Къэралым и блогер цIэрыIуэхэр КъБР-м щохьэщIэ

«TikTok»-мрэ РосТуризмэмрэ  накъыгъэ мазэм къыхалъхьэу ирагъэкIуэкIа «Урысейр егъэцIыху» зэпеуэм нэхъыфIу къыщалъытахэр  гъэфIэжыпщIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым тхьэмахуэкIэ щагъэхьэщIащ.
Зэпеуэм ипкъ иткIэ #ПокажиРоссию хэштэгым щIэту   блогерхэм видео кIэщIхэр трахыурэ я напэкIуэцIхэм къралъхьащ.  Iуэхум и жэрдэмщIакIуэхэм я мурадыр къайхъулIауэ къэплъытэ хъунущ.   Блогерхэм  ди къэралым и щIыпIэ дахэ куэд  мазищым къриубыдэу ягъэлъэгъуам и мызакъуэу, абы щызекIуэ хабзэхэмрэ щыIэкIэ-псэукIэмрэ хэIущIыIу ящIащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, къэралым ис лъэпкъхэм нэхъыфIу зэрыцIыхуну Iэмал ягъуэтащ.

Зэпеуэм  нэхъ жыджэру хэта, зи видео  нэхъыбэ еплъа блогер 40  иджыблагъэ КъБР-м кърагъэблагъэри,  тхьэмахуэкIэ щагъэхьэщIащ, республикэм и щIыпIэ дахэхэм зыщрагъэплъыхьащ.  А Iуэхур къызэгъэпэща хъуащ  туризмэм зегъэужьынымкIэ «Горная Россия»  IуэхущIапIэмрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ я фIыгъэкIэ.
Я нэм илъагъум нэхърэ я камерэм трихыр  нэхъыбэу  щIыналъэм  щыIа блогерхэм сурэтрэ видео кIэщIу  Интернетым иралъхьам  я бжыгъэмрэ  ахэр  зытеухуахэмрэ  куэд дыдэ мэхъу. Ауэ, нэхъыщхьэращи,     Къэбэрдей-Балъкъэрыр зымыцIыху, ди щIыналъэм и  щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэр зымылъэгъуа куэд абыхэм еплъащ    икIи телъыджэ ящыхъуащ.  Ар къыхощ видеохэм  кIэщIатхэ псалъэ  гуапэхэм. Дыщогугъ а Iуэхур ди щIыналъэм  туризмэм зыщегъэужьыным   хуэщхьэпэну!

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: