: лэжьэни хуейщ, жеини хуейщ, зыгъэпсэхуни хуейщ, дауэдапщэхэми ухэмыту хъуркъым...
Джатокъуэ Юрэ и «Джэрпэджэжыр» къыщызитам си гуапи ищIащ икIи «сытым щыгъуэу пIэрэ, зэман къыдэзгъахуэу, мы тхылъым сыщеджэнур?» – жысIэри сигъэгупсысащ. АрщхьэкIэ пщыхьэщхьэшхэ нэужьым тхылъыр зыхуэдэм сеплъыну къызэгуэсхащ. Сыкъеджэу щIэздзэри, и кIэм сынэсыху, згъэтIылъыжыфакъым. Сыдэзыхьэхар усэхэр ем и бийрэ фIым и телъхьэу зэрыунэтIа къудейракъым. Сэ сызытхьэкъуар Юрэ и усэхэм я пIэскIуэкIэращ: зэпIэскIухэм хуищIэу, игъэузу йопIэскIу, йопIэскIу щхьэхуещэхэм, Iужажэхэм, хабзэншэхэм, къинэмыщIхэми уащегъэдыхьэшхри уатрегъакIуэ; зыдэгушыIапхъэхэм ядогушыIэ.
Джатокъуэм и сэмэркъэухэм уигу къагъэкIыж джэгуакIуэжьхэм я ауанымрэ я гушыIэмрэ. Абыхэм къару къезытыр я бзэ шэрыуэмрэ я адыгэ хъуэрымрэщ. И кIэщIыращи, юморкIэ уегъэгупсысэ, куэдым гу лъыуегъатэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хъуэрым философиер и купщIэщи. А сэмэркъэу пIэскIуэрейхэр зэрыкIэщIми я къарур хегъахъуэ икIи ехъумэ. Сэмэркъэур кIыхь хъумэ, и хъуэрыр мэкIуэд.
Юрэ и талантыр, и зэчийр фIыуэ къагурыIуащ ди усакIуэ цIэрыIуэхэм – Тхьэгъэзит Зуберрэ Уэрэзей Афликрэ. Ар сыту гуапэ!
Си гугъэщ мы тхылъым ди тхылъеджэхэри арэзы къищIыну.
ПIаскIуэ, Юрэ, уемызэшу пIаскIуэ: ар икIи псапэщ, икIи гуапэщ!
Усэ кIэщIхэр
ДЖАТОКЪУЭ Юрэ
ТУРЭ И КУЛЬТУРЭ
Зэфэну псым тепщэч хетхьэщIэ Турэ, –
Аращ абы здынэсыр и культурэр.
ЛЫКЪУЭ БЮРОКРАТЫМ
Уэсым хуэдэу и щхьэр тхъуащ
Зы жэщ закъуэм Лыкъуэ:
ПщIыхь шынагъуэ илъэгъуащ –
Iуахуу и къулыкъум.
ЧЭФЫМ
«Си Iуэхущ къизгъыхьэм ди щIыналъэм «НАТО»-р:
Къызэфтыт, – жеIэр, – мыдэ зы гранатэ».
УЭЧЫЛЫМ
ЯIыгъым щхьэкIэ бзауэ, дауэ,
ПыIэщхьэрыхыу уэри уагъэдауэ.
ЛУТIЭ И ВАЛЮТЭ
Бгыр къегъакIуэ и деж ЛутIэ:
Къаруушхуэ иIэщ и валютэм.
ГЪУЩIЫМ
«Сыхуейкъым, жи, – сэ зэи сыдыщэну:
Удыщэмэ, щхьэхуещэхэр къощэнущ».
БИЗНЕСМЕН ЛУТIЭ
Сыхэфх иджы, – жи, – депутату,
– ЛутIэ,
И жыпым из ищIауэ инвалютэр.
ДЫГЪУЖЬ МЭЛЫХЪУЭМ
Иритауэ мэлхэм кIэ, мэлыхъуэм
Бжэнхэм деж лэжьапIэ къыщелъыхъуэ.
ШЫМ
«Къулыкъу къызатмэ, – жеIэр шым, –
Естынщ узыгъуэр къамышым».
IУЖАЖЭХЭМ Я ДЫУЭЩI
ГъырнэIу защIауэ,
Даш машинэ «МАЗ»-кIэ,
Къалэм и мэрым
ЛIащи и хьэмаскIэр.
ШОФЁРЫМ
ЖрегъэIэфри и машинэм «тIутI»,
«ЗэрызбгъэщIынур сыт, – жи, – институт?»
ГУВАЩ
Бэлыхь дешэчыр бжэгъум Шакъым:
Ар щычым щыгъуэ къигъэшакъым.
ДЖЭДЫГУУ БГЪУ...
Джэдыгуу бгъу зыщыгъыр, гуншэм,
Егъэпсэуфыр лIибгъур джэдыгуншэу.
УНАФЭЩI ФЭТЕХ
Унафэ пхэнжщ
КъытхуищIыр Гъащтэм:
Iэ ижькIэ къатщтэ хъунур
СэмэгукIэ фIэкI къыдимыгъащтэ.
ЩIЫБАГЪ ЗИIЭ БАГЪЫМ
Етыф экзамен тыншу Багъым,
Суфлёр къыдэтмэ и щIыбагъым.
МУРАД
Зэрегъэпэщыр ахъшэ куэду Турэ,
Хыхьэну хэтщи властхэм я структурэм.
ФО ЗЕЗЫХЬЭМ
Фо зехьэн щегъэтыр Iэпэр зейм,
Ар и Iэпэм ирамыгъэбзейм.
АХЪШЭНШЭ ЛАЦЭ
«НэхъыфIщ уимыIэм ахъшэ, – жеIэр Лацэ, –
Ар уиIэмэ, пфIихьынущ, – жи, – инфляцэм».
МЫЛЭ
Акъыл иIэу зелъытэжыр Мылэ,
Пэшх ищIащи делэм и гъуэмылэр.
ХАМЕЛЕОН
«Зэманым декIур лIыфIщ», – жи, –
Бюрократым,
ЗыщитIэгъау и фащэ
Демократым.
ТУРЭ И ПРОКУРАТУРЭ
Къыхуогъур фыщIэм, дыгъуэм Турэ:
Щолажьэ и Iыхьлыр прокуратурэм.
САМОПАЛЫМ ТЕКIУЭДАМ
Хузэхэхужкъым нобэ Шурэ
Лэпс зэфэр шыугъэрэ мышыурэ.
НАПЭНШЭМ
Абы и нэкIур лэч IувыжькIэ лат:
ХъымпIар имыщIт, кърахми пу нэлат.
ЗЕБЖЫЖ ТАЛАНТ ИIЭУ ЛИНЭ
«ЗыгуэркIэ мыфI щымыIэ», – жеIэ Линэ,
ИIыгъщи, игъэкIыргъыу мандолинэр.
«IЭЩIАГЪЭЛI»
Шы хьэлым хъырц хищIыкIкъым Турэ:
Шыд щэнщ щиджар аспирантурэм.
ХЬЭМИД
Хьэмид, зигъэхъуми, хиубыдащ
ЕкIуэкI мы эпидемием:
Ахъшэшхуэ щIитри, щIигъэхуащ
И шыдыр академием.
ДУНЕЙР ЗИ ЩЫПЭЛЪАГЪУМ
ХуэмыIуэтэж и нэгу щIэкIахэр Хъупэм,
ФIэкIати зэ ТIрашэ и шкIэ хъупIэм.
ЧЫЛ УЭЧЫЛ
Езым и щхьэм бадзэр хутехужкъым Чылым.
Сыт мыгъуэр и махуэ ар зи уэчылым?!
МАЦЭ И «ЛЪАГЪУНЫГЪЭ»
Цинэ, Цуцэ, Быцэ, Цацэ...
Ар зыкъомым йохъуцацэ.
ТIАРЭ ГИТАРИСТ
ИIуэнтIащ зэманым ТIарэ:
ПщIэншэу пхуеуэркъым гитарэ.
ДЖЭДУМ
Хъыбар щIэрыпсхэр къеубыд и рацэм,
ЩопхъанкIэри район администрацэм.
ГУАЩЭНЕЙ
Ихуами мащэм ар щэней,
Iущ мыхъу иджыри Гуащэней.
БАРЭ
ЩIихакъым фIы, дыгъуамэ Барэ:
КъоIукI лъэхъуэщым и хъыбарыр.
ТIОРЭ И КОНТОРЭМ
КъекIухь, дэгъэзеяуэ и пэр, ТIорэ:
Щолажьэ ар Шарашкин и конторэм.
«УНАГЪУЭ ПЕДАГОГИКЭ»
ХагъэтIысхьэр ПIытIэ данэм,
ИщIыжамэ и заданэр.
ЩХЬЭЗЭ ИЩIАЩ
Утхъуащ зэманыр – къыхуэмыщIэ Къыпым
Здигъэзэнур и нэмэзлыкъыпэр.
ФЫГЪУЭМ
И лъатэм нэскъым ишхыр фыгъуэм,
Ар хэсу щытми хъугъуэфIыгъуэм.
МЫСТ
Сыт илэжьми икъукIэ игъуэщ:
Иджыпсту абы и уэлиигъуэщ.
ДЫД ЗЫIЫГЪ ДЕЛЭМ
Иратащи, делэм дыдыр,
ЖыдегъэIэ уэды-ды-дыр.
МАЛЪХЪЭМ И ПСАЛЪЭ
Укъалъагъур фIыуэ щыкъум,
Жьы иубыдмэ уи щIопщыкъум.
ХЬЭЩЫКЪ ХЪУА ПЩАЩЭМ
Хэмытми едэ усэм рифмэ,
Зытхар а усэр Музэрифмэ.
ХЬЭУЛЕЙ
Iуэхуншэу гъащIэр ихьмэ Цу,
Абы къощIыкI уэрам хьэцу.
УГЪУРСЫЗЫМ
Къыщохъу и Iуэхухэр тэмэм хъуауэ,
Зыгуэр илъагъумэ унэхъуауэ.
ЗИ НЫБЭ ИЗ ЖЭМЫМ
Егъуэт Iусыпхъи,
Хуэмей ар композитор Бахи,
А уэ зи гугъу пщIы
Людвиг Фейербахи.
БОРИС ПАЩТЫХЬЫМ
И кIэр бжыхьым дихуэжати нацэм,
Уэ ущащIа махуэм коронацэ!
ЩIЫIУБ ПЕНСИОНЕР
Къимыплъу исщ иджы ар и гъуэм,
Ешхыжри къилъэфар и уэлиигъуэм.
БАБЫЩ ЗЫЗЫГЪЭГУСАМ
ХьэIупс ищIащ
И гъунэгъу къазыр Уакъым:
ЩыжиIэм «уакъ»,
И «уакъым» къежьууакъым.
ДЫГЪУЖЬ НЭЩIА
Щимыгъуэтыжт щишхын мылицэм, –
Хыхьащ налоговэ полицэм.
ДИНЭ И АРГЕНТИНЭ
ЙокIуэкI урок. Бгъэдэтщи картэм,
ФIы дыдэу еджэу къащыхъу Динэ,
Европэм къыщелъыхъуэ Аргентинэр.
ЛИНЭ И МАНДОЛИНЭ
Бийуэ иIэм я нэхейкIэ, Линэ
Къищэхуащ, хуэмейми, мандолинэ.