«IутIыж Борис и дуней»

А фIэщыгъэм щIэту Налшык дэт Лъэпкъ музейм дыгъуасэ къыщызэIуахащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ IутIыж Борис къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум хуэгъэпса гъэлъэгъуэныгъэ. Абы хэтащ Москва, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм щыщ лIыкIуэхэр, IутIыжым и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр, и ныбжьэгъуфIу щытахэр.

Музей бжэIупэм хьэщIэхэм  джэгукIэ щапежьащ «Шагъдий» къэфакIуэ гупыр.
IутIыжым гъуаплъэм къыхищIыкIа пкIыгъэхэм музейм и пэш иныр яуфэбгъуат. Абыхэм, мэгъу къару яхэлъым ярейуэ, узэщIаубыдэри дуней телъыджэ гуэрым ухашэ. Iэдэбыгъэрэ сабырыгъэкIэ, гупсэхугъуэрэ псэ хуабагъэкIэ гъэнщIа дунейщ ар, гупсысэ щIэншэкIэ зэкIэрышхэжауэ. Лъагъуныгъэ, ныбжьэгъугъэ, цIыхугъэ, хабзэ, лIэныгъэ - гъащIэм и лъэныкъуэ куэд къызэщIаубыдэ IутIыжым и лэжьыгъэхэм.  Гъэлъэгъуэныгъэм щхьэхуэу хагъэхьащ Борис и гушыIэ шаржхэр, и спектаклхэм хэта лIыхъужьхэм я фащэу езым зи теплъэ иубзыхужахэр.
Пэшым щызэхуэхьэса лэжьыгъэхэм защумыгъэнщIу уеплъа иужькIэ, IутIыжым  IэщIагъэ нэхъыщхьэу гъащIэм щиIар бгъэнэхуэну къогугъуэкI. Ауэ щыхъукIи, апхуэдэ Iэужь дахэ къэзыгъэна лIым дахагъэр фIыуэ зылъагъу, анэдэлъхубзэр зыфIэIэфI, гъащIэр зи щIэщыгъуэ псори зэрызэришалIэр хьэкъщ.
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихри иригъэкIуэкIащ Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс.
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат абы кърихьэлIахэм захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыбгъэдэкI фIэхъус псалъэкIэ.
Выставкэм къыщыпсэлъащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтым  и егъэджакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Куллэ Виктор, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин сымэ, нэгъуэщIхэри. Ахэр тепсэлъыхьащ IутIыж Борис лъэпкъым дежкIэ, иIэ мыхьэнэм, абы и IэдакъэщIэкIхэм я кууагъымрэ лъапIагъэмрэ.
Борис и усэ къыхэхахэм абдеж къыщеджащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист пажэхэр.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: