НэпсыкӀэу щӀаутхыкӀыр жьэгу пащхьэм и хуабэм щыгугъырт

Жан мыгъуэм хьэкъугъыр къреш,
Шэ пIэнкIри къыщелъэлъэхым,
Жан и нэпситIыр къыфIолъэлъэх.
Джаурыдзэр гум къыщилъэлъым,
Жан гущэр къызэфIомахэ,
ХэщIапIэм хэта и дэлъхур
ФочпэбжкIэрэ кърахулIэжыр,
ЛIы щауэм и псэуныгъэр
А щIыпIэм щрагъэух.
Сэ си дэлъхуу данагъуэ пащIэ,
УмыпIащIэуэ зыпшыIэфатэмэ,
Уи псэ тIэкIур IэщIэкIыфынт.
Уи пыIэщхъуэр дыгъэм полыд,
Къантэлэууэ уи ержыбыжьыр
Къэзэуатым кIэлъызэрахьэт,
Зэман кIыхькIэ къыщIепхьэкIар
Нобэ махуэм къебгъэлэжьащ.
Дэ лажьэшхуэу нобэ тлъэгъуахэр
Ди бын къэхъухэм щаремыгъупщэ.
Къулътынуэрэ куэншыбэ дахэр
ФочыпэкIэ зыщыдагъэхыр,
Гу зыхуэтщIауэ уэркъ щауэ щIалэхэм
Зыщедгъэхыным дыхунагъэскъым,
Сыт мыгъуэр дэ ди махуэж!
Щхьэгъусэу псэм емыблэжым
Хьэзырыбгъэу зэIулъ пщыкIухыр
Уэрамыпэм щатреухэр.
Инжыдж псыхъуэу Тхьэр зыдэбгэным
Лъы бахъаер щызэрызохьэр,
Муслъымэныр дызэрызехьэуэ
Джаурыдзэм хьэлэч дыкъащI.
ЩIыгу гущэуэ дызыщалъхугъэр
ЛъыпсаекIэ къытхураIащ,
МыдэкIэрэ дэ ди гум къеIари
Сабий гъащIэу дэ тIэщIаударщ.
Удын бзаджэу дэ къытлъысахэм
Гуауэ гъыбзэр дагъэусыр.
Къэралышхуэм и дзэ пакIэшхуэр
Нэхущ мыгъуэм дэ къытщIотаджэ,
Сабий цIыкIуу къэмытэджахэр
ФочпэбжкIэрэ нызэбгырадзыр,
КъуэкIий нэфым ныдадзэжахэр
Анэ мыгъуэм зэщIащыпэж,
Анэ бгъафэм къыщIаудахэр
Сыт емынэм ящигъэгъупщэн?!

Мы пычыгъуэр къызыхэтха «Жан и гъыбзэр», зэрынэрылъагъущи, зытеухуари зэхьэлӀари Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм лъэпкъым и щхьэ кърикӀуа хъугъэщӀагъэ гуауэхэм языхэзщ. «Джаур зауэжькӀэ» адыгэхэр зэджэу илъэсищэм щӀигъукӀэ екӀуэкӀа лъэпсэрыхыр лъэпкъ щӀэжым куууэ къызэрыхэнар, абы нэщӀэбжьэу къыхэкӀахэм я лъэужьыр удын бзаджэу абы зэрекӀар къызыхэщыж уэрэдыжьхэр тхыдэм и гъуджэм хуэдэщ, блэкӀар ӀупщӀу уи нэгу къыщӀагъэхьэу, ар пщыгъупщэ зэрымыхъунур дэтхэнэ зы псалъэми къаӀуатэу. Тхыгъи тхыбзи зимыӀа лъэпкъым и дунейри, и тхыдэри зэрихъумэр гукӀэт, зы щӀэблэм къыбгъэдэкӀыу адрейм деж зэрынихьэсыжри ӀуэрыӀуатэкӀэт. Фэеплъым ужьых иӀэкъым, ар зейм упыщӀауэ, уигу щӀэузу, укӀэлъыӀэбэрэ зэбгъэзэхуэжыну ухущӀэкъуу дунейм утетыху.
Хуэфащэ гулъытэ имыгъуэтами, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкӀэ и институтым илъэс зыбжанэкӀэ узэӀэбэкӀыжмэ, къыдигъэкӀыгъат тхылъ гъэщӀэгъуэн, къызэщӀиубыда ӀуэхугъуэкӀи зытеухуакӀи тхыдэ къэхутэныгъэшхуэхэм япэшачэу, ӀуэрыӀуатэ щӀэныгъэр къыщыгъэнауэ, лъэпкъ щӀэныгъэм увыпӀэшхуэ щиубыдыну къылъысу. «Пащтыхь зауэжьым и зэманым къежьа адыгэ уэрэдхэр» – аращ зэреджэр а тхылъ фафӀэшхуэм. Урыс-Кавказ зауэм къыдэунэхуа, лъэпкъым и щхьэ кърикӀуэ тхьэмыщкӀагъэхэм траусыхьа уэрэдхэм я зэужьщ ар. Абыхэм ящыщ гуэрхэр мызэ-мытӀэу совет лъэхъэнэм дунейм къытехьауэ щыта ӀуэрыӀуатэ тхылъхэм ихуауэ щытами, мы къыдэкӀыгъуэм хуэдэу а илъэс жьыуейхэм екӀуэкӀа псор нахуэ ищӀу, куэд къызэщӀиубыдэу щыӀакъым жыпӀэми егъэлея хъуну къыщӀэкӀынкъым.
Псом япэрауэ, къыхэгъэщыпхъэщ Урыс-Кавказ зауэм къыдежьа уэрэдыжьхэмрэ къыщаӀуатэрэ зытеухуа ӀуэхугъуэкӀэ абыхэм япэгъунэгъуу зэхалъхьа ӀуэрыӀуатэхэмрэ къызэрымыкӀуэу куэд зэрыхъур. Дунейм къытемыхьауэ, архив гъэтӀылъыгъэхэм щызэбгрыпхъауэ хэлъу, къытетхыкӀыжын хуейуэ фонотхыгъэхэм тету щыӀэр бжыгъэншэщ. Мис абыхэм ящыщщ зи гугъу тщӀы тхылъым пкъы хуэхъуа уэрэдыжьхэр. ӀуэрыӀуатэ щӀэныгъэм къыӀэрыхьэжащ къэхутэныгъэ гъэщӀэгъуэнхэр къызылъыкъуэкӀыну текст купщӀафӀэ куэд.
ЕтӀуанэрауэ, ӀуэрыӀуатэкӀэ фӀэкӀа дызыщымыгъуазэу щыта Ӏуэхугъуэхэм хэлъ пэжым тхыдэтххэмрэ тхыдэхутэхэмрэ къатӀэщӀ архивхэр кӀуэ пэтми лъэныкъуэ куэдкӀэ щыхьэт къабзэ тохъуэ, тхыдэ тхылъымпӀэу къыкъуэкӀыжхэри я шэсыпӀэу къоув. А лъэныкъуэмкӀэ укъеплъмэ, лъэпкъ тхыдэр зэфӀэгъэувэжын и ӀуэхукӀэ уэрэдыжьхэр узыблэплъыкӀ мыхъун фӀыгъуэщ.
Ещанэрауэ, уэрэдыжьхэм яхъумащ лӀыхъужь куэдым я цӀэхэр. Лъэпкъым и тхыдэр къэзыгъэщӀыр цӀыхущ, Ӏущыгъэ, щӀэныгъэ, лӀыгъэ хилъхьэкӀэрэ. Франджы тхыдэтх Ардуэн Жан зэрыжиӀащи, «къыщыхъуарэ щекӀуэкӀакӀэ тхыдэр пщӀэныр хъарзынэщ, ауэ а псор къэзыгъэхъуахэмрэ къэзыгъэщӀахэмрэ ущыгъуэзэныр хьэлэмэт дыдэщ – ар къэзыхутэм тхыдэ зэрищӀым и мызакъуэу, зыбгъэдилъхьэж цӀыхубэр а тхыдэм пещӀэ, блэкӀамрэ къэкъуэнумрэ нобэрей махуэхэмкӀэ зэрепх. ЦӀыху зыхэмыт тхыдэр лъэмыж зытемылъ псыежэхым ещхьщ: дахэщ, узыӀэпешэ, ауэ ухыхьэну узытригъэгушхуэркъым. Ауэ а тхыдэм нэгу зиӀэ цӀыху къыщыхэпшкӀэ, гушхуэныгъэ къозыт щапхъэ жылэм ибот, фӀым и фӀыжыр гъуазэ абы хубощӀ». Арэзы узытемыхъуэнкӀэ Ӏэмал зимыӀэ еплъыкӀэщ. Адыгэ тхыдэр къэзыгъэщӀа ди лӀыхъужьхэм ягъэлъэгъуа хахуагъэмрэ зэрахьа лӀыгъэмрэ и мызакъуэу, цӀэкӀэ тщӀэнри щӀэжыр зыхъумэ, зэхэщӀыкӀыр нэхъ лъагэу къэзыӀэт Ӏуэхугъуэщ. ФӀэщ щӀыгъуейщ уэрэдым зи лъэпкъыцӀэ хэту ирихьэлӀа ныбжьыщӀэм ар зыщигъэгъупщэныр, уеблэмэ къызэщӀиӀэтэу тхыдэм хуригъэплъэкӀыныр зыхуэӀуа щыӀэкъым.
Урыс-Кавказ зауэм къыдэунэхуа уэрэдыжьхэм я бжыгъэр куэд зэрыхъум, Ӏуэхугъубэм я щхьэфэм зэриӀэбэм, хэкум и дэнэ къуапи ахэр зэӀэпахыу къызэрыгъуэгурыкӀуам къегъэлъагъуэ а хъугъэщӀагъэ бзаджэм адыгэхэр ину зэрызэридзар. ЦӀыхубэ ӀуэрыӀуатэм псалъэ хэплъыхь ищӀыркъым, къэрал унафи иӀэкъым. Уэрэдыр лъэпкъым зыхуиусыр ар зыхуэфащэу къилъытэ Ӏуэхумрэ цӀыхумрэщ. Абы и лъэныкъуэкӀэ убгъэдыхьэмэ, гузэхэщӀэу хэлъыр гуащӀэу къыплъэӀэсми, джаур зауэжьым и лъэхъэнэм къежьа уэрэдхэр лъэпкъ хъугъуэфӀыгъуэшхуэщ, цӀыхум и зэхэщӀыкӀыр здынэсу щытар къыбгурыӀуэну, екӀуэкӀым зэрыхэплъар зэхэпщӀыкӀыну Ӏэмал къыуату.
ЗэрыгурыӀуэгъуэщи, щалъхуа адэжь щӀыналъэмрэ зыдапӀыкӀа жьэгумрэ зэрипхъуэну бийр къыщыкӀуэкӀэ, гу зыкӀуэцӀылъ дэтхэнэ цӀыхури абы пэувынущ, къыдалъхуахэмрэ къилъхуахэмрэ къащыжыну яужь итынущ. Зауэм къигъэщӀа гъыбзэхэмрэ уэрэдхэмрэ зыхуэунэтӀари аращ – зэуакӀуэ къэкӀуам, зэрыпхъуакӀуэм пэщӀоувэ, ар зэримыдэр къеӀуатэ. Тхылъым ихуа уэрэдхэр зытеухуакӀэ зэщхьэщыбгъэкӀмэ, урихьэлӀэнущ жей Ӏувым хэт адыгэ къуажэ лажьэншэхэр зэрызэтрагъэсхьам, щӀыпӀэ-щӀыпӀэкӀэрэ щекӀуэкӀа зауэхэм, псэемыблэжу зэуа лӀыхъужьхэм, бэлыхь мыухыжым хэхуа цӀыхубзхэм, хэкукъутэм, псыикӀыжым теухуа уэрэдхэм. Дэтхэнэ уэрэдми, гущӀэм зригъэгъазэу, къатепсыха насыпыншагъэр егъей, щхьэегъэзыпӀэр къилъыхъуэу апхуэдиз гуӀэгъуэр Тхьэм къащӀритам щӀоупщӀэ, итӀани, гугъэр къаруушхуэкъэ-тӀэ, шыӀагъэр зытрагъакӀуэу, фӀым щыгугъыу уэрэдкӀэ фэбжь шынагъуэр ягъэужьыхыну, нэхъыкӀыж къамыгъэхъуну хущӀокъу.
Зэгуэр лъэпкъышхуэу щыта, зауэр щиухым Ӏэбжьыб фӀэкӀа къызыхэмына лъэпкъым, гъэщӀэгъуэнращи, сыт хуэдиз щхьэкӀуэ имышэчами, къатегуплӀэу и хэкур зэхэзыфыщӀахэм лъагъумыхъуныгъэ яхуищӀакъым, бийм къыхэнэ щымыӀэу зэтеукӀэн, я лъапсэр ихын хуейуэ къыхуриджэу зы уэрэди зэхилъхьакъым. Ар щыгъэтауэ, хабзэрэ напэкӀэ бийр къихьэхуну, илэжь щӀэпхъаджэм иригъэгупсысыну хэтащ. Сыт и уасэ, псалъэм папщӀэ, адыгэ зауэлӀхэм я щхьэр пихрэ бжэгъу лъагэм пызыӀуу щыта урыс генерал Засс Григорий зрагъэцӀыхужын щхьэкӀэ, и пхъур яхьу, ХьэтӀохъущокъуэ Мыхьэмэт Ӏэшэ, Ажджэрий и къуэ Кушыкупщ, Жанджатэ Хъырцэжь Алэ, Щоджэн Шумахуэ сымэ абы кӀэлъызэрахьа цӀыхугъэр. Мазэ бжыгъэ къызэрытам къриубыдэу а бзылъхугъэ цӀыкӀум адыгэм и бзэр ирагъэщӀащ, и фащэр щатӀэгъащ, и хабзэхэм щагъэгъуэзащ. Засс и пхъум къилъэгъуат адыгэ дунейр и кӀуэцӀкӀэ, къэзылъхуа и адэм щыхуашэжми, и гупсысэр зэрихъуэкӀыну хэта щхьэкӀэ къикӀа щыӀэкъым – ар системэм и цӀыхут, Нало Заур и жыӀауэ, лъы гъэжэныр зыӀурыӀэфӀа, зауэм хэужьыныхьа цӀыхут.
Жылэкъутэ хъуа адыгэм ӀупщӀу къилъэгъуат лъы нэпсу щӀагъэкӀыр пащтыхьыдзэм хэт къызэрыгуэкӀ зауэлӀхэм я деж щыплъагъу зэрымыхъунур, атӀэ апхуэдиз лъыгъажэмкӀэ жэуап зыхь унафэщӀхэр зэрыщыӀэр. Аращ адыгэ уэрэдыжьхэм цӀэ пыухыкӀахэр къыщӀриӀуэр – уэрэдыжьхэм яумыс икӀи ягъэмысэ урыс генералхэр, адыгэхэм къахэкӀауэ пащтыхьыдзэм хыхьа дзэзешэ гущӀэгъуншэхэр, тӀасхъэщӀэххэр, бзэгухьхэр, епцӀыжакӀуэхэр. Мыри къызыхэкӀыр лъэпкъым игъэв узыфэ шынагъуэр игъэӀэсэн, мыхъумыщӀагъэ къэхъухэм дунейм гу лъаригъэтэн щхьэкӀэщ. Бэлыхь хэту хэт щӀэмыхъуэпсыр гущӀэгъу, гулъытэ, гукъаскӀэ?
Урыс-Кавказ зауэм къыдежьа уэрэдхэм къазэрыхэщщи, адыгэхэри ди лъахэм щыпсэу лъэпкъхэри мывэ щхьэлым къыдэхутат – пащтыхьым хым екӀуалӀэу дунейм хэзышэ гъуэгу къилъыхъуэрт, адыгэхэр хуиту я щӀыгу тесыжыну щӀэхъуэпсырт. Ауэ абы и закъуэтэкъым Ӏуэхур здэщыӀэр. Уегупсыс зэрыхъунумкӀэ, адыгэхэм лӀэщӀыгъуэкӀэрэ къадэгъуэгурыкӀуа зэхэтыкӀэ-псэукӀэри гъащӀэм къемыкӀуж хъуат, абы Ӏэмалыншэу зэхъуэкӀыныгъэхэр хэлъхьэн зэрыхуейр нахуэт. ЖыпӀэпэнуращи, лъэпкъыр гъуэгу зэхэкӀыпӀэм къытехутащ. Абы къыхихын хуейт: е хьэрып-тырку жьыбгъэр щызепщэ къуэкӀыпӀэ жылэ зэхэтыкӀэр, е европей щӀэплъу щыт урысей жылэ зэхэтыкӀэр…
ЗэрыжаӀэщи, адыгэ унафэр кӀыхьщ. Зи геополитикэ Ӏуэхухэр псынщӀэу зэфӀэзыхыну хэт Урысейм а унафэр кӀэщӀу ищӀащ. Абы къишар хэкукъутэм и закъуэкъым, атӀэ адыгэм и дуней еплъыкӀэми, и псэукӀэми, и хабзэ зехьэкӀэми зригъэхъуэжащ. Нобэр къыздэсамкӀэ уеплъмэ, сыт хуэдиз щыщӀэныгъэ хэмылъми, адыгэм и гъуэгур европей щӀэплъу щыт урысей жылэ зэхэтыкӀэм итущ зэрыпхыкӀыр, нэгъуэщӀи къилъыхъуэркъым. Ауэ абы зиубгъунри, щӀегъуэж къыхэмыкӀыу ипэкӀэ кӀуэнри елъытащ лъэпкъ тхыдэм къэралыр зэрыхущытыр. Пэжым нэхъ ӀэщэфӀ щыӀэкъым. Зэи бгъэзахуэ хъунукъым лъыгъажэмрэ хьэкӀэкхъуэкӀагъэмрэ, пӀэт хъунукъым лъэпкъхэр зэтезыукӀа пащтыхь дзэзешэхэмрэ абыхэм зэрахьа хъуагъэщагъэхэмрэ. Зыр зым хуэсакъмэщ, щыпкъагъэр гъуазэу щытмэщ захуагъэр щытепщэ хэгъэгу щыбухуэфынур.
«Пащтыхь зауэжьым и зэманым къежьа адыгэ уэрэдхэр» зи фӀэщыгъэ тхылъыр гупсысэр куэдым нэзыгъэс тхылъ гъэщӀэгъуэнщ. Уэрэди 130-м нэблагъэ зэрыт зэужьыр хамэщӀ къыщыхута тхьэмыщкӀэхэм я щӀэблэм щыщ зы нанэ и псалъэ шэрыуэкӀэ жыпӀэмэ, «нэпсыкӀэу щӀаутхыкӀыр жьэгу пащхьэм и хуабэм щыгугъыу яуса уэрэдщ», нэгъэсауэ тхыдэм и фэеплъщ.
Тхылъыр зэхэзыгъэува гупым лэжьыгъэшхуэ зэфӀагъэкӀащ уэрэдыжьхэр архивым къыхэхыжыным, ахэр тедзэным хуэгъэхьэзырыным, еӀуэлӀапхъэхэмрэ псалъэ гурыӀуэгъуейхэм я псалъалъэр зэхэгъэувэным, адыгэ текстхэр урысыбзэм илъхьэным и ӀуэхукӀэ.
Уэрэд зэужьыр адыгэ щӀэныгъэм, лъэпкъ щэнхабзэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиӀэ лэжьыгъэу зэрыщытым шэч хэлъкъым.

 

 

 

 

 

 

 

 

ТАБЫЩ Мурат, «Адыгэ псалъэ» газетым и щӀэныгъэ обозреватель.
Поделиться: