Испан усакIуэр адыгэбзэкIэ мэпсалъэУсыгъэ зыфIэфI зы цIыхуи дунейм тету къыщIэкIынкъым хейуэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм яIэщIэкIуэда испан усакIуэ Гарсиа Лоркэ Федерикэ и цIэр зэхимыхауэ. Адыгейми Къэбэрдей-Балъкъэрми щагъэувауэ щытащ адыгэбзэм кърагъэзэгъа испан усакIуэм и пьесэхэр. Нэхъ пасэуи Гарсиа Лоркэ и усыгъэр ди бзэмкIэ къэзыгъэпсэлъауэ КъШР-м щыщ усакIуэ Бемырзэ Зураб а лэжьыгъэм къыхигъэхъуащ. Дэтхэнэ лъэпкъыбзэми и кIадэ гъэтIылъыпIэу къэплъытэ хъунущ хамэбзэм къикIа тхыгъэхэмрэ усэхэмрэ. Апхуэдэ щIыкIэу усэхэр зы дунейм ибгъэIэпхъукIыу адрейм гъащIэщIэ щептым ещхьщ. Абы усакIуэмрэ тхылъеджэмрэ я зэхэщIыкIми, цIыхубэм яIурылъ бзэми, литературэми зрегъэужь. Зы усакIуи дунейм тет къыщIэкIынкъым дунейпсо литературэм пщIэ щызиIэ тхыгъэ цIэрыIуэхэр и анэдэлъхубзэм хуигъэкIуэным щIэмыхъуэпсу. Бемырзэ Зураб нэхъ пасэуи зэридзэкIауэ щытащ Гарсиа Лоркэ и усэхэм щыщ. Иужьрей махуэ зыбжанэм адыгэ усакIуэм адыгэбзэм къригъэзэгъахэр Лоркэ и усыгъэм щыгъуазэхэм я дежкIэ къэцIыхужыгъуафIэщ. ФщIэжкъэ «Гитарэм гъын щIедзэ…» жыхуиIэ испан уэрэдым ещхьу зырылъэлъ сатырхэр? Зураб «гитара» псалъэм и пIэ иригъэувэн адыгэбзэм зэрыхимыгъуатэр и гум къыхуидэ къыщIэкIынтэкъыми («шыкIэпшынэр», дауи, «гитарэкъым») ар «бзэпсныбэкIэ» ихъуэжащ. И псэ закъуэр итын имыдэу, Зегъеиж блэр зэуа бзу цIыкIум. Ей, бзэпсныбэ, къамитхум уаубзытэ Щхьэщылъадэурэ уи щхьэщыгум. ПсалъэщIэр бзэм хэзэгъэн-хэмызэгъэныр къэзыгъэлъагъуэр зэманырщ. Ауэ Бемырзэм и зэдзэкIыгъэм ар «къыхэпIиикIыу» щыткъым. Урысыбзэм нэхъ щызэбгрыкIа мы усэр испаныбзэм къизыхауэ щытар Цветаевэ Маринэт. Адыгэ тэрмэшыбзэри абы къыкIэрымыхуу къыдолъытэ. «Мелагенья» усэм къыкIэлъыкIуащ «Къэзыгъэзэжыр». Дэтхэнэ лэжьыгъэри кIуэ пэтми нэхъ зэрефIакIуэм и щыхьэту, иужьрейр псом хуэмыдэу къехъулIащ Бемырзэм: Си лъагъуныгъэр е мы уафэр Къэсэхыжамэ, къэпцIыхунут Къудамэхэм уи Iупэ IэфIхэр ЗэрыкъуэбгъэпщкIухьынур. Зураб и усэхэри и зэдзэкIыгъэхэри «Адыгэбзэм и къару» (adygabza.ru) сайтым къыщывгъуэтынущ.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2024 - 16:41 →
Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 →
Тхылъ тыкуэным
17.04.2024 - 11:45 →
ЕщIэнокъуэхэрэ КIэфыщхэрэ я таурыхъ
15.04.2024 - 14:41 →
Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 →
Сыфхуоупсэ
|