Я нэгу зрагъэужьауэ къагъэзэж

УФ-м щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщауэ мы гъэмахуэм екIуэкI "Студент туризм" проектым хэтащ Налшык къалэ дэт ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым и студенткэ Соповэ Алинэ.

Ар тхьэмахуэкIэ Калининград дэсащ икIи зэригъэщIэгъуэнур имыщIэу къэкIуэжащ: къалэм дэт музейхэр, щIыпIэ дахэхэр, уэрам гъэщIэгъуэнхэр, щIэрыпсу къищIыкIарэ узыхуей псор щыбгъуэт университетым и кампусыр…

- МахуиблкIэ сыщыIащ Калининрад, егъэлеяуэ къалэ дахэщ икIи хуабжьу сигу дыхьащ. А зы щIыпIэрагъэнщ музейуэ къалэм дэтыр щыгъэщIэгъуэныр, зы музеи ущIэзэшыхьыркъым. Я цIыхухэр зэрыгуапэр-щэ? Сезыгъэблэгъахэр къысщыгуфIыкIащ икIи фэтэр фIэкIа умыщIэну, псори зыхэт пэш сыщIагъэтIысхьащ. Къабзэт, Iэхуитлъэхуитт, зыри ущыщIэртэкъым, - жеIэ режиссер IэщIагъэм хуеджэ пщащэм.

Налшык щыщ пщащэр Балтийскэ федеральнэ университетым и япэ хьэщIэт, зи гугъу тщIа проектым ипкъ иткIэ. Иджыпсту абы студент 12 кIуауэ щыIэщ. "ХьэщIапIэ къакIуэ студентхэм ягъэщIагъуэ пэш зэгъэпэща зэрахухэтхыр. Дэ ди общежитиер фэтэр щIыкIэу ухуащ, гъуэлъыпIи 2, 3, 5 зыщIэт зы пэшым пщэфIапIэри, зыгъэпскIыпIэри хэтщ, балкон иIэщ. Нэхъыбэр тхьэмахуэкIэ щыIэну къытхуокIуэ. Зы студентым зы жэщ-махуэм сом 50 щIиту аращ. Ар зырикIщ ди псэупIэхэм я тыншагъымрэ къабзагъымрэ елъытауэ. ХьэщIэр къыщIэдгъэтIысхьэ къудейркъым, атIэ экскурие кIуэнуми, программэ гуэрым хэтынуми дыдоIэпыкъу, дошэ, ди чэнджэщ идот", - жеIэ университетым и лэжьакIуэ Сетейкинэ Аннэ.

Кавказ Ищхъэрэм и дахагъыр

Мы проектым хэт щIалэгъуалэм я закъуэуи, гуп зэрыгъэхъууи нэгу зегъэужьакIуэ ежьэ хъунущ. Иджыблагъэ Къэзан федеральнэ университетым и студентиплI Осетие Ищхъэрэ-Аланием къакIуэри, зыщагъэпсэхуащ. Хетагуров Коста и цIэр зезыхьэ щыIэ Осетие Ищхъэрэ къэрал университетым и хьэщIахэми яхуэIуэтэжыркъым Кавказым щалъэгъуа псори. "Пандемием и зэранкIэ, куэд щIауэ зыплъыхьакIуэ сежьатэкъым. Студтуризмыр зэрырагъажьэу, сайтым сихьэри, зыхезгъэтхащ. Сыт Владикавказ къыщIыхэсхам и щхьэусыгъуэр? Осетинхэм я щэнхабзэм, ерыскъы IэфIхэм, щIыуэпсым теухуауэ дахэ куэд зэхэсхат" - жеIэ КФУ-м Социально-философие щIэныгъэхэмрэ хъыбарегъащIэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и институтым и 3-нэ курсым щеджэ Сурыгинэ Ксение.

Студентхэм зэрызыхахам нэхърэ нэхъ дахэжу къащыхъуащ Осетием и бгыхэр, Галиат къуажэжьыр, къызэрыгуэкI жылэдэсхэм зэрагъэхьэщIар. Ксение и гъусахэми хуабжьу ягу ирихьащ ди гъунэгъу хэгъэгури, кавказ гъэхьэщIэкIэри.

Мы проектым зэ хэтахэм нэгу зегъэужьыным и фIагъымрэ щхьэпагъымрэ къагуроIуэ, зэдэлэжьэну зэзухылIа еджапIэ нэхъыщхьэхэм я Iэмалхэр нэхъыбэ ящI.

"Студент туризм" проектым дихьэха щIалэгъуалэм я бжыгъэр мин 22-рэ щохъу къэралым, абы щыщу шыщхьэуIум и 25 пщIондэ зызыгъэпсэхуфынур цIыху 850-рэщ. Мы гъэм япэ лъэбакъуэщ проектым ичар. ЕтIанэгъэ университету къыхыхьэнури, студенту зи нэгу зезыгъэужьынухэми я бжыгъэр, дауи, куэдкIэ нэхъыбэнущ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: