Бард уэрэдхэр ягъэзащIэ

 СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм шыщхьэуIум и 19-м щекIуэкIащ бард уэрэдхэр зыгъэзащIэхэм я концерт. Ар къызэригъэпэщащ музейм и лэжьакIуэ Подвэ Александр.

- Куэд щIауэ си мурадт апхуэдэ пшыхь къызэзгъэпэщыну. Саратов щыпсэу бард цIэрыIуэхэу Кузнецовхэ Константинрэ Натальерэ япхъу Аннэ я гъусэу Налшык къызэрыкIуар музейм и унафэщI Ремхен Еленэ щыжесIэм, илъэс зыбжанэ хъуауэ сызыщIэхъуэпс пшыхьыр къыдэхъулIащ, - жиIащ Подвэ Александр. 
Къалэдэсхэр зэхуэзышэса концертыр ягъэдэхащ Ставрополь щыщ бард цIэрыIуэ Митрофаненкэ Валерэрэ Сочэ щыпсэу, «Родник» клубым хэт Крапивин Георгийрэ. Абыхэм ягъэзэщIащ Окуджавэ Булат, Кочетков Михаил, Мирзаян Александр, Коган Яков сымэ ягъэзащIэу щыта совет, урыс бард классикэ макъамэхэр. 
- Налшык пасэм щIэупщIэ щызиIа бард уэрэдхэм «къезгъэгъэзэжыну» си хъуэпсапIэщ зэрыхъукIэ, ахэр усэфIщ икIи макъамэ дахи ящIэлъщ. - жеIэ Подвэ Александр. – Къалэдэс куэдым а унэтIыныгъэр фIыуэ ялъагъу.
Ремхен Еленэ къыхигъэщащ гъуазджэмрэ макъамэмрэ дихьэххэм я дежкIэ музейм и пэшхэр сыт щыгъуи зэрызэIуихар гъуазджэ, щэнхабзэ зэхыхьэ гуапэхэр, гъэщIэгъуэнхэр къызэгъэпэщыным теухуауэ. Пшыхь гуапэм кърихьэлIахэм къыхагъэщащ сурэтыщI Мамоновэ Светланэ и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа скульптурэхэм, сурэтхэм, макъамэм зэрыдахьэхар, классикэ, эстрадэ уэрэдхэм къадэкIуэу бард уэрэдхэр щIэщыгъуэ зэращыхъуар. 
 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: