Ди щIыналъэм щекIуэкIынущ«IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр» (WorldskillsRussia) дунейпсо зэпеуэм и щIыналъэпсо Iыхьэр иджы ещанэрейуэ ди республикэм щекIуэкIынущ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хыхьэ субъектхэм я лIыкIуэхэр зыхэтыну зэпеуэр мазаем и 27-м яублэнурэ гъатхэпэм и 3 пщIондэ екIуэкIынущ. Абы теухуа зэхуэс иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм. Министр Къумыкъу Iэуес абы зэрыщыжиIамкIэ, КъБР-м и Правительствэм ищIа унафэм ипкъ иткIэ, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я чемпионатыр къызэгъэпэщынымрэ ар къызыхуэтыншэу егъэкIуэкIынымрэ зи пщэрылъ комитет щхьэхуэ къызэрагъэпэщащ. ЗэраубзыхуамкIэ, зэпеуэр утыкуитхум щекIуэкIынущ. Ди республикэм щыщу абы хэтынущ курыт, щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ IэщIагъэрэ щрагъэгъуэту щыIэ еджапIэхэм я студент нэхъыфIхэр. Нэгъабэрей апхуэдэ зэхьэзэхуэм жыджэру хэтауэ щытащ еджапIэ 25-м я лIыкIуэ 80. Ахэр унэтIыныгъэ 15-кIэ зэпеуащ. Ди гуапэ зэрыхъущи, кIэух зэпеуэм нэсауэ щытащ ди республикэм щыщу цIыхуи 7.
Поделиться:
Читать также:
09.11.2026 - 13:45 →
ЩIэрыкIуэр, шыпсыранэр, андэгурэр
02.11.2026 - 13:47 →
Шащхьэр трихуми, джэгурейщи…
28.10.2026 - 16:33 →
Япэ кадет класс къызэIуахащ
23.10.2026 - 14:00 →
Адыгэбзэр зыгъэбзэрабзэ
20.10.2026 - 17:45 →
ЩIалэгъуалэм я зэхыхьэ
| ||




