Зэныбжьэгъугъэм хэзыгъахъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэу щыта, политик цIэрыIуэ, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыбгъэдэкIыу сенатору щыIэ, Федеральнэ Советым НэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и комитетым и Iэтащхьэм и къуэдзэ, ЩIДАА-м и тхьэмадэ къалэнхэр зыгъэзащIэ Къанокъуэ Арсен гъунэгъу лъэпкъхэм я бзэкIэ уэрэд жыIэным, усэ къеджэным теухуауэ иригъэкIуэкIа зэпеуэм Ищхъэрэ Кавказым ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм хигъэхъуащ.

Зэгъунэгъуу псэу лъэпкъхэм ящыщ зым я бзэкIэ уэрэд жаIэу, усэ къеджэу зэхьэзэхуэм я зэфIэкI щеплъыжащ цIыху 80-м нэблагъэ икIи я лэжьыгъэхэр Инстаграмым щаIэ я напэкIуэцIхэм къралъхьащ. Зэпеуэм жыджэру хэтащ сабийхэри балигъхэри.  ГъэщIэгъуэнт адыгэ ныбжьыщIэхэм балъкъэрыбзэкIэ уэрэд зэрыжаIэм, усэ къызэреджэм, апхуэдэу балъкъэрхэм адыгэбзэр зэрагъэбзэрабзэм укIэлъыплъыну. Осетиныбзэрэ шэшэныбзэкIэ усэ къеджаи яхэтщ. Эстрадэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Шал Хъусен лъагъуныгъэ уэрэд балъкъэрыбзэкIэ игъэзэщIащ икIи абы и нэтыным цIыху 8705-рэ кIэлъыплъащ, тхыгъэ 149-рэ хукIэщIатхащ. УэрэджыIакIуэ Третьяк Татьянэ адыгэбзэкIэ жиIа уэрэдым нэхъыбэж - цIыху 18242-рэ еплъащ, тхыгъэ 676-рэ хукIэщIатхащ. Инстаграмым исхэм нэхъ ягу дыхьахэм ящыщщ Осетие Ищхъэрэ - Аланием и уэрэджыIакIуэ Кусовэ Эльмирэ адыгэбзэкIэ игъэзэщIа уэрэдыр. Абы тхыгъэ миным нэблагъэ зэхуихьэсащ.
Филологие щIэныгъэхэм я доктор ХьэкIуащэ Мадинэрэ жылагъуэ лэжьакIуэ Къарэ Ратмиррэ зэхьэзэхуэм теухуа я Iуэху еплъыкIэхэр къыщагъэлъагъуэм, къалъытащ анэдэлъхубзэхэр хъумэным, цIыхухэр зэшэлIэным, пщIэ я зэхуаку дэлъыным теухуауэ зэпеуэм мыхьэнэшхуэ зэриIар.
- Зэпеуэм хэтахэм фи фIыгъэкIэ зэныбжьэгъугъэм и махуэшхуэ екIуэкIауэ жыпIэ хъунущ, - щитхащ Къанокъуэ Арсен Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: