Сабий 260-м зрагъэгъэпсэхуащ

Тэрч къалэ дэт «Налмэс» сабий зыгъэпсэхупIэм и гъэмахуэ лэжьэгъуэр и кIэм нэблагъэри, пшыхь дахэкIэ зэхуащIыжащ.

 Илъэси 7-м щегъэжьауэ 15-м ит ныбжьыщIэ 260-м мы гъэм зыщагъэпсэхуащ а щIыпIэм. ГъэщIэгъуэнрэ нэгузыужьу екIуэкIащ абы щагъэкIуа зэманыр.
КъызэгъэпэщакIуэхэр хущIэкъуащ махуэ къэс щIэщыгъуагъкIэ зэрагъэнщIыным. Я акъыл жанагъкIэ, щIэныгъэкIэ, спорт джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ, IэпэIэсагъкIэ зэпрагъэуащ лагерым щыIэхэр. Нэхъыщхьэращи, а джэгукIэ псори хуэунэтIат ныбжьыщIэхэм яку зэныбжьэгъугъэ дэлъхьэным, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ етыным, щIэ гуэр къегъэщIэным. 
КъызэгъэпэщакIуэхэм я мурадыр къазэрехъулIам и щыхьэтщ махуэ бжыгъэкIэ дахэу зэхэта ныбжьыщIэхэм зэбгрыкIыжыныр къазэрытехьэлъар. Иужьрей пщыхьэщхьэр кIэлъыгъэхуабэ зыхуащIыжа щIэблэм къаджэгуамрэ я нэгу зэрызиужьамрэ ялъэгъуа псоми я гуIэфIтещIэжт.
 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: