«И НАНЭР ХУЭДЗ ЩАГЪЭДЫЩАСЭУ, ПСЫЖЬ ЩАГЪЭНЫСАУЭ БЕСЛЪЭНЕЙ УХУЭЗЭМЭ, АР ХЭТИ ЩРЕЩ, УЗЭРИКЪУЭШЫР ЗЫЩУМЫГЪЭГЪУПЩЭ…»

Адыгэбзэм щыщщ

(Беслъэней адыгэбзэм и псалъалъэ)

Беслъэней адыгэбзэм и псалъалъэ цIыкIуу нобэ теддзэм гукъэкIыж мащIэкIэ дыхуэкIуэмэ, тфIэигъуэт. Анкара къалэм дэтщ Лъэпкъхэм я музей гъэщIэгъуэн, Тырку щIыналъэм и щIыдэлъху лъэпкъыжь куэдым я щэнхабзэр щагъэлъагъуэу. 2009 гъэрщ абы япэу сыщыщIыхьар. Тыркум ит адыгэ хасэхэм я Хасащхьэм (KAFFED жыхуаIэм) абазэ-адыгэбзэхэмкIэ къызэригъэпэщауэ щыта бзэ курсым щхьэ къыхэхыпIэ димыIэу тхьэмахуищ хуэдизкIэ дыхэлэжьауэ, жьы Iурыхьэгъуэм и хьэтыркIэ си хэгъэрей щIалэм адыгэхэмрэ абазэхэмрэ ди унэкъуэщ хьэтхэм я щIэиныжьхэр уэзгъэлъагъунщ, жиIэри сишауэ щытат. ТхылъкIэ фIэкIа дымылъэгъуа пасэрей хьат мывэскъар къомыр тфIэгъэщIэгъуэну, дрикIукI-дыкърикIукIыу щызэпэтплъыхьу дыздыщIэтым, зыгуэр къызэрыдэплъакIуэм тIуми гу лъыттащ. ЛIыр ди ужь щимыкIыххэм, си хэгъэрейр абы нэкIуэпакIуэу бгъэдыхьэри еупщIащ зыщыщымкIэ, апхуэдизу къыщIыткIэлъыплъымкIэ. Зыбгъэдыхьа лIыри адыгэбзэ къабзэкIэ къэпсэлъащ: «ЕмыкIу сывмыщI, фи адыгэбзэм фи ужь сыкъригъэуващ, сыщытегушхуэ сывбгъэдыхьэнурат», жиIэри. ЗанщIэуи зыкъыдигъэцIыхуащ – Анкара къалэм и Iэгъуэблагъэм ит Бала жыхуаIэ щIыпIэм къызэрыщыхъуари, Чазокъуэхэ зэращыщри къыджиIащ.

Хъейри, арат лIым и цIэр, и адыгэбзэм гу зылъыуигъатэу дахэт, къабзэт, хэкуми зэрыщыжаIэу жытIэнщи, екIууи беслъэнеибзэт. ТIэкIу къыдэпсэлъылIэмэ зэригуапэр щыжиIэм, музейм дызэплъынум деплъри, дыкъыщIэкIыжри, зыщIыпIэ деж дыщетIысэхащ.

Хъейри цIыху гъэщIэгъуэну къыщIэкIащ. И адэшхуэм бгъэдэсати, езыми ныбжь хъарзынэ иIэти, иIуэтэжыни игъэхъыбарыжыни и гъунэжт. Анкара дапщэрэ дымыкIуами, дызэхуэзащ, дыбгъэдэсащ. Дунейм ехыжыным къэнэжа щымыIэу телефонкIэ къищIри, куэдрэ дызэпсэлъэжыгъат: «Сыпсалъэурэ си гукъэкIыжхэр зытрезгъэшэжа кассетхэр укъыщыкIуэ зыдумыщтэжу къыумыгъанэ», – жиIэри къысхуигъэбыдэгъат. Кассетэхэр, иужьым, и щIалэхэм къысIэрагъэхьэжауэ щытащ.

Хъейри къызэриIуэтэжамкIэ, Бала жыхуаIэ щIыпIэм и Iэнэгъунэм адыгэ къуажэ зыбжанэ щысащ, нэхъыбэр беслъэнейуэ. Хэкум икIагъащIэ тхьэмыщкIэхэм Тырку дыгъэмрэ жьы пщтырымрэ езэгъакъым, уз бзаджэ гуэр къахыхьэри, зэтриукIэу хуежьащ. Зэдытэджу IукIыжыну яхузэфIэкIакъым, зэныкъуэкъуи къахыхьэри, зырыз-тIурытIурэ унагъуэхэр IукуэшыкIыурэ, я лъэужь кIуэдащ, къэнар Бала щIыпIэм къинащ. А щIыпIэри Анкара къалэм зы хьэблэу щыхагъэхьэжми, зэбгрыкIыпащ, е, нэхъыбэр, тыркум яхэзэрыхьащ. ХэмыкIуэдэжу къэна къуажэ закъуэтIакъуэм ящыщщ Анкара километр тIощIкIэ нэхъ пэмыжыжьэу щыс, тыркубзэкIэ Çerkezhüyük (Черкезхююк) жыхуаIэ беслъэней къуажэр. Ар 1890 гъэхэм Хэкум икIауэ щытащ. Хъейри и адэшхуэм и псалъэу къиIуэтэжахэм къызэрыхэщамкIэ, ахэр Хуэдз дэкIауэ щытащ, КургъуокъуейкIэ зэджэ къуажэм кIэлъыкIуэу, абы щыпсэухэр ягъэблагъэу щытащ. Беслъэнейхэр щызэбгрыкIым, ар зигу къеуэ Хъейри и адэшхуэм жиIэгъауэ щытащ: «И нанэр Хуэдз щагъэдыщасэу, Псыжь щагъэнысамэ, ар хэти щрещ, узэрикъуэшыр зыщумыгъэгъупщэ». «Си гъащIэ Iыхьэр кIуащ, ар зытрижыIэкIар къызгурыIуэхункIэ. А щIыпIэхэрат Хэкужьу къилъытэри, абы щыщу адыгэбзэ зыIурылъ, жиIэу арат къригъэкIыр», – и адэшхуэм игу хуэузыжу жиIэрт Хъейри.

Нобэ къызэкIэлъытхь псалъэхэм я нэхъыбэр абы и адыгэбзэм щыщщ. Зэгуэр бзэщIэныгъэм беслъэней адыгэбзэм и гупэр хуигъазэмэ, мыкIуэдыжа Iэджэр абы и фIыщIэу зэрыщытынум шэч къытесхьэркъым.

Адзыжь – Тэджэн тIуащIэм узыщрихьэлIэ щIыпIэм и цIэщ.

Адзыжь тхьэлъэIупIэжьыр – Тэджэн псыхъуитIым узыщыхуэзэ щIыпIэм и цIэщ.

Адэ́ – уз Iей, жыхуэтIэращ.

АжэпIыжь – Лабащхьэ узыщрихьэлIэ щIыпIэм и цIэщ.

АнгъукIэ – гъукIэн щызыгъэтыжа, ауэ кIыщым щыпэщащэ, гъукIэгъэсэным еущие гъукIэжь.

Андзырэ – гъэужь, щIэрыщIэу къызэщIэрыуэжа удз.

Бэтэгъэ, бэтэгъэн – лъагапIэм тет быдапIэ.

Бдзэщыщ – бдзэжьей куэд зыхэс псыежэх.

Бдзэякъуэ – Уарпрэ Тэджэн цIыкIурэ я зэхуакум ит щIыпIэм и цIэщ.

Бзунэф – дзыгъуэнэф, жыхуэтIэращ.

Бынш – жиIами ищIами яхутемыкIыу инату зизыгъэнам апхуэдэу йоджэ. Къэбэрдейм «ищIэм зы вынш къикIыркъым» жаIэ, мыхьэнэ къызэримыкIыр къыхагъэщу. МыхьэнэкIи макъкIи зэтекIами, зэрызэлъапсэгъур нахуэщ.

Вэрыжь – Тэджэнышхуэ псыхъуэм щыIэ щIыпIэм и цIэщ.

Гуащэнжьэкъу – я задагъкIэ укъыхимыгъэзыхьу, гуащэрэ пэт щызекIуэфын хуэдизу щыт бгы-Iуащхьэхэм апхуэдэу йоджэ.

Губдзырэ – гулъытэншэ.

Гуэрэут – бжьэпэм укъеплъыхрэ псыежэхым ущыхуэплъэкIэ, псымрэ къуэкIийм дэт Iуащхьэмрэ я зэхуакум илъ щIы кIапэм аращ зэреджэр.

ГуэщIын – зы Iуэху хьэлъэ гуэрым пэлъэщын, зэфIэгъэкIын, жыхуиIэщ.

Гунабдзэ – гулъытэ зиIэ, набдзэгубдзаплъэ.

ГундэмыщI – адыгэпщ Къанокъуэхэ я жанхэр хэдыкIкIэ цIэрыIуэу щытащ. IэщIагъэ дахэу зэрахьэми унейуэ тхыпхъэ зэмыщхь куэд халъхьэу щытауэ ягъэхъыбарыж. Мыри тхыпхъэщIыпхъэ лIэужьыгъуэм и фIэщыгъэщ.

ЗэраIуатэмкIэ, Къанокъуэхэ я жанхэм яIэщIэлъа IэщIагъэращ «Бэчмырзейм я хъар» щIыжаIар. Хъыджэбзыр унагъуэ щихьэну пIалъэр ягъэнэхуамэ, илъэскIэ щысыжыныр хабзэу щыIащ. А илъэсым и кIуэцIкIэ абы зэрыдэкIуэну фащэр зыхуей хуигъазэрт – ибзырт, зэIуищэрт, идырт – кIэщIу жыпIэмэ, и псэ хилъхьэрт. Къэбэрдейм щызэрахьэ зы псэлъафэ, ноби щызэхэпхынущ «Бэчмырзейм я хъару» жаIэри. Щыгъыныр гурыхь ящыхъуамэ, апхуэдэу хуэубзэгуфIэрт. ДэкIуагъащIэ хъыджэбзыр унагъуэщIэм зэрыхыхьэ фащэм хэлъ тхыпхъэхэр гурыхь ящыхъуамэ, зэраIуатэ псалъэт ар. Къанокъуэхэ Хэкум щикIыжым, цIыху трамыгъаплъэу пхъуантэ ирашащ, жаIэ, тхыпхъэщIыпхъэм я бзыхьэхуэхэр илъу. ГъэщIэгъуэнращи, а пхъуантэм и гугъу Тыркум щызэхэтхыжыну къытхуихуащ.

ГундэпщIий – Къанокъуэхэ я тхыпхъэщIыпхъэ лIэужьыгъуэм зэреджэ фIэщыгъэщ.

Гундэпщатэ – Къанокъуэхэ я тхыпхъэщIыпхъэ лIэужьыгъуэм зэреджэ фIэщыгъэщ.

Гундэрэф – Къанокъуэхэ я тхыпхъэщIыпхъэ лIэужьыгъуэм зэреджэ фIэщыгъэщ.

Гундэхъий – Къанокъуэхэ я тхыпхъэщIыпхъэ лIэужьыгъуэм зэреджэ фIэщыгъэщ.

Гундэхъур – Къанокъуэхэ я тхыпхъэщIыпхъэ лIэужьыгъуэм зэреджэ фIэщыгъэщ.

Гурымытхъэ – зыщыгуфIыкI щымыIэу цIыху зэкIуэцIылъым щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ

Гъэущэ – гъэсэпэтхыдэ лIэужьыгъуэщ, ауэ псалъитI-щыкIэ къэIуэтауэ. Тэркъанхэ я гуащэм зэрыкъуажэу егъэущэ, жаIэ.

Гъуармэ: пшынэ гъуармэ – жыжьэ къиIукI пшынэ макъ.

Жан щIыпхъэ – жанхэм, жангуащэхэм я тхыпхъэщIыпхъэхэр къызэрацIыхуу щыта нэщэнэм зэреджэр аращ.

Дэбарэуз: дэбарэуз къеузын – мэкъуауэгъуэ хъуамэ, е нэгъуэщI Iуэху къыкъуэкIамэ, Iуэхум зыщIригъэхыну хущIэкъуу сымаджэ нэпцI зызыщIым апхуэдэу хужаIэ.

Дэжыг – дэкIэ ябла жыг къудамэ.

Дэзэрыхъэ – жыг къудамэр дэкIэ зэраблэ Iэмал лIэужьыгъуэщ.

Дэзэхэблэ – жыг къудамэр дэкIэ зэраблэ Iэмал лIэужьыгъуэщ.

Дзэлтауч – къэкIыгъэм и цIэщ, зи лIэужьыгъуэр тхузэхэхуакъым.

Дзэлтаучыкъуэ – щIыпIэцIэщ, иджырей Багъхьэблэм пэжыжьэкъым.

Дзэлтэучыкъуэ тIуащIэ – щIыпIэцIэщ, иджырей Багъхьэблэм пэжыжьэкъым.

Жьгъыр – къурш дзакIэ.

Зэгъалъэ – бостей.

Зэлэн – зэгурыIуэн.

КIыжьмыжь – жьы хъуа щыгъыныгъуэ, щэкIыпхъэжь, хъыданыжь.

Къащ – удзым и цIэщ, «шэмэджщхьэрыпхъуэ» жыхуэтIэращ.

КъызэфIэмынэжу Iуэху щIэн – щхьэкъэIэт имыIэу лэжьэн, жыхуиIэщ.

КъурIэн теджэн – къэбэрдей адыгэхэм «КъурIэн хуеджэн» жыхуаIэращ.

Къуэду – къурш тхыцIэм хэкIуэдэжу кIуэцIрыкI къуэ кIыхьым, къуэнэфым апхуэдэу йоджэ.

Кхъуарп – Iэгъэбэгу. «Хъуап» псалъэм къытекIагъэнкIэ хъунущ, абазэбзэм Iэгъэбэгур зэрыщацIыхур «кхъуарп» жиIэущ, апхуэдэуи адыгэбзэм къигъэзэжащ. «Хъуапыкъуэ», «Хъуапыкъуэжьей» щIыпIэцIэхэр Тэджэн тIуащIэм щыIэщ.

Кхъуб-цIыбыжь – цIыху зэкIэлъымыкIуэ.

Латэ – арейкIэм щхьэкIэ аращ жаIэр.

ЛъэIув – иныщэ, ин дыдэ.

ЛъэIужьэ – цIыкIу, лъахъшэ.

МэкIыгъуэ – гъэмахуэ шылэм ехъулIэу гъуатIафэ къыщIыхьэу къэкI удз лIэужьыгъуэщ. Iэщым ирагъэшх удз хущхъуэу зэрахьэ. И урысыбзэр къытхуэгъуэтакъым.

МэкIырэ – псы Iуфэм уэру къыIукIэ псыудз зэмылIэужьыгъуэ псори къызэщIрагъэубыдэу аращ жаIэр беслъэней адыгэхэм.

МэлмытI – Уарпрэ Тэджэн цIыкIурэ я зэхуакум ит щIыпIэм и цIэщ.

Нащэмамэ – хъэуан лIэужьыгъуэщ.

НащэпIастэ – хъэуан лIэужьыгъуэщ.

Нащэфо – хъэуан лIэужьыгъуэщ.

Нэшу – къоплъу умыщIэну, ауэ и хъуреягъкIэ къыщыхъум щыщу зы блэмыкIыу зылъагъум апхуэдэу йоджэ.

Ныджэбэкъу I – ныджэр псы къытелъэдам тIууэ щызэпхритхъкIэ, диха къуэ бэкъу лъэужьым апхуэдэу йоджэ.

Ныджэбэкъу II – Тэджэн тIуащIэ щыIэ щIыпIэм и цIэщ.

Псыбгъундж // псыбгъунж – псэущхьэ щIагъуэ къызыхэмылъагъуэ псы е псыежэхым щыщ зы щIыпIэ.

Псыгъу – щIымахуэм ушкIуэрашкIуэу ежэхыу, гъэмахуэм игъущыкIыж псыежэх цIыкIум беслъэней адыгэхэр аращ зэреджэр.

Пхалъэ – гъуэншэдж, жыхуэтIэращ.

ПIавэ I – ади ани ящхьэщымытыжу зеиншэу къэнахэм я щхьэ ирапIыжынщ, жаIэу къуажэ унафэкIэ хухах щIы Iыхьэм аращ зэреджэр.

ПIавэ II – зеиншэхэм я щIы Iыхьэр зывэ вакIуэхэми аращ зэреджэр.

Там я псысэр Iуэтэн – и Iуэхур дигъэкIын щхьэкIэ, къихь щхьэусыгъуэр игъэщIэращIэурэ хъыбар пызылъхьэм хужаIэ. Беслъэнейхэмрэ тамхэмрэ зэхэсащ, зэгъунэгъуащ. Далъэгъуа щэным теIукIа псалъэщ. Тамхэр пцIы упсынкIэ Iэзэт, жаIэж. Лабэ тIуащIэ къыдэна гъуэгурыкIуэхэр лэгъупэжь лъыхъуэмэ, Там лэгъупэжь зытес пщыIэ, жаIэурэ лъыхъуэрт. И пцIыр зылъэмыIэсыну зэштегъэу лъыхъуэр Там лэгъупэжьым щIэупщIэрт, и нэгу зригъэужьын, зигъэпсэхун щхьэкIэ. Сэмэркъэу псалъэщ. Ноби бзэм щызокIуэ.

Таудж – зы Iуэхум къытригъэзэж зэпыту, ауэ и кIэм нэс зэхихыну Iэмал хуэзымыгъуэт. «Мыр хъункъым, мыр а Iуэхум и зэфIэхынкIэ и насып хэлъкъыми, къыпэрыфш», жаIэу, псалъэм хэлъ жыIэгъуэщ.

Тэкурэку – Iэнэгъунэ, Iэгъуэблагъэ, Iэхэлъахэ, жыхуиIэщ.

Тегуагуэ – мыхъурым ещхь Iэмэпсымэ, пресс-папье.

Тефалэ – IэхъуэгъуэтегъэкI, щхьэтегъэцIэфту, жыхуиIэщ.

ТхылъымпIэпсыпс – тхылъымпIэ пIащIэ дыдэ.

ТIамбыр – щIыпIэцIэщ, ТэджэныкъуитIым я зэхуакум итщ.

ТIыхъукъуэ – Уарпрэ Тэджэн цIыкIурэ я зэхуакум ит щIыпIэм и цIэщ.

Убэрэпщын I – къэпщын, зыкъиIэтын, къэшэрыбын.

Убэрэпщын II – къэбэгын.

Хуапхъэ – Iуданэу зэIуащэ цы пхъашэ.

ХуаркIэ – Iуданэу зэIуащэ цы щабэ псыгъуабзэ.

Хьэбжьэхъун: сыкъихьэбжьэхъуащ – къэгъэщIэхъун, жыхуиIэщ.

Хьэбэн [хьэбэныр маджэ] – и мыхьэнэр тхузэхэхакъым.

ХьэкIыртIэ – щIыгулъ жа, зэхэжыхьа.

ХьэкIэмауэу – бауэбапщэу, жыхуиIэщ.

ХьэкIэрапкIэу: хьэкIэрапкIэу зыхэIун – нэхъыжьыIуэхэр щызэпсалъэкIэ, зыхуейр зыIэригъэхьэну абыхэм я псалъэм зыкъыдэзыIу нанум щхьэкIэ хьэкIэрапкIэу зыкъыхеIу, жаIэ.

ХьэкIэтIий: хьэкIэтIийуэ зэхэлъын – къабзагъэ зыщIэмылъ, и пIэм зыри имылъу зэхэтхъуа, жыхуиIэщ.

Хьэпапщэу: хьэпапщэу къэсын – бауэбапщэу къэсын, жыхуиIэщ.

Хьэудз – псым къыщыкI псыудз лIэужьыгъуэщ, псыгъуэ кIыхьу мэкI, шыудзым ещхьыфэщ. И урысыбзэр къытхуэгъуэтакъым.

Хьэхъуей – хьэбжэж, жыхуэтIэращ.

Хьэцкъэ – мывэм къыгуэуда дзакIэ.

Хьэшу – IуэхутхьэбзащIэ щIалэ цIыкIу.

Хъэрарэ – беслъэней лIакъуэлIэш Куогъуокъуэхэ тхыпхъэщIыпхъэ лIэужьыгъуэм зэреджэр аращ.

Хъэрауэ – беслъэней лIакъуэлIэш Куогъуокъуэхэ Iэщхьэтхьэмпэм халъхьэ тхыпхъэщIыпхъэ лIэужьыгъуэм зэреджэр аращ.

Хъэращэ – беслъэней лIакъуэлIэш Куогъуокъуэхэ хъыджэбз пыIэм халъхьэ тхыпхъэщIыпхъэ лIэужьыгъуэм зэреджэр аращ.

Хъэщагу – беслъэней лIакъуэлIэш Куогъуокъуэхэ цIыхубз фащэм и гъунэм къыдекIуэкI Iудэм халъхьэ тхыпхъэщIыпхъэ лIэужьыгъуэм зэреджэр аращ.

ЦIымбын – кIэн джэгум щыщ зы Iуэхугъуэщ; кIэныр щадзкIэ и кумбыгъэр и щIыIу къыдэгъэзеяуэ къэувмэ, кIэныр цIымбауэ аращ зэрыжаIэр.

ЧIэдыгу – хьэблэ, жыхуэтIэращ. Хьэжрэт къэбэрдейхэм «щIэдыгу» жаIэ.

ЩIыбдзэ – тхыпхъэщIыпхъэ лIэужьыгъуэм зэреджэ фIэщыгъэщ.

Шыпсылъ[э] кхъуей – кхъуей хэхыкIэ лIэужьыгъуэщ.

ЩIанкIэ – кIэкъинэ, жыхуиIэщ.

ЩIыгъагъ – тхыпхъэщIыпхъэ лIэужьыгъуэм зэреджэ фIэщыгъэщ.

ЩIыпхъэ лэныстэ – тхыпхъэщIыпхъэ бзыпхъэхэр къызэрыхах Iэмэпсымэщ.

IэгуфэнэщI – IэнэщI, зыри зыIэщIэмылъ.

Iубдзэ – IункIыбзэм иIэ лэдэх цIыкIухэм апхуэдэу йоджэ.

 

Тхыгъэри сурэтхэри зейр ТАБЫЩ Муратщ, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.
Поделиться:

Читать также: