Дыдейхэрщ нэхъыфIыр«Russian Cup» фIэщыгъэр зэрихьэу Анапэ къалэм футболымкIэ иджыблагъэ щызэхаша урысейпсо зэхьэзэхуэм Бахъсэн къалэм и «Форвард» командэм и гъэсэнхэм зэфIэкIыфIхэр къыщагъэлъэгъуащ. 2012 - 2013 гъэхэм къалъхуахэм щхьэхуэу ирагъэкIуэкIа зэпеуэхэм япэ увыпIитIыр абыхэм къыщахьащ. Абы нэмыщI, саугъэт щхьэхуэхэмкIэ ягъэпажащ илъэс 11 - 12 зи ныбжьхэм я зэхьэзэхуэм гъуащхьэхъумэ ныхъыфIу къыщалъыта Къуэдзокъуэ Азрэтрэ топджэгу нэхъыфIу къыхаха Джэдгъэф Резиуанрэ. Апхуэдэуи, илъэси 10 - 11 зи ныбжьхэм я деж гъуащхьауэ нэхъыфI щыхъуащ Гугу Мухьэмэд, топджэгу нэхъыфIыр Къардэн Амырхъанщ. Бахъсэн къалэм и «Форвард» топджэгу командэр зыгъасэ Къардэн Темырлан зэхьэзэхуэм и тренер нэхъыфIу къалъытащ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
17.04.2024 - 12:56 →
Къапэлъэщын къахэкIакъым
|