Спортым и мастер хъуащ![]() УФ-м ДзюдомкIэ и федерацэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Екатеринбург къалэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ «А» классым хыхьэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. «ДзюдомкIэ уардэунэ» спорт комплексым махуитIкIэ щызэхэта зэIущIэр Совет Союзым и ЛIыхъужь, тIасхьэщIэх цIэрыIуэ Кузнецов Николай и фэеплъу щытащ икIи абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэ 24-м я бэнакIуэу 250-м нэблагъэ. Зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщагъэлъагъуэри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и дзюдоистхэм медалищ абы къыщахьащ. Килограмми 100 зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ Быф Идар. Нэгъуей Темыррэ (кг 60) Къуныжь Тамерланрэ (кг 81-рэ) домбеякъ медалхэр къахьащ. Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм Урысейм спортымкIэ и мастер цIэ лъапIэр къыфIащащ икIи Iэмал ягъуэтащ УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ щIалэгъуалэм ирагъэкIуэкIыну зэхьэзэхуэм хэтыну, къыщыхагъэщащ федерацэм и пресс-IуэхущIапIэм.
Поделиться:
Читать также:
23.08.2026 - 14:40 →
Зэдэхьыгъуейщ кубокри зэпеуэри
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
| ||





