Студентхэм я гъэмахуэр щIэщыгъуэ ящI

2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м щегъэжьауэ программэ гъэщIэгъуэн яублащ Урысейм и студентхэм къэралым я нэгу зыщрагъэужьыным теухуауэ. УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ, ар иригъэжьащ УФ-м ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и министерствэм.

 
Студентхэм сом бжыгъэ гуэр фIэкI ямыIыгъми, здэкIуа къалэм, хэгъэгум тхьэмахуэкIэ дэсыфынущ, проектым хэт университетхэм я общежитиехэм, кампусхэм щыпсэунущ. Студент туризмыр мы гъэм япэу ирагъэжьауэ аращ, абы зэкIэ къыхыхьар университет 15-щ. Ахэр псори щIыпIэ дахэ куэд зиIэ, тхыдэ, щэнхабзэ бей, лъэпкъ зэхэтыкIэ гуапэ здэщыIэ щIыналъэщ. 
ЗэрыжытIауэ, университетхэм я общежитиехэм я бжэхэр хузэIуах нэгъуэщI къалэм къикIа студентхэм. Сессиер иухащ, щIэса щIалэгъуалэр зэбгрыкIащ, абы къыхэкIыу псоми хьэщIэр зыщIагъэсын пэш яIэщ. Абы къищынэмыщIауэ, студент хьэщIэр экскурсие яшэнущ, нэгу зегъэужь-щэнхабзэ зэIущIэхэм, пшыхьхэм хагъэтынущ икIи ягъэшхэнущ.
 Мы Iуэхум хыхьэну хуитщ урысей еджапIэ нэхъыщхьэхэм щеджэ студентхэр, щхьэж езым зэрынэхъ фIэфIым хуэдэу зыплъыхьакIуэ кIуэми хъунущ. И щхьэ закъуэу кIуэмэ, ахъшэ нэхъыбэ гъуэгум тригъэкIуэдэнущ, щеджэ университетыр адрейм гурыIуауэ гъуэгу тригъэхьэмэ, мащIэ дыдэщ зыхуеинур, уеблэмэ пщIэншэу Iуэхутхьэбзэхэр къыхуащIэнущ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Кърымым дэт федеральнэ университетым и общежитием зы жэщ-махуэкIэ ущIэсыным ихьыр сом 17 къудейщ. Проектым хэтщ зы жэщ-махуэм сом 50 - 80 зыщIэптхэри, тIэкIу нэхъ лъапIэхэри. Псори зэлъытар узыщIэсыну пэшым гъуэлъыпIэу щIэтырщ, шхыныр хэтрэ хэмытрэщ. Ари узэрыхуейуэ къыхэпхыу аращ, университетхэм лIэужьыгъуитI къыпхуагъэлъагъуэ - псори хэту е узэрыщыжей закъуэм фIэкIа пщIэ щIумыту. 
Иркутск дэт къэрал университетым и гъэмахуэ базэращ студентхэр зригъэблагъэр, ар Байкал и Iуфэ дыдэм Iутщ, щIыпIэр дахэщ, пэшхэр къабзэщ, шхынри пхузэблах, зы жэщ-махуэм сом 1500-рэ хуозэ. 
Томск дэт политехуниверситетым и егъэблэгъэкIэри къызэрыгуэкIкъым. Абы и хьэщIэхэр санаторэм щIигъэсынущ, я нэгу зрагъэужь къудей мыхъуу, я узыншагъэри ирагъэфIакIуэу. Абы уасэу щIатынури мащIэ дыдэщ, зы жэщ-махуэм - соми 100. 
УФ-м ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и министр Фальков Валерий зэрыжиIамкIэ, «Студент туризм» проектым щIалэгъуалэм Урысейм зыщаплъыхьыным и закъуэкъым сэбэпынагъыу пылъыр, атIэ хэгъэгъу зэмылIэужьыгъуэхэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я зэдэлэжьэнкIэр егъэбыдэ. А зекIуэхэр махуэ гукъинэжу къыхэнэнущ студентхэм я гъащIэм. КъищынэмыщIауэ, дэзыхьэх елъытакIэ, щIэныгъэ, технологие проект гъэщIэгъуэнхэр зэдащIыфынущ щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щызэрихьэлIэ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ. 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: