«ХъыбарыфIхэм» щекIуэкIыну бэрэжьей уэршэрхэм ятеухуауэДи зэманым и нэщэнэфIхэм ящыщщ иджыри къэс къалэшхуэхэм щыпсэуа щIалэгъуалэм Хэкум лъапсэ щаухуэжыныр нэхъ кърагъэзэгъыу зэрыхъуар. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэуи ягъэувыр къащIэхъуэ щIэблэм адыгэбзэ зэрамыщIэрщ. Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэм и щапхъэфI хъуащ Къэбэрдей уэрамым тет «ХъыбарыфIхэр» («Good stories») зи фIэщыгъэ тхылъ тыкуэным и къызэгъэпэщакIуэ Хъурей Санэ и унагъуэри. КъызэрыщIэкIымкIэ, щыри зым хэту жыхуаIэм ещхьу, тхылъ тыкуэнри, библиотекэри, кофе ефапIэри щызэхэту Санэ игъэлажьэ «ХъыбарыфIхэм» иджы адыгэбзэкIэ хьэщIэщ уэршэрхэр щрагъэкIуэкIыну клуб къыщызэIуах. И мурадыр къехъулIэнымкIэ Санэ акъылэгъу къыхуэхъуащ журналист, университет егъэджакIуэ Битокъу Маринэрэ пшыхьхэр езыгъэкIуэкI Балъкъэр Астемыррэ.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2024 - 17:44 →
ЩIэблэ къабзэ къытщIохъуэ
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
10.04.2024 - 11:00 →
Дисанэ и ехъулIэныгъэ
|