Гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэр ягу къагъэкIыж

«ГъуэгурыкIуэ ныбжьыщIэ» зыфIаща урысейпсо узэщIакIуэ жэрдэмым ипкъ иткIэ, УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэр «ГъуэгурыкIуэ. Гъуэгу зэпрыкIыпIэ» акцэр Налшык къалэ щрагъэкIуэкIащ.
УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ IуэхущIапIэм сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ ядэлажьэ и къудамэм и инспекторхэм ирагъэкIуэкIа акцэр гукъинэжт. Налшык къалэ и зы гъуэгу зэпрыкIыпIэм деж къэхъункIэ хъуну шынагъуэм ухуэзыгъэсакъ плъыфэ щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ «Сабийм и Iэр убыд!», «Лъакъуэрыгъажэм къех!», «ТхьэкIумэIулъхэр зыIух!» псалъэхэр тратхащ.
Гъуэгущхьэм тратха тхыгъэхэм къарыкIымрэ ахэр зытеухуамрэ щIэупщIэу цIыхухэр къыщызэхуэсым, хабзэхъумэ лэжьакIуэхэм я гуращэр къайхъулIати, щIэныгъэм хэзыгъахъуэ псалъэмакъ купщIафIэ абдеж щрагъэкIуэкIащ.
Инспекторхэм къыхалъхьа псалъэмакъыр теухуат цIыхухэр уэру икIи Iуву щызекIуэ щIыпIэхэм зэрыщызекIуэм, лъакъуэрыгъажэм зэрытеувэ икIи къызэрехыж щIыкIэм, лъакъуэрыгъажэм тету къэзыжыхьхэр зытетын хуей хабзэхэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм, махуэмрэ жэщымрэ зэрызекIуэ гъуэгу хабзэхэм яхэлъ зэщхьэщыкIыныгъэхэмрэ Iэмалыншэу узэрыгъуэзэн хуей щапхъэхэмрэ.
НэщIэбжьэ къыхэмыгъэкIын икIи цIыхухэр щызэхэзекIуэ щIыпIэхэм мыхъумыщIагъэ къыщымыгъэхъун щхьэкIэ, инспекторхэм сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ хэту гъуэгум къыщыхъу щIэщхъухэмрэ фэбжь къызыхэкI щытыкIэхэмрэ щапхъэу къахьащ, дэтхэнэ зыми зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ, яIэщIэкIа щыуагъэхэм я гугъу ящIащ.
Сакъыныр гъуэгу хабзэхэм щыпажэ мардэу зэрыщытыр ягу къагъэкIыжурэ инспекторхэр тепсэлъыхьащ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм къадекIуэкI лъэпкъ хабзэхэмрэ цIыху зэхущытыкIэхэмрэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, къыхэгъэщыпхъэщ хабзэхъумэхэр нэхъыжьым ужьэхэлъэдэныр, нэхъыщIэр бгъэщтэныр, гъунэгъу къыпхуэхъуам – ар цIыху щрет, ар цIыхухэр къезышэкI транспорту ирехъу – и гъуэгу зэпыбупщIыныр игъуэджэу зэрыщытыр.
Гъуэгу зекIуэкIэ хабзэхэр цIыху зэхущытыкIэ хабзэхэм ирагъапщэурэ, инспекторхэм къэралым къигъэув мардэхэр нэхъ гурыIуэгъуэ икIи зэхэщIыкIыгъуэ бзэкIэ къызэхуэсахэм хузэпкърахащ. Гъуэгум шынагъуэ къыщымыгъэхъуныр абы щызекIуэ дэтхэнэми и хьэкъыу зэрыщытым, жэуапыр лъэныкъуитIми зэрахьым тегъэчыныхьауэ тепсэлъыхьщ, зыгъэпсэхугъуэр къайгъэншэу ирахыну хъуахъуэхэри хабзэхъумэхэм уэршэрыр абдеж щаухащ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: