Адыгэ IуэрыIуатэр зи лъабжьэ таурыхъыр Лос-Анджелес нос

Адыгэ лъэпкъ IуэрыIуатэ къулейр и лъабжьэщ усакIуэ, тхакIуэ Лыкъуэжь Нелли иджыблагъэ и къалэмыпэм къыщIэкIа «МыващхъуэкIанэ» сабий пьесэ гъэщIэгъуэным. Куэд мыщIэу ар къытехуэнущ «Iуащхьэмахуэ» журналым, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал драмэ театрым и артистхэм, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ ЖьакIэмыхъу КIунэ я пашэу, радиом щрагъэтхащ, Вындыжь Марие игъэхьэзыр нэтынхэм хэту къатынущ.

«МыващхъуэкIанэр» урысыбзэм къригъэзэгъащ усакIуэ Iэзэ, зэдзэкIакIуэ Къармэ Iэсият. Къыхэгъэщыпхъэщ зи гугъу тщIы пьесэр бзищкIэ (адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ) иту тхылъ щхьэхуэ дунейм къызэрытехьэнум зэрыхуагъэхьэзырыр.

Зи гугъу тщIа псори йокIуэлIэж абы фильм-таурыхъ къытращIыкIыну зэрамурадым. Лос-Анджелес щыпсэу кутюрье цIэрыIуэ Ретер (ШэджыхьэщIэ) Татьянэ лIыхъужьхэм я теплъэхэм я эскизхэр, фильмым и декорацэхэр (тхыгъэм щIыгъущ. И. З.) игъэхьэзыракIэщ. Татьянэ лэжьыгъэм и сурэтыщI-постановщикщ, апхуэдэуи проектым и продюсерыр нэхъыщхьэщ. Ар таурыхъыр зыгъэувынухэм йопсэлъылIэ, ягуроIуэ. Ди республикэм щыщу лэжьыгъэр утыку къизыхьэнухэм хэтынущ режиссёр щIалэ Хьэмокъуэ Олег. «Сэри, Олеги, журналистхэри дыкIуэн хуейуэ щытащ Лос-Анджелес, арщхьэкIэ дуней псор зэщIэзыщта уз зэрыцIалэм и зэранкIэ, ди мурадыр къызэпыуда хъуащ. Профессионал», - жеIэ Лыкъуэжь Нелли.

Творческэ гупым хэтхэм я мурад нэхъыщхьэр адыгэ лъэпкъым и IуэрыIуатэ къулейр лъабжьэ зыхуэхъуа, иджырей зэманым екIу таурыхъыр дуней псом хэIущIыIу щыщIынырщи, къайхъулIэну ди гуапэщ.

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: