Псалъэ зэблагъэхэр

БзэщIэныгъэ

«Къущхьэ», «къурш» жыIэкIэхэр зэрызэпэгъунэгъум ди тхыгъэхэм ящыщ зым и гугъу щытщIауэ щытащ. АбыкIэ щапхъэхэр иджы къэтхьынщ.

«Къущхьэ»

Къущхьэ - беслъэнеибзэм къыхэнащ, «бгы», «бгылъэ щIыпIэ» жыхуиIэщ.
Къущхьэ жьанэ - къуэладжэм (кIейм) и бгъуитIым, и лъагапIитIым гъунэгъубзэу зыщызэхуашэ щIыпIэ.
Къущхьэдэс - бгылъэ лъагапIэхэм щыпсэу цIыху, бгырыс.
Къущхьэжь - бгыщхьэхэм щызепщэ жьы.
Къущхьэмышхей – мэзым къыщыкI, пхъэщхьэмыщхьэ пасэ къызыпыкIэ жыг.
Къущхьэхъу - гъэмахуэ лъэхъэнэм Iэщыр щаIыгъ, «къущхьэ хъупIэ» жыIэгъуэм къытепщIыкIащ.
Къущхьэхъу шей - лъагапIэхэм къыщыкI, гъэмахуи щIымахуи тхьэмпэ щхъуантIэхэр къызыпидзэ удз («рододендрон кавказский»).
КъущхьэхъуаIуей - инжыдждэсхэм (Къэрэшей-Шэрджэс) къагъэсэбэп псалъэщ, «къущхьэхъушей» жыхуиIэщ.
Къущхьэ зэIухуэпхъ - къуэладжэ зыбжанэм я щхьэкIэхэр щызэхыхьэж лъагапIэ.
КъущхьэхъучыпцIэ - жыг лIэужьыгъуэщ (инжыдждэсхэм къагъэсэбэп псалъэщ).
Къущхьэхъуаур – къэкIыгъэщ.

«Къурш»

Къурш - мывэрэ къыр дзакIэжьу зэхэлъ бгы лъагэхэр
Къуршырыс - бгырыс, «къущхьэдэс» псалъэм пэгъунэгъущ
Къуршыбэ - къыр дзакIэжьрэ бгыщхьэ сыджу зэхэлъ щIыналъэ
Къуршыщхьэ – бгыщхьэ.
Къурш сыдж - къуршыщхьэ, къурш щыгу.
Къуршыбгъэ – псэущхьэхэр къэзыущэкIуу, къырылъэ лъагапIэхэм узыщрихьэлIэ къуалэ абрагъуэ.
Къурш ажэ – къырылъэ лъагапIэхэм щыпсэу бжэн.
Къуршкъаплъэн - джэду теплъэ зиIэу къырыщхьэ уэсхэм щыпсэу псэущхьэ (снежный барс).
 

 

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться:

Читать также: