Зак Кахадо - хэт ар?

Налшык къалэ дэт Лъэпкъ музейм мазэ кIуам гъэлъэгъуэныгъэ дахэ щекIуэкIащ. Америкэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу щIалэ Зак Кахадо и Iэдакъэ къыщIэкIа сурэт 18 и хэкужь къишэжри игъэлъэгъуащ. Еплъа псоми телъыджэ ящыхъуащ США-м къыщалъхуа адыгэ щIалэм и гупсысэхэмрэ щыIэкIэмрэ къызэриIуэта сурэтхэр, абы и плъыфэ фIыцIафэ-гъуэбжафэр, лэжьыгъэхэм ящIэлъ гупсысэмрэ «ягъэIу» макъамэмрэ. 

Мы махуэхэм гъэлъэгъуэныгъэр ди къуэш республикэм, Адыгейм, къыщызэIуахащ абы и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурати кърихьэлIэу. 
Апхуэдизу адыгэпсэ зыIут, хэкужьыр зэрыхуримыкъур иригъэкъуж пэлъытэу, Кавказым ириша ятIэм сурэт къыхэзыщIыкI, хэкумрэ хабзэмрэ, фащэмрэ Iэмэпсымэмрэ псэкIэ зэрилъагъур утыку къизыхьэ, США-м къыщалъхуами, адыгэ къуажэ къыщыхъуам хуэдэу, адыгэбзэр зыIурылъ щIалэ зэчиифIэр хэт езыр? Хэт а Зак Кахадэр? 
Ар США-м и Патерсон къалэм (Нью-Джерси штатым хохьэ) 1972 гъэм Чыгъэдухэ я унагъуэм къыщалъхуащ, и цIэр Бэрзэджщ. Дунейпсо политологиемкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтащ. АрщхьэкIэ гъуазджэм дихьэхти, абыкIэ егъэджакIуэ, чэнджэщэгъу къыхуэхъуащ и къуэшыр. Иджыпсту Бэрзэдж щыпсэури щылажьэри Москващ, «MSK Eastside Gallery» иджырей гъуазджэмкIэ галереем и кураторщ. И гъэлъэгъуэныгъэхэр щекIуэкIащ Иджырей гъуаздэмкIэ музейм, M‘ARS иджырей гъуазджэмкIэ центрым (Москва). Абы къыхыхьащ Налшыкрэ Мейкъуапэрэ! 
Адыгэну хуейр дэни щыадыгэфынущ. Зэчий зырызыхэ ябгъэдэлърэ адыгэбзэр ягъэшэрыуэу зэкъуэшиплI къыщыхъуа адыгэ-америкэ унагъуэр дуней псом щапхъэу щыбгъэлъэгъуэн хуэдизу уардэщ, гухэхъуэщ. Америкэм къыщыхъуа щIалэ цIыкIухэм адыгэбзэр ящIэу къэтэджын папщIэ Чыгъэдухэ я унагъуэр Иорданием Iэпхъуащ Пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зэрихьэу Амман дэт адыгэ школыр кърагъэухын папщIэ. Абы илъэс зыхыблкIэ щыпсэуа нэужь Штат Зэгуэтхэм ягъэзэжащ, Бэрзэдж университетыр къыщиухари аращ. ИужькIи IэщIагъэм ирилажьэу Пащтыхьыкъуэ Алий и деж - пIалъэкIэ, итIанэ ООН-м щыIащ. 
Балигъ гъащIэм хэбэкъуа нэужь, езыр дэзыхьэхыр къыхихыжащ икIи и къуэш сурэтыщI, сурэттех цIэрыIуэм - Чыгъэду Жэбагъы - и гъусэу лъэщапIэ къызэIуахащ. Дунейпсо гъуазджэм лъэбыдэкIэ хэувауэ хэтщ зэкъуэшхэр. Иджыпсту Москва щолажьэхэ, езыхэм я лъэщапIэ, езыхэм я сурэт гъэлъэгъуапIэ, щапIэ къыщызэIуахыжауэ. Чыгъэду Бэрзэдж гъуазджэм и дунейм зэрыхыхьари къызэрыщацIыхури Зак Кахадэущ. 
Бэрзэджрэ Жэбагъырэ гъуазджэм дихьэхмэ, Биберт зэрытцIыхур футболист цIэрыIуэущ, ар Налшык и «Спартакми» хэтащ, иджы Мейкъуапэ къэкIуэну хъыбар щыIэщ. Я къуэш нэхъыжь дыдэ Нарт IэщIагъэ нэхъ гугъу пэрытщ, ар прокуратурэм щолажьэ. ЩIалэхэр псори адыгэбзэ къабзэкIэ мэпсалъэ, уеблэмэ япэу зэрагъэщIа бзэр я анэдэлъхубзэрщ. Ар, дауи, зи фIыщIэр я адэ-анэрщ - Чыгъэду Диабрэ (къэбэрдейщ) Пщымахуэ Хьичмэтрэ (бжьэдыгъущ). «Адыгэу дыкъызэрызэтенар, адыгэбзэр зэрытIурылъыр, Тхьэм иужь зи фIыщIэр ди адэ-анэрщ. Ди адэшхуэ-анэшхуэри тлъэгъуащ, абыхэми адыгэбзэкIи дагъэпсалъэрт, хабзэми дыщIапIыкIырт, - игу къегъэкIыж Бэрзэдж. - Ди щIалэгъуэм дызигъусэхэм мыхъумыщIэ куэдым зыдрагъэхьэхт, абыкIэ Америкэр бейщ. Дэри дыпэIэщIэтэкъым а зэхэтыкIэм, ауэ къытхалъхьа адыгэ хабзэм дызэтриIыгъэрт, шыIэныгъэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ дытригъэтт». 
Чыгъэдухэ лъэпкъкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщщ, Аруан щIыналъэм хиубыдэ Анзорей, Урыху къуажэхэм дэсхэщ. Я адэжь хэкум быдэу къыпыщIа щIалэхэм зыщагъэгъущэркъым я къежьапIэр дэнэми, уеблэмэ Бэрзэдж и сурэтхэм ящыщхэр Анзорей ириша ятIэм къыхищIыкIащ.
Ар илъэс 15 нэхъ и мыныбжьу япэ дыдэу къэкIуэжащ Налшык. Насыпырыхь хъуат и Iуэхур. Пащтхьыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ адыгэ школым щеджэрти, нэхъыфIу адыгэбзэр зыщIэ ныбжьыщIэ зыбжанэ хэкум къагъэкIуэну траухуащ. Абыхэм яхэхуэри Бэрзэдж 1988 гъэм Налшык дэта «Орленок» лагерым зыщигъэпсэхуауэ щытащ. Мис абы щыгъуэм нэрылъагъу щыхъуащ зэрыцIыкIурэ зыщIагъэдэIуа хъыбар псори. «Хэку, Кавказ, Шэрджэс, Iуащхьэмахуэ, Сосрыкъуэ - ахэр псалъэ, гугъапIэ, хъуэпсапIэ нэхъыщхьэу хэтащ ди сабиигъуэм», - жеIэ сурэтыщIым. - Хэкур дэ ди ДНК-ращ, ар зы щIыпIи пхуэхьынукъым, лъэпкъыр узэрыпагэ къулеигъэ гуэрщ. Псом хуэмыдэу уадыгэмэ - ар гухэхъуэщ. 
Псалъэм папщIэ, Америкэм цIыхуу щыпсэур американщ, ауэ шэрджэскIэ узэджэжын щхьэкIэ, адыгэу укъалъхуауэ ущытын хуейщ. Патерсон дыщыдэсам, дэрэ ди гъунэгъу унагъуэмрэт адыгэр, итальянхэмрэ ирландхэмрэт нэхъыбэу щыпсэур. Псори дызэрыпсалъэр инджылызыбзэми дэ ди хабзэм абыхэм дакъыхигъэщырт. Апхуэдабзэт университетри. Пенсильванием щыщ зы щIалэрэ сэрэт Америкэм къыщалъхуауэ яхэтыр, адрей студентхэр хамэ къэралхэм къикIат. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми, инджылызыбзэкIэ фIыуэ мыпсалъэми, занщIэу къыбгурагъэIуэфырт зыщыщ лъэпкъыр. Сэ сыкъызыхэкIарат псоми телъыджэ ящыхъур, ди тхыдэм, хабзэм, щыIэкIэ-псэукIэм я гугъу щахуэсщIкIэ, лекцэ нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэу университетым щекIуэкIым щIэсхэм хуэдэу къызэдаIуэхэрт»! 
ЩIалэхэм дэтхэнэми езым и гъуэгуанэ къыхихыжауэ гъащIэм лъэ быдэкIэ хэтщ. Ар фIыщ адэ-анэм я дежкIэ, ауэ я къалэн нэхъыщхьэр къайхъулIауэ къалъытэу щIызыхуэарэзыжыр, псоми адыгэбзэр зэращIэрщ, хабзэ зэрахэлъырщ, адэжь хэкум къуэпс быдэкIэ къызэрыпыщIарщ. Ахэр зэи гъащIэм щыгъуэщэнукъым, я гуи щыкIуэдынукъым. 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: