ЩIым и бзэ лъахэбзэ

«ЩIыпIэцIэхэр фэеплъщ ахэр къыщызэтена щIыналъэхэр зи хэщIапIэу щыта лъэпкъхэм я дежкIэ», - щитхыгъащ географие щIэныгъэхэм я доктор Мурзаев Эдуард «Географие в названиях» и тхылъ купщIафIэм и напэкIуэцIхэм ящыщ зым.

Хы ФыцIэм КавказымкIэ гъэза и псыIум егъэщIылIа Сочэ къалэм и Iэхэлъахэм ноби къыщагъэсэбэп щIыпIэцIэхэр къызэрыунэхуа щIыкIэр зэхэзыгъэкIыну яужь ихьэм а щIыналъэм нэхъапэм щыпсэуа лъэпкъхэм я бзэхэм я IукIэри, я зэхэлъыкIэри тегъэщIапIэ ищIыпхъэщ. Сыту жыпIэмэ, а Iэгъуэблагъэм ноби къыщагъэсэбэп щIыпIэцIэхэм куэду яхэтщ а лъахэм щыIуа убыхыбзэм, садзхэм (абазэ лъэпкъщ) я бзэм, нэгъуэщIхэми я псалъэпкъ щхьэхуэхэр, уеблэмэ лъабжьитI-щы зиIэхэр. 
АтIэми, ди япэ псэуа щIэныгъэлIхэм, еджагъэшхуэхэм къызэранэкIа я тхыгъэхэр «къызэрытхуэупсэм» нэхърэ нэхъыбэжкIэ топонимикэ щIэныгъэу «ЩIым и бзэ»-кIэ зэджэр къыщыдэти къохъу. Абы зыри пхупылъхьэнукъым, пцIы ебгъэупсыну яужь уихьэми жыжьэ унигъэсынукъым. 
Зэлъэбжьэгъухэр щызэгъунэгъуам
Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, хы ФIыцIэм и ипщэ-къуэкIыпIэ псыIум адыгэхэр, абазэхэр, убыххэр илъэсищэ бжыгъэкIэ щызэдыIусыгъащ. Абы къыхэкIащ зым и бзэр адрейм зэригъащIэу зэрызэдекIуэкIари, я псэлъэкIэхэм хэт языныкъуэ жыIэгъуэхэр гъунэгъу лъэпкъхэм къызэращтари, лъабжьэ зэхуэмыдэхэр щIыпIэцIэхэм зэрыщызэхэувари. 
Дызэрыщыгъуазэщи, Урыс - Кавказ зауэм и кIэуххэм убыххэмрэ (аптIэхъуэхэр) абыхэм я гъунэгъуу псэуа «садз», «жыджэт» («садзы», «джигеты») абазэ лIакъуэхэмрэ къанэ щIагъуэ щымыIэу Тыркум Iэпхъуауэ щытащ. АтIэми, бзэ щIэныгъэлIхэм ящыщ куэдым зэрытрагъэчыныхьымкIэ, Сочэ и Iэхэлъахэм щежэх псыхэми ахэр зи лъабжьэ щIэж лъагапIэхэми ноби зэрахьэ фIэщыгъэхэм я нэхъыбэр а тIум - убыххэмрэ садзхэмрэ - я бзэхэм къатехъукIащ. АбыкIэ тегъэщIапIэщ урыс пащтыхь дзэзешэхэм хуэлажьэу, Кавказым щэхууи нахуэуи къыщызыкIухьа урысей тIасхъэщIэххэу Торнау Фёдор, Новицкий Георгий, Люлье Леонтий сымэ, къинэмыщIхэми бгырысхэм я щIыналъэм и зэхэлъыкIэр къэзыIуатэу, зауэ хуэIухуэщIэу зэхагъэувауэ щыта картэхэри, Инджылыз, Франджы къэралыгъуэхэм, нэгъуэщIхэми къикIыу, адыгэ-убых-абазэ щIыналъэм зыщызыплъыхьа, уеблэмэ зэман гуэркIи щыпсэугъа Дюбуа де Монпере, Белл Джеймс, Лапинский Теофил сымэ, адрейхэми къызэранэкIа тхыгъэхэри. Ахэр ди зэманми сэбэпышхуэ щыхъу щыIэщ, зи гугъу тщIы щIыпIэцIэхэм къарыкIыр зэхэгъэкIынымкIэ. 
«Курыт лIэщIыгъуэхэм я пэщIэдзэм къыщегъэжьауэ Урыс-Кавказ зауэр иухыху, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм ипщэ-къухьэпIэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм, нэхъ пыухыкIауэ къэдгъэлъагъуэмэ, Хостэрэ Шахэрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм а лъэхъэнэм исыгъар убыхыбзэкIэ псалъэу щыта лIакъуэхэрщ, - дыкъыщоджэ щIэныгъэлI, лъахэхутэ цIэрыIуэ Ворошилов Владимир «Топонимы Российского Черноморья. История и этнография в географических названиях» и тхылъ гъуэзэджэу 2007 гъэм Мейкъуапэ къыщыдигъэкIам. – Аращ, убыхыбзэм щыщу дызыщыгъуазэу къытхуэна псалъэхэр, адыгэбзэмрэ абазэбзэмрэ хэтхэм фIыуэ къащхьэщыкIхэр, къэдмыгъэсэбэпауэ, зи гугъу тщIы щIыгур ноби зыгъэдахэ щIыпIэцIэхэм я нэхъыбэм я къэунэхукIэр щIытхузэхэмыгъэкIынур…». 
Ворошиловым и Iуэху еплъыкIэр «щIэзыгъэбыдэхэм» ящыщщ мыри: языныкъуэ бзэ щIэныгъэлIхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, убыххэм я псэлъэкIэр, ахэр иджыри Кавказым щиса иужьрей лъэхъэнэм, адыгэ, абхъаз, абазэ бзэхэм фIыуэ къащхьэщыкIат, IукIэ щхьэхуи иIэ хъуат. 
Дызэрыт лъэхъэнэмкIэ къедгъэзэкIыжынщи, щIыпIэцIэхэм «захэзыудыгъуа» псалъэпкъхэм ящыщу, адыгэ, абхъаз бзэхэм къахэкIахэр къахэцIыхукIыныр куэдкIэ нэхъ тыншщ, а тIум я бзэхэм фIыуэ хэзыщIыкIхэм ноби дазэрырихьэлIэм и фIыгъэкIэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, убыхыбзэм къыхэкIа пычыгъуэхэм я Iуэху зыIутыр нэгъуэщIщ, абыхэм къарыкIыр, къыщыунэхуам яIа теплъэр зыхуэдар къыдгурызыгъэIуэфыну щыта цIыхухэр гъуэтыгъуей дыдэ зэрыхъуам къыхэкIыу. А щхьэусыгъуэри ящыщщ бзитI-бзищым къыхэжэпхъыкIа псалъэпкъхэр лъабжьэ зыхуэхъуа, щызэщIэува щIыпIэцIэхэм я «лъащIэм» хуиту ущIэзымыгъаплъэхэм. 
Сочэ и Iэхэлъахэм ноби къыщагъэсэбэп фIэщыгъэхэм къыпхуэмыцIыхужын теплъэ зыгъуэта куэд щIахэтым нэгъуэщI зы щхьэусыгъуи иIэщ: Урыс-Кавказ зауэм иужькIэ ахэр къыщратхэкIыжым, урыс дзэ топографхэм ящыщу адыгэ-убых-абазэ жыIэкIэр урысыбзэм къизыгъэтIэсэну яужь ихьахэм абыкIэ зэупщIыну ягъуэтыжар я лъахэм лъэщыгъэкIэ къафIинауэ щыта шапсыгъ-хьэкIув мащIэ тIэкIум ящыщхэрщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зызыхуагъэзахэм щIыпIэцIэхэм я нэхъыбапIэр къызэрапсэлъар яIурылъ бзэм (адыгэбзэм и шапсыгъ-хьэкIув диалектым) къазэрыхуигъэтIэсам хуэдэущ… 
Ди тхыгъэм и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэм убых фIэщыгъэу ялъытэхэм я гугъу щытщIынщ.
 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: