ЗыплъыхьакIуэхэр нэхъыбэ мэхъу![]() АБХЪАЗ. Иужьрей илъэс 30-м елъытауэ, мы гъэм зыплъыхьакIуэхэр куэдкIэ нэхъыбэ щыхъуащ Абхъазым. 2020 гъэм шыщхьэуIум и 1-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэ хъуху, урысей-абхъаз гъунапкъэр зэIуахыжа нэужь, турист мин 600 ихьащ къэралым. 2019 илъэс псом абы щыхьэщIар турист мелуаным щIигъущ. Иджы Минтуризмэм къызэрилъытэмкIэ, цIыху мелуанрэ ныкъуэм зыщагъэпсэхунущ псэм и лъахэу ялъытэ республикэм. 2021 гъэм и накъыгъэм цIыху мин 30-кIэ нэхъыбэ кIуащ Абхъазым, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм еплъытмэ, мэкъуауэгъуэм а бжыгъэр нэхъыбэж хъуащ. Мы мазэми цIыху Iув щызэтрихьауэ йокIуэкI.
Поделиться:
Читать также:
13.07.2026 - 19:17 →
Бай Галинэ и лэжьыгъэхэр
05.07.2026 - 13:00 →
Театр сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэр
28.06.2026 - 12:00 →
ТхакIуэхэм я щIэнIуатэ
26.06.2026 - 13:00 →
Анэм и гъуапэр пхъум и пщампIэщ
18.06.2026 - 17:00 →
Гуащэ телъыджэхэр зи IэрыкI
| ||





