Лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ

ЩIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щекIуэкI зэпеуэхэм жыджэру хэтщ ди артист ныбжьыщIэхэр икIи увыпIэфIхэр къыщахь. Абыхэм ящыщ зыщ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу зи зэфIэкI утыку къизыхьа, Бахъсэн къалэм и «Амра» сабий къэфакIуэ ансамблым иджыблагъэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэр.
Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм и Владикавказ къалэм щызэхэта зэIущIэшхуэм, Къафэмрэ цирк гъуазджэмкIэ дунейпсо фестиваль-зэхьэзэхуэ зэIухам, абы гран-при саугъэтыр къыщихьащ, «Лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ» Iыхьэм щытекIуэри. Фестивалым кърихьэлIахэр ятхьэкъуат «Амра»-м игъэзэщIа «ЩIалэгъуалэ адыгэ къафэмрэ» «Бжьэдыгъу ислъэмеймрэ», лъэпкъ къафэхэр щагъэлъэгъуа Iыхьэм я лэжьыгъэхэр къыщалъытащ, япэ нагъыщэм и лауреат щыхъуахэщ. Апхуэдэуи «Амра»-м и щыгъыныр нэхъ дахэу, абы дэщIыну къэкIуахэр нэхъ жыджэру къалъытэри, саугъэтхэри къратащ.
ГъукIэхэ Аслъэнрэ Зитэрэ къызэрагъэпэща къэфакIуэ гупыр къызэрыунэхурэ илъэсищ фIэкIа хъуркъым. А зэман кIэщIым къриубыдэу абыхэм зэфIэкI хъарзынэ зэраIэр наIуэ къащIащ, утыку куэдым зыкъыщагъэлъэгъуащ. Иджыпсту абы зыщагъасэ ныбжь зэхуэмыдэхэм ит сабийуэ 50-м щIигъум.
«Зыхэт зэхьэзэхуэхэм увыпIэфIхэр къызэрыщахьым сабийхэр зэрыщыгуфIыкIыр плъагъуну гухэхъуэщ, - жеIэ ГъукIэ Зитэ. – Апхуэдэхэм деж лэжьыгъэм ехьэлIа гугъуехь псори IэщIыб мэхъу, уи гур хохъуэ».
Ди гуапэщ къыкIэлъыкIуэ зы текIуэныгъэ зыгъэлъапIэ гупым дяпэкIи ехъулIэныгъэ и куэдыну.  

 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: