Хьэшыр Чылар и деж къыщыщIедзэ

Япэ итахэр

Дунейпсо альпинизмым и щIэдзапIэр 18-нэ лIэщIыгъуэм ирохьэлIэ. 1786 гъэм и шыщхьэуIум и 8-м дохутыр IэщIагъэр зиIэ Паккард Мишелрэ абы и гъуэгугъэлъагъуэ Бальма Жакрэ Альп бгыхэм хиубыдэ Монблан лъагапIэшхуэм дэкIуеяуэ щытащ. А Iуэхугъуэм и фэеплъ щагъэувауэ щытащ Франджым и бгылъэ щIыпIэхэм хыхьэ Шамони къуажэ цIыкIум.

1829 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэу Iуащхьэмахуэ и щыгум япэу щытеуващ цIыхум и лъэр. Апхуэдэ лIыгъэ къызыкъуэкIыу зэи зыри зытемыгушхуа бгыщхьэм нэсар адыгэлI нэс Хьэшыр Чыларт. Генерал цIэрыIуэ Эммануэль Георгий я пашэу а гъэм къызэрагъэпэща щIэныгъэ-къэхутакIуэ зекIуэ иным хэтхэм я гъуэгугъэлъагъуэт ди лъэпкъэгъу ахъырзэманыр. Iуащхьэмахуэ и къуэкIыпIэ лъагапIэм, метр 5621-рэ хъум, дэкIуеифа адыгэлIым къыкъуэкIа апхуэдэ лIыгъэр щIэдзапIэ хуэхъуащ урысей альпинизмым и тхыдэм.
Хьэшыр Чылар япэ дыдэу Iуащхьэмахуэ и щыгум и къуэкIыпIэ лъэныкъуэм зэрыдэкIам теухуауэ зэман зэхуэмыдэхэм дунейм къытехьауэ щыта тхыгъэхэм ящыщхэр тытодзэ «Адыгэ псалъэм» и нобэрей къыдэкIыгъуэм. Ди лъэпкъым щыщ дэтхэнэми ирещIэ къызэрыгуэкI адыгэм бгъэдэлъ зэфIэкIым и ингагъыр, ирегушхуэ икIи иреин Чылар хэлъа лIыгъэмкIэ, ар щапхъэ яхурырехъу къытщIэхъуэ щIэблэм.

Хьэшыр Чылар и цIэр зезыхьэ дыщэ медалыр. 2009 гъэм къыдагъэкIащ.

Паккард Мишелрэ  Бальма Жарэ Монблан бгым дэкIуеяуэ. (Франджы, 1786 гъэ)

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться:

Читать также: