Ди усакIуэ пажэхэр ягъэлъапIэ![]() Хъыбар гуапэ Урысей Федерацэм и лъэпкъыбзэхэмрэ лъэпкъ литературэхэмрэ дэIыгъыным и IуэхукIэ цIыхубэ зэкъуэтыныгъэмкIэ (лъэпкъ зэныбжьэгъугъэмкIэ) «Белые журавли России» дунейпсо фестивалым хыхьэу илъэс зыбжанэ хъуауэ къызэрагъэпэщ «Литературэхэм я парад» зэпеуэр. «Белые журавли России» проектым и правленэм хэтхэм зэхалъхьэжащ зэпеуэм кърикIуахэр. Кавказым и федеральнэ хэгъэгухэм щыщу 2020 гъэм абы щытекIуахэр Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм къыщагъэнэIуащ. Ди республикэм щыщу абы пашэ щыхъуащ усакIуэ, драматург, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэрэ усакIуэ Бещтокъуэ Хьэбасрэ. Зи цIэ къитIуахэм тыгъэ къыхуащIащ щIыхь дамыгъэхэр - «Белые журавли России» орденыр.
Поделиться:
Читать также:
17.02.2026 - 14:52 →
Уафэр щымыджэмыпцIэу
27.01.2026 - 12:37 →
ШыплIэмрэ гъуэгу жыжьэмрэ
19.01.2026 - 13:33 →
ТIэшыбрэ ЛIыныкъуэрэ
19.12.2025 - 12:23 →
Гъуэгуанэ кIыхьхэм я пэщIэдзэт
11.12.2025 - 14:00 →
Жылагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэта къыдэкIыгъуэ
| ||





