Тхылъхэм я дунейм

Хъыбар  гуапэ

Урысейм и тхылъ тедзапIэхэм я зэгухьэныгъэм илъэс 30 хъуауэ къызэригъэпэщ «Илъэсым и тхылъ нэхъыфIхэр» зэпеуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжащ. Ди гуапэщ  Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкIахэр нэхъыфIу къызэралъытар. 
Къэралым и щIыналъэ 46-м я тхылъ тедзапIи 120-м я къыдэкIыгъуэ 500-м щIигъу здагъэхьа зэпеуэм нэхъыфIу къыщалъытар лэжьыгъэ 50 къудейщ. Зэпеуэм «Лучшее издание о российских регионах» зыфIаща лIуэжьыгъуэм  хагъэхьат  «Выдающиеся поэты Кавказа» серием щыщу КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ я усэхэр щызэхуэхьэсауэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкIа тхылъхэр. 
КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, зэхьэзэхуэм я зэфIэкI щеплъыжащ къэралым и тхылъ тедзапIэ нэхъыфIхэр. Апхуэдэхэщ «Эксмо», «Вече», «Молодая гвардия», «Русское слово» IуэхущIапIэхэр. Лъэпкъ республикэхэм щыщу Налшык, Къэзан, Уфа, Ижевск, Чебоксары, Якутск, Мэхъэчкъалэ, Петрозаводск, Йошкар-Олы щылажьэ уней тхылъ тедзапIэхэр. 
Зэпеуэм и къэпщытакIуэ советым хэт щIэныгъэлIхэр, егъэджакIуэхэр, тхылъ тедзапIэхэм, библиотекэхэм я лэжьакIуэхэр мазэм нэблагъэ яужь итащ зэхьэзэхуэм и лIэужьыгъуэ 13-м хыхьэ къыдэкIыгъуэхэм нэхъыфIхэр къыхахын папщIэ. Псом хуэмыдэу щIэупщIэ нэхъ зиIэхэм ящыщу къагъэлъэгъуащ «Лучшее издание гуманитарной литературы», «Лучшее издание мемуарно-биографического характера», «Лучшая детская книга», «Лучшее издание о российских регионах» лIэужьыгъуэхэр. Иужьрейм щызэхуэхьэсащ лъахэхутэ литературэм и щапхъэ нэхъыфIхэр - тхыдэм, щэнхабзэм, къэралым и щIыпIэ дахэхэм, теухуа лэжьыгъэхэр. НэхъыфIу къагъэлъэгъуа лэжьыгъэ 50-м щыщу 21-р лъэпкъ республикэхэм я тхылъ тедзапIэхэм къабгъэдэкIащ. Иужьрей илъэсыр зэрыхьэлъами емылъытауэ, къэралым и IуэхущIапIэ нэхъыфIхэм къыкIэрымыхуу лэжьыгъэ щхьэпэхэр щIыналъэ тхылъ тедзапIэхэм къызэрыдагъэкIар къыхагъэщащ. 
КъищынэмыщIауэ, Ижевск щекIуэкIа «Книга года на родине П. И. Чайковского» тхылъ фестиваль-зэпеуэм Котляровхэ Викторрэ Мариерэ томищ хъууэ къыдагъэкIа «Кабардино-Балкария: чудеса и тайны» лэжьыгъэм диплом къыщыхуагъэфэщащ. Зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщащ Удмурт республикэм ЩэнхабзэмкIэ, Лъэпкъ политикэмкIэ и министерствэхэм, Печатымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и агентствэм. Урысейм и къалэ 15-м я тхылъ тедзапIэ 50-м щIигъум я лIыкIуэхэр щагъэлъэпIащ Ижевск къалэм и Лъэпкъ библиотекэм. Зэхыхьэ гуапэм щызэхуэсащ тхакIуэхэмрэ журналистхэмрэ, къэрал IуэхущIапIэхэм я IэщIагъэлIхэр.
Гу зылъытапхъэ: Иджыри зы хъыбар гуапэ. Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ щаутIыпщащ тхылъ интернет-тыкуэныр. Абы и фIыгъэкIэ иджы Iэмал яIэщ, Урысейм и къалэхэм щылажьэ пощт IуэхущIапIэхэр къагъэсэбэпу, я тхылъхэм щIэупщIэхэм тыншу  лъагъэIэсыну. 
Интернет-тыкуэным и «Книги о Кавказе» Iыхьэм щызэхуэхьэсащ художественнэ, документальнэ къыдэкIыгъуэ гъэщIэгъуэнхэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, апхуэдэщ том зыбжанэ хъу «Кавказ» сериалыр,  «Народы Кавказа» лэжьыгъэхэр, нэгъуэщIхэри.
Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуа къыдэкIыгъуэхэр щхьэхуэщ. Ди щIыналъэм къыдэкIуэу, Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ адрей республикэхэми я гъуэгугъэлъагъуэхэр, «Родной ландшафт» тхылъ-сурэтылъэ телъыджэр абы щывгъуэтынущ. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: